КъэхъукъащIэ шынагъуэхэрРадиацэмрэ нэгъуэщI къэхъукъащIэхэмрэ къарикIуахэр гъэкIуэдыжыным хэтахэмрэ абы хэкIуэдахэмрэ я махуэщ мэлыжьыхьым и 26-р
Зэман зэхуэмыдэхэм къэрал зыбжанэм щекIуэкIащ радиацэ къэхъукъащIэ инхэр: СССР-м, США-м, Японием.
СССР-м:
1957 гъэм фокIадэм и 29-м Челябинск-40 къалэ зэхуэщIам (иджы Озерск) дэта химие заводым насыпыншагъэ ин къыщыхъуауэ щытащ, радиоактивнэ кIэрыхубжьэрыхухэр щахъумэ кумбыгъэр къыщыуэри. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар щIыIагъэр яхуэмыIыгъыу радиоактивнэ пкъыгъуэхэм къащIэнахэр къызэригъэплъарт. Къэуам и лъэщагъыр тротил тонн 25-29-рэ хуэдиз хъууэ хуагъэфащэрт. Абы IуэхущIапIэм зэхэкъутэныгъэшхуэхэр къыщигъэхъуащ, узыншагъэмкIэ шынагъуэ зыпылъ пкъыгъуэ мелуан 20-м нэблагъэ хьэуам хидзащ.
КъыкIэлъыкIуэу, 1975 гъэм щэкIуэгъуэм и 30-м, Ленинград АЭС-м къыщыуам и зэранкIэ. Кюри мелуан 1,5-м нэсу радиацэр зэбгрыкIащ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар лэжьакIуэхэм яIэщIэкIа щыуагъэхэрщ, къэхъукъащIэхэм зэрызыщахъумэмрэ реакторыр къэзыпщытэ Iэмэпсымэхэмрэ тэмэму къазэрыхуэмыгъэсэбэпарщ.
1986 гъэм мэлыжьыхьым и 26-м сыхьэтыр 01:23-м Чернобыль атом электростанцым (АЭС) насыпыншагъэ къыщыхъуащ. Абы километр зэбгъузэнатIэ мин 200-м щIигъум къызэщIиубыдащ, и процент 70-р щызыхащIат Урысейм, Украинэм, Беларусым щыпсэухэм. Нэхъыбэу лей зытехьар Украинэ ССР-м и Киев, Житомир щIыналъэхэрт, Беларусым и Гомельскэ областырт, РСФСР-м и Брянск щIыналъэрт. Ди къэралым и закъуэ километр зэбгъузэнатIэ мин 60-м къриубыдэм, мэкъумэш IэнатIэм и щIы гектар мелуани 2-м щIигъум ар лъэIэсат. Гузэвэгъуэм и лъэужьыр гъэкIуэдыжыным цIыху мин 600-м нэблагъэ хэтащ. ЗэрытщIэщи, радиацэм пыщIа гузэвэгъуэр гъэкIуэдыжыныр Iуэху нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщщ. МафIэс къэхъуар махуипщI нэужьым яхуэгъэкIуэдыжауэ арат, псэ зыIутым и узыншагъэм зэранышхуэ къыхуэзыхь пкъыгъуэхэр хьэуам хэз хъуат.
1987 гъэм и щIымахуэм Белоярскэ АЭС-м ядернэ гъэсыныпхъэ зыхэлъ пкъыгъуэхэр къэплъри мафIэсышхуэ къишауэ щытащ.
США-м:
1979 гъэм гъатхэпэм и 28-м - «Три-Майл-Айленд» атом электростанцым (Пенсильвание штат) къыщыхъуа насыпыншагъэм хьэуам радиацэ хиутIыпщхьар мащIэ дыдэми (INES бжыгъэмкIэ 5-нэ уровень иIэт), США-м АЭС-хэр щаухуэныр илъэс 20-кIэ къызэтрагъэувыIат, цIыхубэр мыарэзыуэ уэрамхэм къыдыхьати.
Японием:
2011 гъэм гъатхэпэм и 11-м «Фукусима-1» АЭС-р (Фукусимэ префектурэ) зэрызэхэкъутар Японием и тхыдэм щынэхъ лъэщ дыдэ щIыхъеймрэ абы къыкIэлъыкIуа псыкъиумрэ я Iэужьт. Резерв генераторхэр, гуэшыпIэхэр, батареехэр здыщIэт щIыунэ пэшхэм псыр зэрыщIэуам станцым и лэжьыгъэр къызэпиудат. Энергоблок №1-3 реакторхэм ядернэ гъэсыныпхъэр щызэбгригъэжащ, энергоблок №1, №3, №4-хэр къызэрыуам водородыр зэхуихьэсат. Дыкъэзыухъуреихь дунейм нэхъыбэу хэхуар езыр-езыру кIуэдыж пкъыгъуэхэрщ. Ахэр Чернобыль АЭС-м хьэуам хиутIыпщхьам и процент 20 хъууэ арат.
Къэбгъэлъагъуэмэ, Чернобыль АЭС-м къыщыхъуа гузэвэгъуэм хуэдэ дуней псом щалъэгъуакъым. Аращ мэлыжьыхьым и 26-м Чернобыль къэхъукъащIэм хэкIуэдахэм я дунейпсо фэеплъ махуэр щIыщыIэр. Абы и лъэужьхэр ягъэзэкIуэжыным хэтат Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэри. Илъэс 25-40 ныбжьхэм иту цIыху 1800-м нэблагъэм къикIуэт ямыщIэу зыпэрыува лэжьыгъэ шынагъуэр псэемыблэжу ягъэзэщIащ.
ЦIыхухэр щIыналъэм игъэIэпхъукIын зэрыхуейр мэлыжьыхьым и 27-м сыхьэт 13:10-м щIыпIэ радиомкIэ къатащ. Псом япэу ирашащ электростанцым километри 2 хуэдиз фIэкIа пэмыжыжьэ Припять къалэм щыпсэухэр, иужькIэ - километрипщIым нэскIэ АЭС-м пэгъунэгъуу щысхэр, къыкIэлъыкIуэ махуэхэм - километр 30-м къриубыдэ щIыпIэхэм исхэр (Чернобыли абы яхэту). Псори зэхэту цIыху мини 115-м щIигъум я унэхэр ябгынэн хуей хъуат.
КъызэрыхагъэщымкIэ, Чернобыль АЭС-р къыщыуам абы и радиацэр 300-кIэ нэхъыбэт Хиросимэ бомбэ щыхадзам къэхъуам нэхърэ. Абы гузэвэгъуэ нэхъ инхэр къишэнкIэ хъунт, и зэманым цIыхубэм абы и лъэужьыр ямыгъэкIуэдамэ. Дауи, абы ебэнын щыщIадза япэ мазэхэми илъэсхэми цIыху куэд хэкIуэдащ.
Чернобыль электростанцыр къызэрыуам и зэранкIэ, радиацэр нэхъыбэу зыщIэзышахэм ящыщщ абдеж гъунэгъуу щыта мэзхэмрэ шэдхэмрэ. Псом хуэмыдэу «Рыжий лес» жыхуаIэр. КъэхъукъащIэм и ужькIэ дакъикъэ 30-м къриубыдэу жыгхэм я фэр плъыжь-фIыцIафэ хъуат икIи зэман кIэщIым игъукIат. Псэущхьэхэм я гугъу пщIымэ, щIыуэпсым и хьэуам зрагъэсащ, абдеж щалъэгъуащ мыщэ, уашхэ, елэн хуэдэхэр. Апхуэдэуи 1990 гъэхэм щIэныгъэлIхэм къэхутэныгъэ ирагъэкIуэкIыну шыхэр абы щаутIыпщати, ахэри хэзэгъауэ къалъытэ.
ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ЧАЭС-м километр 30-кIэ пэгъунэгъу щIыхэм бгъэзэж щыхъунур илъэс 50-60 дэкIмэщ. А пIалъэм къриубыдэу радиацэр етIысэхыжын хуейщ, ауэ километри 10-кIэ абы пэгъунэгъуу цIыхухэр зэи щыпсэужыфыну къыщIэкIынукъым.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




