Ди щIыналъэр фIыуэ зылъэгъуа тхакIуэ

ТхакIуэ, зыплъыхьакIуэ, къэхутакIуэ цIэрыIуэ куэд Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэм пыщIауэ къэгъуэгурыкIуащ, ди лъахэр къазэрыщыхъуар ятхыжу, яIуэтэжу. Абыхэм ящыщ зыщ урыс совет тхакIуэ Внуков Николай Андрей и къуэр (1925 - 2011 гъэхэм псэуащ). Абы къикIуа гъуэгуанэм куэд щымыгъуазэми, и гъащIэр гъэщIэгъуэну къекIуэкIащ.

ЩIалэ цIыкIур 1925 гъэм щэкIуэгъуэм и 8-м Зарайск къалэм къыщалъхуащ. Илъэси 4-м иту, унагъуэм я Iуэхур зэрымыщIагъуэм къыхэкIыу, ар и адэм и шыпхъу Савинэ Еленэ игъэсэну иратат. Апхуэдэу илъэси 6 хъухункIэ Николай Ленинград дэсащ, 1932 гъэм и адэ шыпхъум и гъусэу, Кавказ Ищхъэрэм къэIэпхъуащ.

Николай и ныбжьэгъу Лесев Виталий игу къигъэкIыжырт: «Гъэмахуэм фIыуэ тлъагъу ди щIыпIэхэм ящыщт Налшык псыежэхыр, Трек гуэлыр, Зей ЦIыкIу бгыр, паркыр; школым дыкъыщыдэхуэм, ди зэманыр Пионерхэм я Уардэунэм щыдгъакIуэрт, пхъэ лъэрыжэкIэ къэзыжыхьхэм дахэтт. А псом и щIыIужкIэ, зыхэтлъхьэ щымыIэу тфIэфIт къалэ библиотекэм дыкIуэну».

Николай ЕтIуанэ цIыхухъу школым щеджащ. Ар щыхупIэ лъагэм тетт, псыежэхыр и лъабжьэу. Гъэмахуэм щIалэ цIыкIухэр темыпыIэжу пэплъэрт дерсхэр иухыу къурш псы щIыIэтыIэм нэхъ псынщIэу зэрызыщагъэпскIыным.

ЗэратхыжымкIэ, Николай дерсхэм художественнэ литературэ еджэу щыщIэсыр нэхъыбэт. Абы щхьэкIэ егъэджакIуэхэм губгъэн къыхуащIырт, унафэщIым деж ираджэрт. Ауэ еджапIэм и унафэщI Кудряшов Леонид къыгурыIуэрт ар тхылъ гъэщIэгъуэнхэм зэрыдихьэхри, лейуэ къешхыдэртэкъым.

«Дэ япэ сменэм дыщеджэрт. Япэ сменэр псом нэхърэ нэхъыфIщ. Дерсхэм ущIэсыху, псыежэхым ит псыр фIыуэ къэхуэбэжыну хуносри, иужьрей дерсым уэзджынэр къызэреуэу, дызэпеуэу щыхупIэм дыкъехыжу мывэкIэщхъ хужь джафэ зыдэлъ псы Iуфэм дожэ», - щетх Внуковым «Рыбий жир» и рассказым.

Апхуэдэу гукъеуэншэу илъэсхэр блэкIырт. Ауэ Николай къызэплъэкIыну хунэмыс щIыкIэ, сабиигъуэр иухащ. Ар къыщыхъуар 1942 гъэм и гъэмахуэрщ. Илъэс 17-м иту щIалэр дзэм ираджащ, Хэкур ихъумэну.

ШыщхьэуIум и 10-м зэуапIэм ар Iухьащ. 37-нэ армэм и 389-нэ фочауэ дивизэм и 413-нэ батальоным пулеметчикыу хагъэхьащ. Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм Налшык къыщыхъуахэм теухуащ абы и «Приказ по шестому полку» рассказыр. Абы къыщигъэлъэгъуар пэжу къэхъуа Iуэхугъуэт - бийр къалэм щыдэкIыжым, унэхэр къэзыгъэуэну зи мурадахэр къызэтезыгъэувыIа налшык школакIуэхэм зэрахьа лIыгъэрт.

…Танк зэхэуэм цIыху 260-рэ хъууэ щыта гупым щыщу псэууэ къэнэжар 39-т. Абыхэм ящыщт Николаи. «Елъхъуэт дыхьэпIэм» деж щекIуэкIа зэхэуэм ар уIэгъэ щыхъуат. Абы иужькIэ Орджоникидзе къалэм (Владикавказ) щыIэ сымаджэщым ягъэкIуащ.

1943 гъэм Мэздэгу хуит къэзыщIыжахэми ар яхэтащ, связымкIэ 4-нэ батальон щхьэхуэм и радисту. ИтIанэ Дон Iус Ростов, Новочеркасск, Новошахтинск, Кривой Рог, Тирасполь хуит къэзыщIыжахэм яхэтащ. Венгрием, иужькIэ Австрием нэсащ, Хэку зауэшхуэр Венэ къыщиухащ.

«АрщхьэкIэ бадзэуэгъуэм и кIэм аргуэру эшелонхэм драгъэтIысхьэри, Борзя станцым дыкъыщыхутащ, итIанэ Маньчжурием и гъунапкъэм дызэпрыкIащ. Мыбдежым Забайкальем щыIэ 36-нэ армэм дыхэту Хайлар, итIанэ Цицикар къэтщтащ. А етIуанэ зауэр Мукден къыщызухащ», - етхыж Николай.

Внуковым къыхуагъэфэщащ «Кавказыр зэрахъумам папщIэ», «Хахуагъэм папщIэ», «Будапешт къызэращтам папщIэ» «Венэ къызэращтам папщIэ», «Японием зэрытекIуам папщIэ», «1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Германием зэрыщытекIуам папщIэ» медалхэр, Хэку зауэ орденыр. Ар тIэунейрэ уIэгъэ хъуащ.

1947 гъэм Николай Налшык къэкIуэжри, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и литературэ лэжьакIуэу уващ. Апхуэдэуи пщыхьэщхьэ школым епщIанэ классыр къыщиухри, 1948 гъэм Ленинград Iэпхъуэжащ, университетым щIэтIысхьащ.

Налшык Внуковыр иужькIи къэкIуащ. А лъэхъэнэр абы къыщигъэлъэгъуэжащ 1985 гъэм «Искорка» сабий журналым къытрадза «Голубое стекло» и повестым.

Урысейм и машинэухуэхэм я зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Тхьэмокъуэ Анзор жеIэ Внуков Николай и тхыгъэ куэдым къызэрыщыхигъэщыр ар Налшык къалэм къызэрымыкIуэу пыщIауэ зэрыщытар: «Библиотекэхэм я лэжьакIуэхэм, журналистхэм, лъахэхутэхэм дащыхуэзэкIэ, Внуков Николай и творчествэм гу нэхъ лъедгъэтэну дыхэтщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр цIыхухэм яIэрыхьэн папщIэ, библиотекэхэм я фондхэм хэтлъхьащ абы и тхылъхэм щыщ».

КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, Внуков Николай и тхыгъэхэм иджыри щIэупщIэ яIэщ, ахэр, илъэс къэс жыхуаIэм хуэдэу, тхылъ тедзапIэ нэхъыщхьэхэм къыдагъэкIыж зэпытщ. Санкт-Петербург абы и цIэр щыфIащащ Выборг районым и Сабий библиотекэ нэхъыщхьэм.

ГъэщIэгъуэнщ Николай и «Один» повестыр 1988 гъэм Японием сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я тхылъ нэхъыфIу къызэрыщалъытари. Ар япон школакIуэхэр зэджэн хуейуэ къагъэлъагъуэхэм яхэтщ.

Зэман кIыхькIэ авторыр щылэжьащ «МафIэ» сабий журналым. 1963 гъэм къыщыщIэдзауэ 2004 гъэ пщIондэ абы къытехуащ Внуковым и тхыгъэ 15-м щIигъу. Абыхэм яхэтщ щIы хъурейм и къэхутакIуэхэм, хыдзэлIхэм, фантастхэм ятеухуа рассказхэр, очеркхэр, тхыгъэхэр. Апхуэдэу и IэдакъэщIэкI традзащ «Смена» газетым, «Аврора» журналым, «Искорка» журналым, нэгъуэщI къыдэкIыгъуэхэми. Уи щхьэр лъагэу уегъэIэт уи лъахэм нэгъуэщI тхакIуэхэр тетхыхьыу ущрихьэлIэкIэ, абы щIыналъэми и пщIэр къеIэт, шэч хэмылъу.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: