И къуажэгъухэм жаIэ: «ди Пикассо»

СурэтыщIым дыкъэзыухъуреихь дунейм хелъагъуэ дэ гу зылъыдмытэ куэд, уеблэмэ езым ипсыхьа зы дуней щхьэ­хуэм дыхишэну хузэфIокI. 

Зи лэжьыгъэхэр щIэщыгъуэ,  зи гупсысэм гъащIэм и лъэны­къуэ куэд къызэщIиубыдэ адыгэ сурэтыщIщ зи гугъу тщIынур. ­Фияпщэ Анзор Тэрч щIыналъэм, Акъбаш Ищхъэрэ (Астэмрей) ­къуажэм щыщщ. КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым щы­хуеджащ инженер IэщIагъэм. Езыр-езыру гъуазджэм и щэху­хэр зыджа иджырей сурэ­тыщIщ. 
- Сызэрысабийрэ сфIэфIщ зыгуэрхэр къэзгупсысурэ сурэту сщIыну, дахагъэу слъагъумкIэ цIыхухэм садэгуэшэну. Сурэты­фIыр - ар цIыхум и гур хэзыгъа­хъуэщ, и гупсысэм зезыгъэужьщ, гъащIэм гу лъезыгъатэщ, - жеIэ Анзор. 
ЩIалэм Iэмал иIэщ сурэтым философие хилъэгъуэну. Ари цIыхупсэм и къулеягъэм и зы нэщэнэщ. 
- Къапщтэмэ, философием щыщщ сурэт гъуазджэр. Мып­хуэдэуи дыщIызгъужынут: гуп­сысэр къэрэндащкIэ къэгъэлъэгъуэныр - ар гум къыбгъэдэкIыу гум нэсыф бзэ щхьэхуэщ. Тха­кIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ хьэрфхэр я Iэмалщ, макъамэтххэм макъым къыхащIыкI телъыджэ, су­рэтыщIым Iэмалу къыхех лэч­хэр - къыпещэ абы. 
Анзор сыт хуэдэ сурэт лIэу­жьыгъуэми хуэIэижьщ, и лэжьыгъэхэр щIэщыгъуэщ. Си гугъэмкIэ, дэтхэнэми гупсысэ куэд зэ­регъэзахуэ абы и Iэдакъэ­щIэкI­хэм щеплъкIэ. ЦIыху сурэт щIы­ным, импрессионизмым, ­абстракционизмым, сюрреализ­мым, кубизмым, модернизмым я пIалъэр ещIэ, къохъулIэ. Къы­зэрыхигъэщымкIэ, импрессионизмым псом хуэмыдэу щIэ­щыгъуэ куэд хелъагъуэ. НэхъыфIу илъагъу сурэтыщIхэм ящыщщ Клод Моне, Камиль Писсаро, Альфред Сисслей, Пьер Огюст Ренуар, Рафаэль Санти, Леонардэ да Винчи, Пинтуриккьо, Диегэ Веласкес сымэ. Иджырей сурэтыщIхэм къахегъэщхьэхукI Бэнкси, Джефф Кунс сымэ. 
Жанр псоми хэзагъэ пэтми, сурэт гъуазджэм къыхиха ду­-нейм езым и гупсыси щипсы­хьыжащ. Езыри арэзы тохъуэ ап­хуэдэ гупсысэм:
- Си дуней еплъыкIэр япэ итщ, сурэт щысщIым деж. Илъэс куэд хъуауэ а IэщIагъэм сыщыхэлэ­жьыхькIэ, дауи, си хъэтIи зэзгъэпэщыжащ. СурэтыщIым и хъэ­тIыр ар езыр-езырурэ абы и лэжьыгъэхэм къыхэIущIыкIа хъу гупсысэщ. А гупсысэр гум и лъагъуэм кърокIуэ. 
Фияпщэ Анзор республикэм къыщацIыху, и IэдакъэщIэкIхэр зи гум дыхьэхэр куэд мэхъу, абы теухуа тхыгъэхэр газетхэми къытехуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ адыгэ гупсысэм сурэтыщIым ­гулъытэ зэрыхуищIыр, лъэп­-къым и дунейр къэзыгъэлъагъуэ сурэтхэр куэду зэриIэр. Абы и ­IэдакъэщIэкIым зыщыхуагъазэ щыIэщ зи лэжьыгъэр лъэпкъ Iуэхум тегъэпсыхьахэр. «Нартские чтения» теленэтыным Анзор и лэ­жьы­гъэхэр хагъэувауэ щытащ. ТхылъитI сурэтхэмкIэ игъэ­щIэ­рэ­щIэнуи къыхуихуащ: зыр детективщ, адрейр художественнэщ. Адыгэ фэилъхьэгъуэхэр дыным, бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ лэрыпсхэр, тхьэгъухэр, Iэлъынхэр, щыгъэхэр щIыным ­тегъэпсыхьауэ щыIэ «Макза» адыгэ брендыми дэлэжьащ. Ар къызэзыгъэпэща Мэкъуаш-Бырхьэм Заирэ ид футболкэхэм яхэтщ Фиапщэм и су­рэткIэ гъэ­щIэрэщIа: «Удж» зы­фIи­ща су­рэтыр зытещIыхьа фэ­илъ­хьэ­гъуэр адыгэпсэ зиIэ ныбжьы­щIэхэм зыIэрагъэхьэ. Зэ­ры­жиIэмкIэ, фIэфIщ IэпэIэсэ­хэм, IэпщIэлъапщIэхэм, макъамэ Iэмэ­псымэ зэхуэмыдэхэр зыгъэIэкIуэлъакIуэхэм якIэлъып­лъыну, апхуэдэхэм я гупсысэ­кIэр фIэгъэщIэгъуэнщи. 
Тхылъ еджэнуи фIэфIщ. Куэдрэ зэдаIуэ макъамэхэри зэхуихьэ­сауэ иIэщ - абы­хэм, дауи, яхэтщ адыгэ уэрэдхэ­ри. Ху­дожественнэ тхыгъэхэм я гугъу щищIкIэ, я цIэр къреIуэ Экзю­пери, Пастернак, Гессе сы­мэ. Лао Цы, Конфуций, Омар Хайам сымэ я филосо­фием дехьэх. 
Анзор иджырей сурэтыщIщ. Ар IупщI къыпщащI и Iэдакъэ­щIэкI­хэм. И къуажэгъухэм цIэ лейуэ къыфIащащ «Ди Пикассо». И лэ­жьыгъэхэм цIыхухэр щигъэгъуэ­зэнымкIэ интернетыр IэмалыфIщ. И IэдакъэщIэкIхэм теу­хуауэ псалъэ гуапэхэр, хъуэхъу­хэр къыхуатх къэзыцIыхухэми и сурэтхэр зигу дыхьахэми. Сурэ­тыщI цIэрыIуэ куэдым ядэщIы­гъуу и цIэр напэкIуэцI гуэрым къызэрыщалъэгъуар игу къегъэкIыж:
- Зэгуэрым си напэкIуэцIым зы бзылъхугъэ къихьэри, си IэдакъэщIэкIхэм еплъащ. Сэри езым и напэкIуэцIым сихьати, музейхэм щахъумэ гъэтIылъыгъэхэм триха сурэтхэр, видеотеплъэгъуэ кIэщIхэр куэду итт, инджылызыбзэкIэ хэзыгъэгъуазэ мащIи кIэ­щIэтхауэ. И мыхьэнэр къызгу­ры­Iуэн хуэдизу иджылызыбзэр зэздзэкIыурэ абыхэм ящыщ сы­къеджащ. Си лэжьыгъэхэм къ­а­хихаи ирилъхьащ и напэ­кIуэцIым, ­гъуазджэр зылъытэ гуэрти. Су­рэтхэм кIэщIитхахэр зы­зодзэкIри, сурэтыщI телъы­джэхэм сарегъапщэ: «Пикассо, Клод Моне, Ван Гог, Модильяни сымэ язы­хэ­зым я щIэблэ хуэ­дэщ», - къысхужиIэрт. Апхуэдэ пса­лъэхэр сэ ­дауэ си гуапэ мы­хъунрэ?! 
Фияпщэм сурэт щищIкIэ, и псэрщ нэхъыбэу хэлэжьыхьыр:
- Теплъэ дахэ гуэрым сурэт тепщIыкIыныр, а плъагъум ещ­хьыр­къэпсу пщIынракъым нэхъыщхьэр. Псалъэм папщIэ, щIы­уэпсым и плIанэпэ уи гум дыхьауэ абы теплъэ тепщIыкIмэ, а уи лэжьыгъэм къыщыбгъэ­лъэгъуэнур уэ езым уи гупсысэрэ уи еплъыкIэрэщ. НэгъуэщIу жы­пIэмэ, уи псэм и щытыкIэщ а су­рэтым къытещын хуейр. Ар­мыхъумэ, плъагъум ещхьыркъэпс пщIынумэ, ар щыIэххэщи, еплъ. 

Тхыгъэри сурэтхэри ГУГЪУЭТ Заремэ ейщ.
Поделиться:

Читать также: