Лэжьыгъэшхуэ зэхаублэ

Бахъсэн къалэ администрацэм и жэрдэмкIэ къалэм и инфраструктурэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ пэхуэщIэ ин абы щагъэзащIэ. ЖыпIэнурамэ, «Кооператор» хьэблэм псы къагъэсэбэпар зэрыIуаш коллекторыщIэ щаухуэ.

Ухуэныгъэм псори зэхэту километри 2100-м нэблагъэ и кIыхьагъщ. Иджыпсту лэжьакIуэхэм бжьамийхэр зыдалъхьэну щIыр датIыкI, псыкъуийхэр щагъэув. Абыхэм къыщагъэсэбэпыну материалхэр иджырей мардэм къитIасэ, зыри къащымыщIу пIалъэ кIыхькIэ щIым щIэлъынухэм хуэдэхэрщ.

Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI Фрунзе, Лазо, Боевым, Угнич сымэ я цIэхэр зезыхьэ, Шэрджэс уэрамхэм. Мы хьэблэм щыIэщ фэтэр куэду зэхэт унэхэм хуэдэу 30-м нэблагъэ икIи цIыху 500-м щIигъу абыхэм щопсэу.

Къалэ администрацэм зэрыщыжаIамкIэ, коллекторыщIэр ухуэн яухмэ, къалэдэс минищ-плIым я Iуэхухэр нэхъ тынш хъунущ, хьэблэм щыщыIэ экологие, санитар щытыкIэхэри ефIэкIуэнущ.

Лэжьыгъэхэр мы гъэм накъыгъэм и 1-м ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ.

ЧЭМОКЪУЭ Мылэ.
Поделиться:

Читать также: