ЦIыхум и ныбжьэгъу пэж

ЩIэныгъэм и лъахэм цIыхур хуэзышэ, лIэщIыгъуэ куэд хъуауэ къыддэгъуэгурыкIуэ, дызыгъэпэж, ди чэнджэщэгъуфI тхылъым, ахэр зытххэм я хуитыныгъэм и махуэщ мэлыжьыхьым и 23-р. 
Иджырей ныбжьыщIэхэр Интернетым тхылъым нэхъ пэIэщIэ ищIащи, щIэблэр литературэм драгъэхьэхыным теухуауэ къалэнышхуэ я пщэ дэлъщ егъэджакIуэхэм, адэ-анэхэм. ЩIэныгъэ зыбгъэдэль, гъэсэныгъэ зыгъуэта щIэблэ дыхуеймэ, литературэфIым зэрыщIэтпIыкIыным яужь дитыпхъэщ. Нэхъыщхьэращи, тхылъыр зи Iэпэгъу, абы дихьэх щIалэгъуалэ, ди гуапэ зэрыхъунщи, иджыри диIэщ. 
Мы гъэм епщыкIузанэ классыр къэзыух, «Сыринэ» театрым хэт Гумэхэ Камилэ тхылъыр зи ныбжьэгъухэм ящыщщ. А пщащэм еджэным зэрыдихьэха щIыкIэм теухуауэ жеIэ: 
- Сэ тхылъым сызэрыцIыкIурэ сыдехьэх жысIэмэ, езгъэлеину къыщIэкIынкъым. Школым сызэрымыкIуэ лъандэрэ ди нэхъыжьхэм таурыхъхэм, хъыбарыжьхэм, къуажэхьхэм, псалъэжьхэм дыщIагъэдэIукIыу дыкъэхъуащ. Тхылъ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи соджэ, ауэ си бзэмкIэ нэхъыбэ сызэреджэным яужь ситщ. Дэ езым ди бзэмрэ хабзэмрэ дымыхъумэжмэ, хамэр къакIуэу тхуихъумэнукъым. Си анэкъилъхухэри сэри дызэрызэпсалъэр ди анэдэлъхубзэрщ. Тхылъ куэд уеджэныр сыткIи щхьэпэщ, уи бзэм зиужьынымкIи умыщIэм щыгъуазэ ухуэхъунымкIи. ПсалъэжькIэ си анэкъилъхухэм сапеуэну сфIэфIщ. Школым дызырагъаджэхэм къинэмыщIа, тхылъ 50-м щигъуу къыщIэкIынщ сызэджахэр. Махуэ къэскIэ сымыщIэ къызэрысщIэным сыхущIокъу. Сэ нэхъыбэу сыдэзыхьэхыр гъащIэм теухуа тхыгъэхэрщ. Псалъэм папщIэ, ди адыгэ усакIуэшхуэхэм ящыщу ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэ» поэмэм ситхьэкъуащ. Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ зи нэгум къищ, фIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ пэплъэ хъыджэбзым, и гъащIэр зэрызэхафыщIар си гум щIыхьащ. Зи тхыгъэ фIыуэ слъагъухэм ящыщщ Нало Заур, IутIыж Борис, Къаныкъуэ Заринэ, Нало Ахьмэдхъан, КIыщокъуэ Алим, Шортэн Аскэрбий. Абы и «Бгырысхэр» роман-эпопеем сыт и уасэ уеджэну! Ахэр куэд мэхъу, дэтхэнэр къеббжэкIын! Ауэ тхылъым гъащIэм куууэ узэрыхишэр, щIэныгъэм гурыгъуазэ узэрыхуищIыр, умыщIэр къызэрыуигъащIэр, сытым дежи ныбжьэгъу пэж къызэрыпхуэхъур къыхэзгъэщыну сыхуейт, - жеIэ Камилэ. 
Гъатхэм и махуэ дахэхэм яз хухахащ ныбжьэгъуфIу цIыхум къыдэгъуэгурыкIуэ тхылъым. Ар Урысейми хамэ къэрал куэдми щагъэлъапIэ. Зы гъэм нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъыбэ мэхъу тхылъым хухаха махуэм иращIэкI Iуэхум къыхыхьэхэр. 
Тхылъ уеджэну хуабжьу щхьэпэщ, абы гъащIэм нэ лейкIэ урегъэплъ. Зы тхылъ къапщтэрэ уеджамэ, гу зылъумытэу щытам щыгъуазэ ухуещI, абы хэт лIыхъужьым и теплъэр телъыджэ гуэру зыхыбощIэ. Тхыгъэм ущеджэкIэ адэкIэ къэхъунум ухуэпабгъэу апхуэдэщ. ЖыпIэнурамэ, фильм гуэру уи нэгум щIокI. 
Сынывохъуэхъу тхылъым и махуэ лъапIэмкIэ, абы гу хуэзыщIахэм хэвгъахъуэ зэпыту фыпсэуну, ди къэкIуэнур зэлъыта щIалэгъуалэм щIэныгъэ куу зэвгъэгъуэтыну! 

 

КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться:

Читать также: