КъБКъУ-м и ЩIэныгъэ полкыр: тхыдэм и дерсхэр

Ди къэралым дежкIэ мэлыжьыхьым и I9-р тхыдэм и пэжыр хъумэным и IуэхукIэ мыхьэнэ зиIэ махуэщ. СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым I943 гъэм Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм совет цIыхубэмрэ гъэрыпIэм итахэмрэ лей езыха фашистхэм, абыхэм я дэIуэдэжэхэм, епцIыжакIуэхэм, тIасхъэщIэххэмрэ жасусхэмрэ жэуапым ешэлIэн, зэрахьа щIэпхъаджагъэхэм пэкIуэ тезырыр ятелъхьэн зэрыхуейм и унафэр къищтащ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм фашистхэмрэ абыхэм якъуэтахэмрэ лей зраха совет цIыхубэм я фэеплъыр хъумэнымкIэ зыуэ щыт Iуэхугъуэхэм я махуэу къэрал махуэгъэпсым хыхьа а къэхъугъэр егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ епха IуэхущIапIэхэм иджыблагъэ щыхагъэунэхукIащ, Iэнэ хъурейхэмрэ щIэнIуатэхэмрэ щрагъэкIуэкIащ. Махуэр зищIысымрэ зыхуэунэтIамрэ ехьэлIауэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и доцент, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Тэтэр Азэмэт и гупсысэхэр «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр щыдогъэгъуазэ.
– Хэку зауэшхуэм ехьэлIа дерсхэр щызгъэхьэзырым деж 1943 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м къэралым къищта унафэм гулъытэ хуэзмыщIу зэи сыблэкIыркъым. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, а махуэращ цIыхубэм лей езыхахэм, щIэпхъаджагъэ ин зылэжьахэм я хьэкумыр щIэнымкIэ дунейпсо утыкур хуит щыхъуар, фашистхэмрэ абыхэм я дэIуэдэжэхэмрэ яхуэфащэ тезырыр ятезылъхьэ хабзэ мардэхэр къыщыунэхуар. НэхъапэкIэ къэмыхъуауэ, совет хабзэубзыху IэнатIэм пэрыт цIыху акъылыфIэхэр зэхыхьэри, Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм фашистхэм зэрахьа хьэкIэкхъуэкIагъэр лъэныкъуэ куэдкIэ зэпкъраплъыхьащ, юриспруденцэм и мардэхэм къитIасэ уасэри хуагъэуващ.
1943 гъэм и гъатхэпэ мазэм къыщыщIэдзауэ Дзэ Плъыжьым Хэку зауэшхуэм и япэ мазэхэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм яубыда щIыгухэр хуит къащIыжу хуежьащ. Фронтыр зыгъэкIуатэхэм я нэгу щIэкIар псалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэжын гущIэгъуншагъэщ: къуажэхэр щIы щхьэфэм трагъэсыкIат, къуэшыкхъэхэм бжыгъэншэу уарихьэлIэрт, щэ бжыгъэкIэ яукIа цIыху хейхэм лей щраха щIыпIэхэм уаIущIэрт. Зауэ нэужь илъэсхэм зэхуахьэса дэфтэрхэмрэ архивхэм щахъума тхылъхэмрэ бжыгъэ шынагъуэхэр къыщIагъэщ: фашист идеологием и мывэ щхьэлым ихьэжахэр цIыху мелуан 15 -16-м нызэрыхьэсырт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Хэку зауэшхуэр къэмыхъей щIыкIэ щыIа къэрал хабзэхэм къызэщIаубыдэфыртэкъым апхуэдиз гущIэгъуншагъэр, щIэпхъаджагъэ лIэужьыгъуэхэр, укIыгъэ бжыгъэншэхэр. Аращ къызыхэкIар цIыху хейм къыщхьэщыж, сыт хуэдэ зауэ щIэпхъаджэми хуэфащэ уасэ езыт хабзэубзыху мардэ щыIэным и Iуэхур къэIэтыныр.
Мэлыжьыхьым и 19-м къащта унафэм тезыр ткIийхэр къигъэувырт. Апхуэдэу цIыху куэд зэтеукIэным и къызэгъэпэщакIуэхэм я унафэр укIт, ахэр щхьэ пылъапIэм ирашалIэрт; а унафэхэр зыгъэзэщIахэр хьэпсым илъэс 15-м къыщегъэжьауэ илъэс 25-м нэблагъэкIэ ирадзэрт. Иужьрей илъэсипщIым тхыдэдж литературэм зы Iуэху еплъыкIэ гуэрым тепщэныгъэ щиубыду хуежьащ – щIэпхъаджагъэ зылэжьахэр хьэкумым ирамышалIэу я унафэр укIкIэ ящIэу щытауэ жызыIэ еплъыкIэм лэжьыгъэ куэдым ущрохьэлIэ. Ауэ Iуэхум Iуэху хэлъщ, жыхуиIэращи, къыхэгъэщын хуейщ языныкъуэ щIэпхъаджэхэр граждан хьэкумыщIэхэм я деж къэсу зэрыщымытар. Дзэхэм и хьэкумыр апхуэдэ Iуэхухэм щыхэплъэ, абыхэм къащтэ унафэхэм тету щIэпхъаджащIэхэм тезыр щытралъхьэ къыхэкIырт. Апхуэдэу щыт пэтми, абыхэм я унафэхэри хабзэ ткIийм иубзыхурт. Япэрауэ, хьэкумыщIэ гупыр Iэмалыншэу яубзыхурт. Абы унафэщIри къуэдзитIри хэтын хуейт, прокурорыр къримыхьэлIэу хъунутэкъым, хабзэр зэрагъэзащIэ щIыкIэм кIэлъыплъхэри хьэкум щащIэ пэшым щIэсыну я къалэнт. Дивизэм и тетыр хэмыплъэжауэ, хьэкумыщIэхэм къахьа унафэ гуэрми къару иIэтэкъым. Арыххэуи, граждан хьэкумыщIэхэм я деж нэмыс Iуэхухэр щхьэрыутIыпщ Iуэху зехьэкIэу къэплъытэ хъунукъым.
1943 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м къащта унафэр, илъэс ныкъуэ фIэкIа дэмыкIауэ, къэрал зыбжанэм къащтащ. Апхуэдэу СССР-м, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Инджылызым Мэзкуу 1943 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм Iэ зыщыщIадза зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, совет хабзэубзыху мардэхэм дунейпсо мыхьэнэ ягъуэтырт. А илъэсращ япэ дыдэу къыщыIуар мыпхуэдэ гупсысэр: цIыхубэм лей езыхахэр «щIым и гъунэм щыIэми» къэдгъуэтынущ, жэуапым етшэлIэнущ, хуэфащэ хьэкумымрэ тезырымрэ ятетлъхьэнущ. Совет къэралым 1943 гъэм къищта хабзэубзыху мардэхэр лъабжьэ яхуэхъуащ Нюрнбергрэ Токиорэ щекIуэкIа хьэкум Iуэхугъуэшхуэхэм, абыхэм къакIэлъыкIуа хеящIэ зэIущIэ цIыкIухэм. ЩIагъуэ дэмыкIыу зызыхуэзгъэзэж мы Iуэхугъуэхэм зы гупсысэм сыкъыхуашащ: 1943 гъэм къащтауэ щыта унафэращ щIэпхъаджэхэр зэхэгъэкIынымкIэ иджырей дунейпсо хабзэм лъабжьэ хуэхъуар.
Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм фашистхэмрэ абыхэм я IупэфIэгъухэмрэ лей зраха совет цIыхубэм и фэеплъыр хъумэнымкIэ зыуэ щыт Iуэхугъуэхэм я махуэм къежьапIэ хуэхъуар 1943 гъэрами, иджырей къэрал махуэгъэпсым абы хуэфащэ увыпIэр щигъуэтар 2021 гъэращ. Мэлыжьыхьым и 19-р фэеплъ махуэу къэплъытэ хъунущ, ауэ ар а зы махуэм тещIыхьауэ щыткъым, абы къызэщIиубыдэ Iуэхугъуэхэр къызэщIэкъуа хъун папщIэ мазэ псор фэеплъ зэхыхьэ куэдкIэ гъэнщIауэ йокIуэкI. Иужьрей илъэсхэм архивхэм щахъумэ дэфтэр куэд дыдэ утыку къихьащ, Хэку зауэшхуэм и тхыдэр нэхъри IупщI ящIу, блэкIа къэхъугъэм и теплъэр нэхъ нахуэу ди нэгу къыщIагъэувэу. КъБКъУ-м щIэсхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ дежкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэщ: дыщылажьэ пэшхэм дыщIэсу, езы дэфтэр дыдэхэм дытепсэлъыхьурэ щIалэгъуалэм я зэхэщIыкIым хыдолъхьэ блэкIамкIэ щыIэн хуей гурыIуэныгъэр, зэхэщIыкIыр, еплъыкIэр. Нюрнберг Iуэхугъуэм и дерсхэр щIалэгъуалэм щызэпкърахкIэ, нэхъ куууэ хыхьэхукIэ, къыгуроIуэ, абы къыщыхьа бжыгъэхэр ауэ сытми къызэрыгуэкI къудейуэ зэрыщызэкIэлъымыгъэкIуар, атIэ дэтхэнэ зыми я щIыбагъкIэ цIыху гъащIэ къызэрыдэлъыр зыхещIэ, лъапсэкIуэдыр къэзыхьым щIэпхъаджагъэ зэрилэжьри, ар жэуапым ешэлIэн зэрыхуейри зэхещIыкI. «Полк уахътыншэм» и мыхьэнэр зэрызэхэтщIыкIым ещхьу, зи купщIэр нэсу къыдгурыIуапхъэ ЩIэныгъэ полки зэгъэпэщыпхъэщ.
Фэеплъыр къатыбэу зэтет Iуэхугъуэщ. Ар къыдращIей цIыхухэм я щыхьэтыгъэхэм, гукъэкIыжхэм, архив дэфтэрхэм, хабзэубзыху тхылъхэм. Захуагъэм укъызыхуриджэр гущIэгъумрэ цIыхугъэмрэ я закъуэкъым. Ар къопхъэшэкIынущ, уеблэмэ къоткIыбжьэкIынущ игъэува мардэхэм ущебакъуэкIэ, абы узыщегъэшынэ. Зэрыщытын хуейри аращ – хабзэм щышынэм и хуитыныгъэхэр зыхуэдэр ещIэж, ахэр здынэсым щыгъуазэщ, нэгъуэщIым и пащхьи лей щызепхьэну уригъэхьэркъым. 1943 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м къэралым къищта унафэр хъумакIуэм ещхьщ, фэеплъми хуосакъ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:

Читать также: