Мэлыжьыхь мазэм яублауэ курыт школхэм щокIуэкI 1-нэ классым мы гъэм щIэтIысхьэну сабийхэр еджэным хуэзыгъэхьэзыр лэжьыгъэ щхьэпэхэр. Адэ-анэхэм я бынхэр къапэщылъ а лъэхъэнэ кIыхьым сыт хуэдэу хуагъэгъэхьэзырын зэрыхуейр? АбыкIэ иIэ Iуэху еплъыкIэхэмкIэ ди газетым и щIэджыкIакIуэхэм ядогуашэ илъэс куэдкIэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыта, лэжьыгъэм и ветеран, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сэрахъэ Людмилэ Сэлим и пхъур.
«НыбжьыщIэр школым щыщIэтIысхьэм деж, еджэным хуэхьэзыру щытын зэрыхуейр псоми къагуроIуэ, ауэ зэрыхуэгъэхьэзырын хуей щIыкIэм иризодауэ: хэти жеIэ тхэкIи еджэкIи имыщIэмэ, еджэныр щIэщыгъуэ щыхъуу дихьэхыну; хэти тхэкIи, еджэкIи, бжэкIи ищIэмэ, тыншыну къелъытэ; языныкъуэхэми жаIэ апхуэдэ сабийм япэ илъэс ныкъуэм Iэзэу зыкъыщыхъужрэ, имыщIэ къызэрыкъуэкIыу, ар и щхьэ хуимыгъэфащэу, и гукъыдэжым кIэрыхуурэ еджэным гущыкI хуищIу. Къэдгъэлъэгъуа Iуэху еплъыкIэ псоми арэзы утехъуэ хъунущ – сабий къэс и хьэл-щэн иIэжщи, япэ еджэгъуэ илъэсыр къызэрыщыхъунур къэщIэгъуейщ. Шэч зыхэмылъыр дэтхэнэ адэ-анэри я бынхэм я ехъулIэныгъэмкIэ гушхуэным зэрыхуэпабгъэрщ. А ехъулIэныгъэр школым щIэтIысхьагъащIэ сабийм иIэн папщIэ, цIыкIум хуэмурэ къыгурыгъэIуэн хуейщ джэгуми пIалъэ зэриIэр, абы дяпэкIэ къалэн гуэрхэри зэриIэнур, ар гъэзэщIэнми зэман хухихын зэрыхуейр. Арыншамэ, ар урок псокIэ зэтеубыдауэ щысыфынукъым, екъузылIауэ егъэджакIуэм жиIэм едэIуэфынукъым.
Сабийм тхэкIэ, сурэт щIыкIэ ищIэн папщIэ, Iэмал зимыIэ Iуэхугъуэщ зэрытхэ къалэмыр тэмэму иIыгъыныр, игъэIэрыхуэныр, езым абы гукъыдэж хуиIэу зэрыщытыпхъэр. Псом я щхьэжыр и бзэращи, макъхэр гъэхуауэ жиIэу. И гупсысэхэр IупщIу, гурыIуэгъуэу къиIуэтэфын хуейщ. Макъхэр тэмэму имыгъэIуфмэ, тэмэмуи тхэфынукъым.
И ныбжьыр илъэситху зэрырикъуу, школым хуэгъэхьэзырыным махуэ къэс елэжьын хуейщ. Дауэ? Махуэ къэс сурэт ищIын, ар илэжын, зыгуэрхэм трищIыкIын (щIимытхыкIыу) хуейщ. Iэмал зэриIэкIэ, зыри Iэпывмыуд, хуэвгъэщIагъуэ, тевгъэгушхуэ. ФыкIэлъыплъ къэрэндащыр, фломастерыр, кисточкэр тэмэму зэриIыгъым. Сэбэпышхуэ иIэщ пластилиным зыгуэрхэр къыхищIыкIыным, тхылъымпIэм, щэкIым, тхылъымпIэ Iувым къыхибзыкIыным. Конструктор цIыкIу фиIэмэ, фыдэIэпыкъуурэ ар зэпкъревгъалъхьэ. Сабийхэм щIыIу ирадэфу, хъыджэбз цIыкIухэм мастэзакъуэкIэ (крючок) Iэпэхъ ящIыфу, хадыкIыфу евгъасэ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэм ныбжьыщIэхэр тегушхуауэ лэжьэф, я Iэпэ цIыкIухэр быдэ, я гупсысэр жан ящI.
Сабийм и бзэр узэщIа хъун папщIэ, абы фыкъызыхуеджа тхылъхэм зэгъусэу фытепсэлъыхьыж, илъэгъуа гуэр жевгъэIэж, сурэт цIыкIухэм (журналхэм, тхылъхэм итхэм) тевгъэпсэлъыхь. Ар школым щыкIуэн хуей гъэм и щIышылэм къыщыщIэдзауэ тхьэмахуэ къэс зэ-тIэу фыдэлажьэ, и Iэ цIыкIухэр тхыгъэм хуэIэрыхуэ хъун папщIэ. Школым щIэтIысхьа нэужь тхэнри, къеджэнри, есэпри хузэтрехьэри, хуэмыхьэзыр сабийм а лэжьыгъэхэр зэдихьын хузэфIэкIыркъым. Сабийм и Iэпхъуамбэхэр тхэным хуэгъэхьэзырауэ, тепыIэгъуэ иIэу лэжьэфу есамэ, еджэнри хузэфIэкIынущ, егъэджакIуэм едэIуэфу, абы жиIэр къыгурыIуэу щIэсынущ.
НыбжьыщIэхэм ядэлэжьэн щыщIэбдзэм деж доска цIыкIукIэ е тхылъымпIэ напэм деж щегъэлъагъун хуейщ. Апхуэдэуи хьэрфым е бжыгъэм и тхыкIэр хьэуам деж щевгъэлъагъу, езыми «хьэуам щевгъэтх», итIанэ екъуа цIыкIукIэ (пунктиркIэ) тхам тевгъэтхыхьыж. ИужькIэ сабийм зевгъэгъэпсэху. Иджы езым итхыфын хуейщ а зытетхыхьа элементхэр. Зыщывмыгъэгъупщэ: илъэситху-хы ныбжьым ит сабийр дакъикъищ фIэкIа еубыдылIауэ тхэфынукъым – щыуагъэ ищIынущ. ДакъикъитI-щым сатыр зы-тIу итхыфакъэ – и Iэ цIыкIухэм зевгъэгъэпсэху. Сурэт гуэрхэм еплъ, къэтэджу джэгу хъунущ. Дакъикъэ зыщыплI дэкIмэ, аргуэру сатыр зы-тIу евгъэтх. МыпIащIэу, егугъуу, дахэу зэрытхэным хуэвгъэIущ, игу къэвгъэкIыж: зыщебгъасэкIэ дахэу птхымэ, сытым дежи дахэу утхэнущ.
НыбжьыщIэм и Iэпэхэр зыгуэрым елэжьмэ, и бзэмрэ и щхьэ куцIымри нэхъыфIу заужь. Мыбдежым хэгъэзыхь ткIий щыIэ хъунукъым – ущие щабэр нэхъ къозэгъ. Хэгъэзыхьми къалэн зэпытми сабийр щIэхыу ирегъэш, и узыншагъэм зэран хуохъу: нэхъ гъур, тэмакъкIэщI, гъыринэ, щыжейм къыхэщтыкI, щIэх мыгъуэлъыжыф мэхъу. А Iуэхугъуэхэм хуэсакъыпхъэщ.
Школым кIуа нэужьи сабийр гулъытэншэ пщIы хъунукъым: и махуэр зэрыкIуам, дерсхэм зэрехъулIам, унэ лэжьыгъэр зэрищIыжым – псоми фыщIэупщIэн, фи нэIэм щIэтын хуейщ».