«Сосрыкъуэ теухуа хъыбархэр»

ТхакIуэ Мэржэхъу ФатIимэ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Сосрыкъуэ теухуа хъыбархэр» тхылъыщIэм и презентацэ иджыблагъэ екIуэкIащ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ литературэр фIыуэ зылъагъухэр, егъэджакIуэхэр, студентхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр. Зэхыхьэр щыхьэт техъуэрт Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я псэкупсэ щIэиныр хъумэнымкIэ литературэм мыхьэнэ ин зэриIэм. 
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъБКъУ-м и библиотекэм и унафэщI Гериевэ Аймани къыхигъэщхьэхукIащ адыгэхэм, балъкъэрхэм, къэрэшейхэм, осетинхэм, шэшэнхэм, ингушхэм, дагъыстэнхэм я зэхуэдэ нарт эпосыр лIыгъэ, Iущыгъэ, гущIэгъу, хабзэхэм яхуэпэжыныр зыхэлъ щIэблэ пIынымкIэ Iэмэпсымэ лъэщу зэрыщытыр. 
- «Сосрыкъуэ теухуа хъыбархэр» тхылъым хуэдэхэм ди лъэпкъ зэхэщIыкIыр зыхуэдэр литературэм къыщыхегъэщ, ди къежьапIэм дыхуешэж, кавказ лъэпкъхэр зэрызэщхьыр, ауэ щыхъукIи я щэнхабзэкIи гъэсэныгъэкIи зэрызэщхьэщыкIыр дигу къегъэкIыж. ФатIимэ сигуми си псэми къыбгъэдэкIыу фIыщIэ хузощI ди щIалэгъуалэм зэрахуэупса тхылъыщIэм папщIэ. Мыбы щызэхуэсащ егъэджакIуэ хъунухэр, абыхэм я дежкIи лъапIэщ блэкIам ухуеплъэкIыныр, япэрей псэукIэм, гупсысэкIэм, Iуэху зехьэкIэм яIа мыхьэнэ куур къыбгурыIуэныр, а Iущыгъэр къытщIэхъуэ щIэблэм ябгъэдэлъхьэныр», - жиIащ Аймани.
Нарт эпосыр усэбзэкIэ къызэрыдэкIар лIэщIыгъуэ куэд зи ныбжь жьэрыIуатэбзэмрэ иджырей щIэджыкIакIуэмрэ зэпызыщIэ лъэмыж хъуащ. 
Тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Маржэхъу ФатIимэ Бахъсэн къалэм къыщалъхуащ, КъБКъУ-м Романо-германие филологиемкIэ и факультетыр къиухащ, Бахъсэн къалэм дэт курыт школ №3-м инджылызыбзэмкIэ щрегъаджэ. Ар Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ Кавказым и ТхакIуэхэм я клубымрэ хэтщ, усэхэр щызэхуэхьэса тхылъиплI и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Абы и усэхэр республикэ литературэ журналхэм къытрадзэ, инджылызыбзэкIи куржыбзэкIи зэрадзэкIри, «Усыгъэм и антологием» хагъэхьащ. ФатIимэ и творчествэр ягъэлъэпIащ Дунейпсо Арткомитетым и дыщэ медалитIкIэ, нэгъуэщI саугъэтхэмрэ щIыхь тхылъхэмкIэ.
Мэржэхъу ФатIимэ жиIащ ищIа лэжьыгъэм и гур къыхуэзыгъэушар Пушкиным и шыпсэхэрауэ зэрыщытыр, апхуэдэуи и хъуэпсапIэт нарт хъыбархэм дэтхэнэ зыри тыншу къеджэфын хуэдэу цIыхубэм я пащхьэ ирилъхьэну. 
- Эпосым хэт лIыхъужьхэм усэбзэкIэ я гугъу сщIащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мы тхылъыр унагъуэхэм ихьэну сыхуейщ. Абы и лъабжьэр лIэщIыгъуэхэм я кууупIэм щыщу щIэину къытхуэна IуэрыIуатэрщ, - къыддэгуэшащ ФатIимэ. – Си гуапэу Iэрытхыр езгъэхьащ «Сказитель Руси» урысейпсо литературэ саугъэтым и зэпеуэм. Япэ увыпIэм сыщыгугъакъым, ауэ апхуэдиз тхакIуэ цIэрыIуэ зыхэтым си IэдакъэщIэкIыр нэхъыфIи 6-м щыхабжащ. Си дежкIэ ар саугъэт лъапIэщ.
УсакIуэм фIыщIэ хэха хуищIащ Бахъсэн школ №8-м и егъэджакIуэ, сурэтыщI, зи IэдакъэщIэкI гъуэзэджэхэмкIэ тхылъыр зыгъэщIэрэщIа Кипшиевэ Розэ.
ЗэIущIэм хэтащ усакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Зэгъэщтокъуэ Людмилэ, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Кавказым и ТхакIуэхэм я клубым хэт Атэбий Руслан сымэ, нэгъуэщIхэри. Ахэр гуапэу тепсэлъыхьащ Мэржэхъу ФатIимэ и творчествэм, и образхэм я кууагъыр къыхагъэщащ.
ФатIимэ и IэдакъэщIэкIхэм къеджащ КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтым и «Къэбэрдей-шэрджэс филологие», «Къэрэшей-балъкъэр филологие» къудамэхэм я япэ курсым щIэсхэу Балуев Мурзабек, Уэзрокъуэ Беллэ, Хъымбэзэр Данэ, Бгъэжьнокъуэ Кристинэ сымэ.
Пшыхьым и кIэухым КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтым ИнджылызыбзэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжь Борэн Мадинэ жиIащ: «Дэтхэнэми фIыщIэ фхузощI фыкъызэрытхуеблэгъам папщIэ. Мыпхуэдэ тхылъхэр щыпIэщIэлъым дежщ цIыхугъэ лъагэм, укъыщалъхуа щIыналъэм я хабзэхэр фIыуэ пщIэн, плъагъун зэрыхуейр, ди адэжьхэм къащIэна Iущагъыр зэрытхъумапхъэм ущегупсысыр. ФатIимэ, творческэ гукъыдэж мыухыж, цIыхубз насып, литературэ гъуэгу кIыхь уиIэну дынохъуэхъу». 
Дарий Дахэнур.
Поделиться:

Читать также: