Лэжьыгъэ нэрылъагъухэр

Аруан районым щыIэ Мэкъумэш-промышленнэ колледжым и общежитыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ «Профессионалитет» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Илъэс 20-м щIигъуащ апхуэдэ лэжьыгъэхэр абы зэрыщрамыгъэкIуэкIрэ. Иджы общежитым теплъэ дахэ иратащ, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщ хъуащ.

Студенту 180-м хуэщIа а ухуэныгъэм и унащхьэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIащ, пэшхэмрэ пырхъуэхэмрэ Iэхуитлъэхуит ящIащ, зыгъэпсэхупIэ плIанэпэхэр къыщызэрагъэпэщащ.

Къыхэдгъэщынщи, Мэкъумэш-промышленнэ колледжымрэ Налшык къалэм дэт Гуманитар-техникэ колледжымрэ зэгъусэу абыхэм щрагъэкIуэкIа зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм сом мелуан 220-м щIигъу трагъэкIуэдащ. КъищынэмыщIауэ, «Профессионалитет» программэм и фIыгъэкIэ иджырей лъэщапIэхэр еджапIэхэм къыщызэрагъэпэщащ, инфраструктурэр щрагъэфIэкIуащ, студентхэр абыхэм зэрыщеджэну илъэс бжыгъэр ягъэмэщIащ.

Мыдрейуэ, «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ», «Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэхэм япкъ иткIэ Тэрч къалэм и школ №4-мрэ сабий садымрэ, Тамбовскэ, Новая Балкарие къуажэхэм я курыт еджапIэхэр къагъэщIэрэщIэжынущ дызэрыт илъэсым.

Лэжьыгъэхэм иджыпсту щоужьэрэкI Тэрч къалэм и курыт еджапIэм: пщэфIапIэм, актовэ залым, школымрэ сабий садымрэ зэпызыщIэ пырхъуэм я унащхьэхэр зэрахъуэкI, щIыунэр къращIыкI. ИужькIэ, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIынущ, еджапIэ пэшхэр зыхуей хуагъэзэнущ.

Апхуэдэуи, Лэскэн районым и Хьэтуей къуажэм и лъэс лъагъуэхэр зэIузэпэщ ящIын щIадзащ мы махуэхэм. «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIыну щIыпIэм метр 230-рэ и кIыхьагъщ. Лъэс лъагъуэхэр къуажэ гъуэгубгъум и лъэныкъуитIымкIи ирокIуэ Мамырыгъэм и щIыхькIэ щыIэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Нало Ахъмэдхъан и цIэр зезыхьэ уэрамым нэсыху. Абыхэм зэпащIэнущ жыг хадэ цIыкIумрэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэмрэ.

Иджыпсту лэжьакIуэхэм лъэс лъагъуэм и лъабжьэр ягъэбыдэ, плиткэхэр иралъхьэ. ИужькIэ иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, тетIысхьэпIэхэр, кIэрыхубжьэрыху идзапIэхэр щагъэувынущ, къэкIыгъэ щхъуантIэхэр щагъэтIысынущ.

Тырныауз къалэм и «Геолог» спорт комплексым деж къыщыщIэдзауэ лицей №1-м нэсыху я зэхуакум дэлъ лъэс лъагъуэми апхуэдэ лэжьыгъэхэм щыщIадзэнущ. ИнтернеткIэ IэIэт ирагъэкIуэкIам къалэдэсхэм къагъэлъэгъуат цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэу зэIузэпэщ ящIынухэм ящыщу ар япэ игъэщыпхъэу.

ПэхуэщIэр хуэунэтIащ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымрэ абыхэм я тыншыпIэр къызэгъэпэщынымрэ икIи лэжьыгъэхэм пэрыхьэнущ дызыхуэкIуэ махуэхэм, дызэрыт илъэсым и кIэхэми зэфIагъэкIын гугъэ щыIэщ, щыжаIащ Тырныауз къалэ администрацэм.

Шэрэдж щIыналъэм и Джэрпэджэж къуажэм и курыт еджапIэри, абы къепха сабий садри хэту, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. Жылэм дэт мы школ закъуэм еджакIуэу 160-рэ йокIуалIэ икIи илъэс 40-м щIигъуауэ лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIакъым. Иджы, апхуэдэ Iэмал къахукъуэкIащ «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Егъэджэныгъэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ.

ЛэжьакIуэхэм жьы хъуа бжэ-щхьэгъубжэхэр къыхах, лъэгужьхэр къратхъ, къызэрагъэплъ батареехэр къыфIах, блынджабэхэр къагъэкъабзэ, абыхэм къадэкIуэу, ток кIапсэщIэхэр щашэщI. ИужькIэ, унащхьэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIынущ, пэшхэр къращIыкIынущ, IуплъапIэри зыхуей хуагъэзэнущ.

Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и Бедык къуажэм псы къабзэ зэрыкIуэ и бжьамийхэр щызэрахъуэкI. Псори зэхэту абыхэм километри 3,5-рэ я кIыхьагъ хъунущ. ПэхуэщIэр ягъэзащIэ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» щIыналъэ программэм ипкъ иткIэ икIи жьы хъуа бжьамийхэр иджырей материалхэм къыхэщIыкIахэмкIэ зэрахъуэкIынущ. Абы иужькIэ, къуажэм дэс цIыху 500-м щIигъум псы къабзэ зэпымыууэ яIэрыхьэнущ.

«Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэм зыщегъэужьын» щIыналъэ программэм ипкъ иткIэ Май къалэм и курыт еджапIэ №5-м епхауэ лажьэ «Улыбка» сабий садыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж иджыпсту. НобэкIэ бжэ-щхьэгъубжэхэр зэрахъуэкIащ, пэшхэр Iэхуитлъэхуит ящIащ. Иджыпсту ахэр къращIыкI, унащхьэр, инженер коммуникацэхэр яхъуэж. Сабий садыр цIыкIуи 180-м хуэщIащ икIи метр зэгъузэнатIэу мин 1,4-рэ иIыгъщ. Лэжьыгъэхэр мы гъэм и бжьыхьэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ.

«Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Шэрэдж щIыналъэм и Жэмтхьэлэ Ипщэ, Жэмтхьэлэ, Джэрпэджэж жылэхэм цIыхухэр куэду щызэхуэс я щIыпIэхэр зэIузэпэщ ящIащ нэгъабэ. Мы гъэм апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ Бабугент къуажэми. Абы зыхуей щыхуагъэзащ МФЦ-м и хэщIапIэм къедза, теплъаджэу щыта щIыпIэр.

БОЛЭТ Джэрий.
Поделиться: