Пашэхэм ящыщщ

УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа зэIущIэм Урысейм и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ щыжиIащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр пашэу къалъыта щIыналъипщIым зэращыщыр. 

Вице-премьерым къызэрыхигъэщамкIэ, лъэпкъ про­ектхэм къагъэувхэр нэсу щызрагъэхъулIащ Москва, Санкт-Петербург, Севастополь къалэхэм, Калининград, Калугэ, Мурманск, Псков, Тулэ, Тюмень щIыналъэхэм, Мордовие, Тэтэрстан, Кърым, Шэшэн, Къэбэрдей-Балъкъэр респуб­ликэхэм, апхуэдэу Ямало-Ненецкэ автоном округым.
Лъэпкъ проектхэм къыщыгъэлъэгъуахэм ящыщу мыхьэнэ нэхъ ириту Голиковэм къихигъэщащ цIыхухэр нэхъ гъащIэ кIыхь, къалъхуагъащIэ сабийуэ дунейм ехыжхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъуар.
 Апхуэдэу жиIащ балигъхэмрэ сабийхэмрэ я узыншагъэр къэпщытэнымкIэ, къалъхуагъащIэхэм япкърыт узыфэр къэхутэнымкIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэр ухуэным, зыхуей хуэгъэзэжыным, зыхуэныкъуэ Iэмэ­псы­мэ­хэмкIэ къызэгъэпэщыным, санитар автотранспортхэр къэ­щэхунымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIыр. 
«Медицинэ IуэхущIапIэхэр зыпэрыт IэнатIэм фIыуэ хэ­зыщIыкI IэщагъэлIхэмкIэ къызэгъэпэщыныр лъэпкъ проектхэм къыщыгъэлъэгъуа унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу къонэж. Апхуэдэу узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм бжыгъэ техно­логиехэр къыщагъэсэбэпыным нэхъ жыджэру иужь итыпхъэщ, телемедицинэм зегъэужьынми мыхьэнэшхуэ иIэщ», - жиIащ Голиковэ Татьянэ. 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться:

Читать также: