Хъыбар кIэщIхэрЛэжьыгъэм IэмалыщIэхэр къыхашэ «Россети Кавказ Ищхъэрэ» компанием и «Къэббалъкъэнерго» къудамэм къыщапщытэжащ 2025 гъэмрэ дызэрыт илъэсым и япэ мазитIымрэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм къарикIуахэр. IуэхущIапIэм и унафэщI Зэгъэщтокъуэ Резуан зэрыжиIамкIэ, электрокъарууэ яфIэкIуэдым и куэдагъыр гъэмэщIэнымкIэ энергетикхэм ятелъа планыр ягъэзащIэри, уеблэмэ щIрагъэгъуащ. Электрокъарууэ яфIэкIуэдым и куэдагъым процент 18,97-кIэ хагъэщIащ 2025 гъэм икIи абы ипэ ита илъэсым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 0,86-кIэ нэхъ мащIэщ ар. «Къэббалъкъэнергом» нэгъабэ телъа планым процент 1,16-кIэ щIрагъэгъуащ – ар киловатт-сыхьэту (кВт/ч) мелуан 23-рэ мэхъу. ЖыпIэнурамэ, фейдэуэ кърагъэщIам и куэдагъым тхьэмахуитI енкIэ Налшык къалэ (цIыху мин 245-м щIигъу зыщыпсэур) электрокъарукIэ къыхузэгъэпэщынущ. Дызэрыт илъэсым и щIышылэм – мазаем къриубыдэу цIыхухэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ къагъэсэбэпащ электрокъарууэ киловатт-сыхьэт мелуан 286,9-рэ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ киловатт-сыхьэт мелуан 11,8-кIэ нэхъыбэщ ар. Республикэм и энергетикхэм я лэжьыгъэхэр иригъэфIэкIуэн яхузэфIэкIащ хабзэр къызэпызыуду электрокъарур къэзыгъэсэбэпхэм я бжыгъэр зэрагъэмэщIам, электрокъарур здэкIуэ щIыпIэхэр къэзыпщытэ иджырей технологие ехьэжьахэр къызэрыхашам, цIыхухэм драгъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэхэм я фIыгъэкIэ. Къалэ уэрамхэр зыхуей хуагъазэ «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ республикэм и къалащхьэм лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкI мы махуэхэм. Псалъэм къыдэкIуэу, 2025 гъэм Налшык къалэ администрацэмрэ ухуэныгъэ IуэхущIапIэмрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIауэ щытащ Тэрчокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым псы къабзэ, къагъэсэбэпар зэрыкIуэ и бжьамийхэр иджырей мардэм хуэкIуэ материалхэм къыхэщIыкIахэмкIэ зэрахъуэкIыну. Лэжьыгъэхэр иджыпсту щрагъэкIуэкI Тэрчокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамыр Кировым и цIэр зезыхьэм щыхыхьэжым деж щегъэжьауэ Головком и цIэр зезыхьэм нэсыху я зэхуакум дэлъ щIыпIэм. КъищынэмыщIауэ, Байсултановым и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Головком и цIэр зезыхьэм нэсыху псы къабзэ, къагъэсэбэпар зэрыкIуэ бжьамийхэр, псы жапIэхэр щызэрахъуэкIащ. Иджыпсту а уэрамым асфальтыщIэ зэрытралъхьэнум лъабжьэр хуагъэхьэзыр, къедза щIыпIэр зэIузэпэщ ящI. ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым, Байсултановым и цIэр зезыхьэм деж нэсыху, псы къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр щаукъуэдиящ. Псы къабзэ зэрыкIуэ бжьамийхэр дэлъхьэным, псы жапIэхэр хуэщIыным яужь итщ лэжьакIуэхэр иджыпсту. Абыхэм къыдэкIуэу, гъуэгум асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ зэрытралъхьэным хуагъэхьэзыр. А лэжьыгъэхэр хуэунэтIащ къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным икIи нобэкIэ IэщIагъэлIу 45-50 абы щолажьэ, иджырей техникэу 20-25-рэ къыщагъэсэбэп, къитащ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




