ТекIуэныгъэм и махуэр къоблагъэ, абы пыщIа Iуэхугъуэхэри щIагъэхуабжьэ, фэеплъ щIыпIэхэр къагъэщIэрэщIэж. Шэрэдж щIыналъэм илъэс 81-рэ ипэкIэ щекIуэкIа лъыгъажэ зауэхэм зи щхьэ хэзылъхьа щIалэхэм я фэеплъхэри мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.
Къэщкъэтау къуажэм дэт къуэшыкхъэм 1980 гъэм фэеплъ трагъэувауэ щытащ. Шэрэдж танк зэхэуэм хэкIуэдахэм я хьэдэр Къэщкъэтау къуажэ дыхьэпIэм деж 2013 гъэм щыщIалъхьэжащ. ТекIуэныгъэр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и фIыгъэкIэ абдеж фэеплъ скъарышхуэ щагъэувыжащ, Дзэ Плъыжьым хэта зауэлI икIи дзэзешэ 350-м я цIэ-унагъуэцIэхэр тету.
ЛIыхъужьхэм я фэеплъыр ямыгъэкIуэду, мы щIыпIэм цIыхухэр къыщызэхуос махуэшхуэ, фэеплъ зэIущIэхэр щыщрагъэкIуэкIкIэ. Ар зэхуэсыпIэу зэрыщытым и фIыгъэкIэ, сыт щыгъуи зэлъыIухащ, къабзэщ. Фэеплъым и екІуэлІапІэхэр мы махуэхэм зэІузэпэщ ящIащ, тетІысхьэпІэхэр екIуэкIыу ягъэуващ, зи щхъуантІэгъуэ имыкI къэкIыгъэхэр куэду щагъэтІысащ, Iэгъуэблагъэр жэщкІэ къэзыгъэнэхуну уэздыгъэ пкъохэр ягъэуващ. Фэеплъ скъарыр зыдэт пщIантIэр гъущI хъаркIэ къэщIыхьыжащ.
Къуажэ кIуэцIми нэгъуэщI фэеплъ щIыпIэ иIэщ, зэрагъэпэщыжу, и Iэгъуэблагъэхэр цIыху кIуапIэ зэрыхъунум хуагъэпсу. Утыкум ит скъарыр зэфIагъэувэжащ, лъагэу яIэтри. Абы Вагъуэ Плъыжьым и теплъэгъуэри гуагъэувэжащ. Езы фэеплъым Хэку зауэшхуэм хэкIуэда щIалищым я цIэхэр къыхэ1ущ1ыкIащ: Комолов Шариф, Джорбенадзэ Прокофий, Баженов Владимир сымэ. Мы махуэхэм екIуэкI лэжьыгъэм ипкъ иткIэ, а щIыпIэм жыгыщIэ цIыкIухэр щагъэтIысынущ, цIыхухэм зыщагъэпсэху хъун жыг хадэ мыин и пащхьэм щаукъуэдиинущ, тетIысхьэпIэхэри хуащIыжынущ.
Къэщкъэтау къуажэм щIэх-щIэхыурэ къокIуэ Налшык къалэ щыпсэу Щоджэн Мухьэмэд. «Си адэр си нэгу къысхущIэгъэхьэж къудейуэ аращ. Ди анэм иужьрейуэ къыIэрыхьа хъабырыр къыздикIар мы щIыпIэхэрат. ЩыхьэкIуэ тхылъым хъыбарыншэу кIуэдауэ жиIэмэ, ди адэм и псэр и иужьрей макъыр къыздикIа мы щIыпIэхэм щыIэу къысфIощIри, ТекIуэныгъэм и махуэр къэблэгъамэ, сыкъокIуэ. СфIэфIщ къуажэ дыхьэпIэм пэмыжыжьэу ягъэува къуэшыкхъэм деж сыщытыну, гукIэ IэплIэ зэсшэкI си адэм сепсэлъылIэу тэлайкIэ щызгъэкIуэну. Мы щIыпIэм гулъытэ зэригъуэтым, и къабзагъэмрэ зэIузэпэщагъымрэ зэрыкIэлъыплъым къыхэкIыу, гузэгъэгъуэ согъуэт, щIыналъэм и щхьэхуитыныгъэм папщIэ зи псэр зыта щIалэхэм яхуэфащэ пщIэр ягъуэтыжауэ къысщохъури согупсэху. ИхъуреягъкIэ къабзэщ, щIыналъэм и дахагъэм и щIыIунэу фIэкIа къыпщыхъуркъым. Мы Iэмалыр къэзгъэсэбэпу, щIыпIэр зи нэIэ щIэтхэм фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт, ди адэхэм я кхъащхьэм зэрыхуэсакъым, зэрыхамыгъэкIуэдэжым, зэрыкIэлъыплъым папщIэ», – жеIэ Мухьэмэд.
Къэщкъэтау къуажэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэхэм и лэжьакIуэхэм жаIэ апхуэдэ фIыщIэ псалъэ куэд къазэрыIырыхьэр, абыхэм я лъэр щIагъэкIыу, фэеплъ щIыпIэхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ нэхъыбэ ящIэну гукъыдэж къызэрыратыр.
– Къэщкъэтау къуажэм дэт фэеплъ щIыпIэхэр щызэдгъэпэщыжым деж дызыхущIэкъур я теплъэр къэгъэдэхэным и закъуэкъым. Дэ зыхыдощIэ зи псэр адэжь лъахэр хъумэным щIэзытахэм я пащхьэ хьэкъышхуэ зэрыщытхьри, иужь дитщ а щIыпIэхэр цIыху кIуапIэ тщIыну, къытщIэхъуэ щIэблэм абыхэм яхуэфащэ пщIэр зыхуэдэр, псалъэкIэ мыхъуу, IуэхукIэ я нэгу щIэдгъэкIыну. Гувэ-щIэхми, сабийр щIоупщIэ а фэеплъхэр зищIысым, ахэр щIагъэувам и щхьэусыгъуэм. Фэеплъ пэкIухэм я закъуэкъым а упщIэм и жэуапыр сабийм щигъуэтыпхъэр, еджапIэм къыщрат дерсхэм я закъуэкъым Iуэхур зыIутым ахэр щызыгъэгъуэзапхъэр. Жылагъуэм зэрыщыту пщэдэкIыж ехь сабийм и упщIэм игъуэтыну жэуапымкIэ. Арыххэуи, къызэщIэхъея удзымрэ дунейм и щытыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм фагъуэ ящIа фэеплъ IуплъапIэхэмрэ къэдгъэщIэрэщIэж икIи зэдгъэпэщыж мыхъуу, къызэщIэтIэтэн, а Iуэхугъуэм зэщIыгъуу дытелажьэкIэрэ, мамырыгъэм нэхъыфI зэрыщымыIэр ди щIэблэм ягурыдгъэIуэну хьэкъ диIэщ.