Адыгэ ныпым и махуэр зэдагъэлъапIэ

Адыгэ ныпым и махуэр мэлыжьыхьым и 25-м зэдагъэлъэпIэнущ ди лъэпкъэгъухэм. Абы и тхыдэ дахэр 2000 гъэм къыщожьэ. А гъэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ комитетым мэлыжьыхьым и 25-р Адыгэ ныпым и махуэу игъэуващ. Ар лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэщ, 2010 гъэм щыщIэдзауи ягъэлъапIэ. Иужьрей илъэсхэм махуэшхуэр щIалэгъуалэм ягъэлъапIэ зэрыхъуар нэхъыжьхэм я гуапэу, даIыгъщ. 
Адыгэ ныпым и гугъу япэ дыдэ зыщIар инджылыз зыплъыхьакIуэ Спенсер Эдмундщ. Абы и гукъэкIыжхэр 1839 гъэм тхылъ щхьэхуэу Лондон къыщыдэкIауэ щытащ. Япэ напэкIуэцIым щхъуэкIэплъыкIэу къыщыгъэлъэгъуа адыгэ ныпым тепсэлъыхьу, Спенсер етх: «Iэтащхьэ къэсар къезыгъэблагъэ фоч уэ макъхэр зэрыувыIэу, екIуу хуэпа зауэлI мин шууэ къытпежьэри, асыхьэтым шэрджэс щIалэ бжьыфIэ гупым дыкъаухъуреихьащ. Языныкъуэхэр къызэрыгуэкIыу, мэкъумэшыщIэхэм ещхьу хуэпат, адрейхэм Iэщэ-фащэр къакIэрылыдыкIырт. Абдежым Хъерсыс СулътIан зи цIэ тхьэмадэ махуэм къыщызэкIуэцIихащ Истамбыл къраха, Тыркум пщIэшхуэ щызиIэ пщы гуащэм IэкIуэлъакIуэу хидыкIа нып дахащэр. Апхуэдизу зыщIэхъуэпс лъэпкъ ныпыр къызэралъагъуу, а цIыху къомым я гум из хъуауэ къыщыпкI гуфIэгъуэр нэхъри щIиIэтэу, джатэ мин уафэм хуэгъэзар дыгъэм пэлыдащ».
Адыгэ ныпым тет дамыгъэхэм къэхутакIуэхэр зэтемыхуэу топсэлъыхь. Ауэ ди дежкIэ нэхъыщхьэр зи Хэкур зыхъумэжхэм а ныпыр къызэрызэдащтарщ. Аращ вагъуэ пщыкIутIрэ шабзэ зэблэдзаищрэ зытет нып удзыфэм и пщIэр ди зэманми щIэиныр.
Иужьрей илъэс 30-м адыгэ ныпыр Кавказым исхэми хэхэс адыгэхэми я лъэпкъ дамыгъэ нэхъыщхьэ хъуащ. Нобэ ар щыдолъагъу автобусхэм, щыгъынхэм, сыхьэтхэм, нэгъуэщI куэдми къат. А ныпыр щамыIыгъ зы адыгэ хьэгъуэлIыгъуи екIуэкIыркъым.
Абы и дахагъымрэ и мыхьэнэмрэ нэхъри зыхозыгъащIэр Адыгэ Республикэм и къэрал нып зэрыхъуарщ. 
ЛIэщIыгъуэкIэрэ узэIэбэкIыжмэ, шапсыгъхэми, къэбэрдей адыгэхэми, адрей ди лъэпкъэгъухэми нып диIэу щытащ. Абы мыхьэнэшхуэ иIэт. Адыгэхэр зэхуэс ин щыкIуэкIэ, зэуапIэм щыIухьэкIэ ныпыр я Iэпэгъут. Ныпым цIыхухэр зэкъуэтыныгъэм къыхуреджэ, хабзэ, нэмыс яхэлъыным, нэхъыжьхэм - пщIэ, нэхъыщIэхэм - гулъытэ яхуэщIыным хуеущий. Шылэ щэкIым къыхэщIыкIа адыгэ нып щхъуантIэр и теплъэмкIэ нэгъуэщI куэдым йофIэкI икIи ар мамырыгъэм и дамыгъэщ. Абы тет вагъуэ 12-р адыгэ лъэпкъхэм я бжыгъэщ, я щхьэхуитыныгъэм щIэбэну къызэрекIуэкIар абы тет шабзищ зэблэдзам къагъэлъагъуэ. 
Ныпым и махуэр щагъэлъапIэкIэ, мы Iуэхум адыгэ фащэ екIур ящыгъыу ини цIыкIуи хэтщ, я нэгум гуфIэгъуэрэ гушхуэныгъэрэ къищу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ мы махуэм пшыхьхэр, концертхэр, джэгухэр, спорт зэхьэзэхуэхэр, шыгъажэхэр щрагъэкIуэкI, цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм, сурэтыщIхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр ягъэлъагъуэ. 
Адыгэ ныпым и махуэр ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щагъэлъапIэу къокIуэкI.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: