Псышхуэр ди кIапсэрышэу

СыщыцIыкIум къыщыщIэздзауэ, си хъуэпсапIэт «адыгей» жыхуаIэхэр (кIахэ адыгэхэр) зыхуэдэр зэгъэщIэныр, ящыщ гуэрхэм нэIуасэ сахуэхъуныр, щыпсэу щIыпIэхэм зыщысплъыхьыныр. СощIэж, «щIалэ цIынэ» псалъэхэм нэхъ хуагъакIуэ ныбжьым ситу, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом адыгэбзэкIэ къит нэтынхэм, тедымауэ сызэредаIуэу щытари. А зэманырщ кIахэ псэлъэкIэр дыдейм къызэрыщхьэщыкIым япэу гу щылъыстари а бзэмкIэ къит уэрэдхэм едэIуэн щыщIэздзари.  

Ди адэм и анэм зэгуэр сеупщIат: «РадиомкIэ зэхэсх псалъэхэр адыгэбзэм сыту ещхь, мамэ (анэшхуэми арат дызэреджэр)!» - жесIэри. «Аращ, си тIасэ! А бзэр зэрахьэ «адыгей» жыхуэтIэу Псыжь и адрыщIымкIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм», - къызитыжат абы жэуап.

Курыт еджапIэм сыщыщIэса иужьрей илъэсхэм къыщыщIэдзауэ, лъакъуэрыгъажэкIэ къэжыхьынри, пэсщI щымыIэм хуэдэу, фIыуэ слъагъурт, сышэсамэ, сыздынимыгъэсын щымыIэу къысщыхъуу.

Ауэ щыхъукIи, лъакъуэрыгъажэкIэ зекIуэ гъуэгуанэ техьэныр нэ щIэщыгъуэкIэ дунейр уэзыгъэлъагъу-зозыгъэгъэпсэхущ, уи псэм нэхугъэр хэзыгъапсэщ, махуэ къэс къыбдэгъуэгурыкIуэ дунейм ухэзышщ. КъинэмыщIауи, абы хулъокI, лъэсу щIэх зэщIумыгъэхьэфын, машинэкIи уздынэмысыфын щIыпIэ гъуэзэджэхэр къуигъэплъыхьын. Къытхухэгъэщынущ, зи гугъу тщIы гъуэгуанэм хуэдэм техьэну тегушхуам гуфIи кIуэцIылърэ зи яужь ихьа Iуэхуми зригъэтхьэкъуауэ щытын зэрыхуейри

А щытыкIэм сызэрихьарагъэнт, Адыгэ Республикэм и къалащхьэм кIуэ автобусымкIэ а щIыналъэм ит Куэшхьэблэ пщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу сыщIынэсар, здесшэжьа лъакъуэрыгъажэри си Iэпэгъуу…  

Куэшхьэблэ сызэрынэсу, автобусым сыкъикIащ. Къыздисха лъакъуэрыгъажэм и шэрхъхэр щIэсIуэнтIэжри, сышэсащ. Сигу зэрислъхьамкIэ, а щIыпIэм километр I3-кIэ пэIэщIэ Еджэрыкъуей къуажэм, «гъущIышым» сытесу, пшапэр зэхэмыуэ щIыкIэ сыдыхьэн хуейт.

Ар къызэхъулIащ икIи а жылэм бысым щысхуэхъуащ куэд щIауэ си нэIуасэ Тхьэрыкъуахъуэ Къаплъэн и унагъуэр…

Нэху зэрыщу, сыкъэтэджри унэм сыкъыщIэкIащ, псом япэ зыкъэзужьа си гугъэжу. АрщхьэкIэ, унагъуэр зей нэхъыжьыфIхэр зи бжэр IугъэзэщIыкIа лэгъунлейм щIэст, я макъым зэрызагъэIэт щымыIэу, щызэдэуэршэру. ПщIантIэм сызэрыщыпэщащэр къыщалъагъум, Къаплъэнрэ абы и щхьэгъусэ Марзиятрэ къыщIэкIащ, «умышхауэ уемыжьэ» жаIэри, пасэу схуагъэхьэзыра Iэнэм сыпэрагъэтIысхьащ. КIуэ аракъэ, къэуат зыщIэлъ шхын гурыхьхэмкIэ сызэIурыуащ. Абы папщIи бысымхэм фIыщIэ яхуэсщIри, Iэнэм сыкъыпэрытэджыкIыжащ.

 Еджэрыкъуей сыдошэсыкI

А махуэм си мурадт «гъущIышымкIэ» Еджэрыкъуей къэзбгына иужь, Лабэ и псы Iуфэр си гъуазэу, ипщэ щIэплъыпIэмкIэ аддэ жыжьэу къыхэхужьыкI къуршхэмкIэ сунэтIыну.

Лъакъуэрыгъажэр иджыри зэ зэпэсплъыхьыжри, и теплъэм арэзы сыкъыщищIым, пщIантIэм къыдэсшащ. Бысымхэр къыскIэлъыдэкIащ. Абыхэм сыкъалъагъуу сытетIысхьэн сфIэемыкIути, гъуэгу нэхъыщхьэм нэс «гъущIышыр» Iэдэжу сшащ. АдэкIэ зыщIислъэфыхьын щыIэжтэкъыми, алъандэрэ зи «шхуэмылакIэр» сIыгъа «гъущIышым» сытетIысхьащ.

Си зэхэзекIуэкIэм лъакъуэрыгъажэр емызэгъыу къэзылъытэхэм саIумыщIэмэ нэхъ къасщтэрти, Еджэрыкъуейм нэхъ псынщIэу сызэрыдэжыным сыпылъащ. Ар къыщызэхъулIэм, ипэ пщыхьэщхьэм сыкъыздикIа КуэшхьэблэкIэ сунэтIащ. ЖыпIэнур арамэ, абы нэс дэлъ гъуэгуанэр, си Iэпкълъэпкъыр къызэщIигъэплъа мыхъумэ, къызэрыстехьэлъэ щымыIэу, къызэзнэкIащ.

Куэшхьэблэ

Адыгэ Республикэм и Куэшхьэблэ, Блашэпсынэ, Хуэдз жылэхэр къэбэрдей лIакъуэхэм къызэрагъэпэщауэ жызыIэхэм абыкIэ псом япэу тегъэщIапIэ ящIыр дэсхэр адыгэбзэм и къэбэрдей диалектымкIэ зэрыпсалъэрщ. Ауэ, итIани, къыхэгъэщыпхъэщ, а жылэхэм щыпсэухэм «къэбэрдейкIэ» щIеджэм и щхьэусыгъуэр нэхъ жыжьэ къызэрыщежьэр.

Куэшхьэблэ зэпэплIимэу къуажэ дахэщ, и уэрам Iэхуитлъэхуитхэр языныкъуэ щIыпIэхэм деж щызэхыхьэжрэ адэкIэ щызэхэкIыжу.

А къуажэм сыкъыщыувыIакъым, кIуэ, псылъэм итыр зэрыщызэсхъуэкIар къыумылъытэмэ. АтIэми, Куэшхьэблэ и къэунэхукIам, и фIэщыгъэр къызытехъукIам зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми я гугъу тщIынщ.

Мы къуажэр а цIэ дыдэр зезыхьэ районым и жылащхьэщ, Лабэ псышхуэм и Iуфэ Iусщ, адрыщIымкIэ щыIэ Курганинск къалэм (Краснодар крайм хеубыдэ) хуэзанщIэу. Куэшхьэблэ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ километр 60-кIэ пэIэщIэщ, и ищхъэрэ-къуэкIыпIэмкIэ щыIэу. Мы жылэм дэтщ а цIэ дыдэр зезыхьэ гъущI гъуэгу станци. Абдежым къыщоувыIэр Армавиррэ ТIуапсырэ зэпызыщIэ мафIэгухэр. Къуажэм цIыху мини 7,3-м нэблагъэ щопсэури, дэсым я процент 87-р адыгэщ.

 Куэшхьэблэ ящыщщ Урыс-Кавказ зауэм иужькIэ Хэкужьым къафIина «къэбэрдей хьэжрэтхэм» щIэрыщIэу къызэрагъэпэщыжа жылэхэм. Къуажэр япэщIыкIэ Лабэ и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ щетIысэхат, Курганинск къалэмрэ Михайловскэ урыс жылэмрэ я зэхуаку дэту. АрщхьэкIэ, а щIыпIэм Лабэ и кIуапIэм щIэх-щIэхыурэ зэрызыщихъуэжым къыхэкIыу, къуажэм дэсхэм псыр щIэх-щIэхыурэ ящIэуэрти, Лабэ округым и администрацэм зи гугъу тщIы жылэм тIысыпIэщIэу хуигъэлъэгъуащ псышхуэм и сэмэгурабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэ щIыгу нэщIыр.

«Куэшхьэблэ» фIэщыгъэр IыхьитIу зэхэтщ. «Куэш» - «куэшын» псалъэр инжыдждэс, лабэдэс къэбэрдей адыгэхэм я бзэм къызэрыщыкIуэр «Iэпхъуэн» мыхьэнэм техуэущ. «Хьэблэ» Iыхьэм къикIыр, зэрытщIэщи, «къуажэ», «жылэ» жыхуэтIэрщ. Гу лъытапхъэщ, а цIэ дыдэр зезыхьэ къуажэ Къэрэшей-Шэрджэсым зэритми.

Адыгэ Республикэм и Куэшхьэблэ жылэр, дэсхэми зэхацIыхукIыу, хьэблэ-хьэблэу ноби гуэшащ. Абыхэм зэреджэр Къэбэрдейр къежьапIэ зэрахуэхъуар зыгъэнаIуэщ: Анзорей, Дохъушыкъуей, Трамэхьэблэ, Къубатей, Бекъулей, Бэгъущей, къинэмыщIхэри.

Къуажэм и Iэгъуэблагъэм узыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэри гъэщIэгъуэнщ: «Iуащхьэ ныкъуэ», «Iуащхьэ дахэ», нэгъуэщIхэри.

                                      Хуэдз зэщIэхъееныгъэм и Iэужьу

А лъэхъэнэм нэхъ сыдэзыхьэхыу щытар адыгэхэр щыпсэуа жыжьэрылъэIэс щIыналъэхэм, псом хуэмыдэжу бгылъэ щIыпIэхэм, зыщысплъыхьыныр арати, мы зекIуэм щыщу гукъинэж нэхъ сщыхъуахэм щыщIадзар Лабэ и ныджэм декIуэкI сэнтхым зиIэта иужькIэщ.

Куэшхьэблэ ипщэкIэ сызыщрихьэлIа жылэ цIыкIу псоми адэкIэ я гугъу сымыщIу, ящыщ зым - Блашэпсынэ (Лашэпсынэ) - къызэрыхъуа щIыкIэм кIэщIу сытепсэлъыхьынщ. Къэбэрдей адыгэхэм къызэрагъэпэща мы къуажитIым я зэхуаку дэлъыр километр 11,6-рэщ.

Блашэпсынэ къуажэр Адыгэ Республикэм и Куэшхьэблэ щIыналъэм щежэх Щэхъурадж псым и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ щысщ. 2025 гъэм къызэрабжамкIэ, цIыху мини 3,5-м нэблагъэ дэсщи, я нэхъыбапIэр (процент 98,7-р) адыгэщ. Жылэм и цIэр IыхьитIу зэхэтщ: «блашэ» - жыг лIэужьыгъуэ (клён), «псынэ» - щIыщIагъыпс мыхьэнэхэр къикIыу.

Блашэпсынэрэ абы пэгъунэгъуу щетIысэха адрей адыгэ жылэхэмрэ я Iэхэлъахэр ящыщщ Урыс-Кавказ зауэжьым иужькIи зэпIэзэрытыпIэ зрамыта щIыпIэхэм, щыпсэухэр пащтыхь администрацэм гугъу зэрыригъэхьам къыхэкIыу.

Апхуэдэу, 1868 гъэм, «Хуэдз зэщIэхъееныгъэкIэ» зэджэ зэпэщIэувэныгъэм иужькIэ, Блашэпсынэ къагъэIэпхъуауэ щытащ лIакъуэлIэшхэу Ашабэхэ, Дерхэ, Думэнхэ, Дохъушокъуэхэ, Къандаурхэ, Щоджэнхэ, нэгъуэщIхэри, я цIыхухэр я щIыгъуу.

Иджы къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэу счын хуейр Лабэ Iус къэбэрдей адыгэ къуажэхэм ящыщу ищхьэхэмкIэ нэхъ къыщызэтена Хуэдз жылэшхуэм сынэсыныр арати, гъущIыш цIыкIумрэ сэрэ ди гъуэгум хэдгъэщIащ, дыкъызэрыувыIэ щымыIэу…

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

 

Поделиться:

Читать также: