Темыркъан Юрэ и цIэр фIащащ

 Санкт-Петербург и Мариинскэ театрым и гупэм къит утым фIащащ СССР-м и цIыхубэ артист, Санкт-Петербург щIыхь зиIэ и цIыху, ди хэкуэгъу дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Юрэ и цIэр.

Губернатор Беглов Александр Iэ щIидзащ Санкт-Петербург къалэм и Правительствэм Адмиралтейскэ районым и Декабрист уэрамым и унэ №37-мрэ №39-мрэ я зэхуакум щыIэ утым Темыркъан Юрэ и цIэр фIэщыным теухуауэ къыхилъхьа унафэм. НэхъапэIуэкIэ а Iуэхум арэзы техъуат топонимикэ комиссэри.

Темыркъан Юрэ и гъащIэри и лэжьыгъэри епхауэ щытащ Ленинградрэ иджырей Санкт-Петербургрэ. Ленинград къалэм оперэмрэ балетымкIэ и къэрал академическэ театр Кировым и цIэр зезыхьэм  (иджы Мариинскэ театрым) 1976 гъэм щыщIэдзауэ 1988 гъэ пщIондэ и художественнэ  унафэщIу икIи дирижёр нэхъыщхьэу ар щытащ.

 - Санкт-Петербург щыпсэухэм я дежкIэ Темыркъан Юрэ гъуазджэмрэ къалэмрэ къулыкъу зэрахуэпщIэнум и щапхъэщ. Шэч хэмылъу, абы и цIэр къэралым и тхыдэм къыхэнэнущ. 2026 гъэр Санкт-Петербург щагъэуващ Щэнхабзэм и илъэсу. Аращи, маэстро гъуэзэджэм и цIэр щIэблэм къахуэдгъэнэным теухуа зы лъэбакъуэ иджыри доч. Мыхьэнэшхуэ иIэщ Темыркъан Юрэ и цIэр Санкт-Петербург театр, музыкэ хабзэхэр щызекIуэ и щIыпIэм зэрыщахъумэм, - жиIащ Беглов Александр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

Поделиться:

Читать также: