Шыгъушыпсри Iэмалщ

Сабийм и акъылым зыщиужьым къыщыщIэдзауэ зыщIэдэIуамрэ илъэгъуамрэ и гум къонэ. 
Апхуэдэу си анэм и анэ Аружан дэслъэгъуахэр сщыгъупщэжыркъым. 
ПсэухукIэ хущхъуэ къигъэщхьэпакъым а си анэшхуэм, къигъэсэбэпар удзхэкIхэм къыхихымрэ хадэхэкIымрэт. «Зы удз дунейм къытехьэркъым, сэбэпынагъ гуэр хэмылъу», - жиIарейт абы. И хадэм жыг лIэужьыгъуэу имыт щыIэтэкъым. «ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым хущыщIэр мыбы ит жыгхэм къапыпхыфынущ», - дигъэIущырт. ГъэщIэгъуэнракъэ, щIэныгъи бгъэдэльтэкъым, тхылъи еджэфыртэкъым, ауэ зыхимыщIыкI щымыIэм хуэдэт.
Иджыпсту уз гуэрым и хущхъуэгъуэ къэтлъыхъуэн хуей хъумэ, Интернетыр къыдогъэсэбэп. Зи гугъу сщIы а си анэшхуэр щыцIыкIуа зэманми къыдэкIуэтея нэужьи, Интернет щызогъэтри, хуиту тхэфыр мащIэт. Ауэ а лъэхъэнэм псэуа ди нэхъыжьыфIхэм куэдым хащIыкIырт, езыхэм ябгъэдэлъыр я бынми зэрырагъэщIэным яужь итт. Анэшхуэм сызыхуиущия Iэмалхэм ящыщ зыбжанэм я гугъу сщIынщ.
Шхыным хэтлъхьэ шыгъур нэгъуэщIхэмкIи сэбэпщ. Псалъэм папщIэ: уезэшауэ унэм ущIыхьэжамэ, Iэпэм тез шыгъу къыбощтэр, уи Iэгум иболъхьэ, абы псы тIэкIу хыбогъаткIуэри, уи напэри уи Iэблэхэри иболъэщIэх, икIи зыхэпщIэу уи Iэпкълъэпкъыр нэхъ жан мэхъуж. 
КъинэмыщIауэ, псы хуабэм шыгъу тIэкIу хыбокIутэ, абы уи лъакъуэхэр хыбогъэувэри, зы сыхьэт ныкъуэкIэ хыбогъэт. Абыи уи Iэпкълъэпкъыр псынщIэ ещI, егъэтынш, лъакъуэхэр «къызэрыпсэужари» зыхыбощIэ. 
Узыфэ куэд шыгъушыпскIэ ягъэхъужыфу щытауэ жиIэжырт си анэшхуэм. Мы сэ къестхэкIар си щхьэкIэ зэгъэунэхуащи, аращ тегушхуауэ щIэстхыр.

 

КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться:

Читать также: