Ныбжьэгъу зэрыгъэхъуахэр

«Акрополь» хьэщIэщым мэ­лыжьыхьым и 29-м щы­зэ­хуащIыжащ ди щIыналъэм къы­щагъэщIэрэщIэжа «Зэ­ныбжьэгъугъэ-2026» щIалэгъуалэ Iуэхум и зи чэзу Iы­хьэр. Абы хэта щIалэхэм ящIы­гъуащ я Iыхьлыхэри. КъБР-м. Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проекхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщ мы зэхыхьэ щхьэпэр хэлъ­хьэ­ныгъэфIщ УФ-м и Президентым 2026 гъэр ­Урысейм и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыны-гъэм и илъэсу зэ­рагъэувам теухуауэ къэралым щызэфIагъэкIхэм.

Iуэху зэрырагъажьэрэ ­КъБР-м, Кавказ Ищхъэрэ ­федеральнэ щIыналъэм и ­хэгъуэгухэм, УФ-м, хамэ къэ­рал­хэм щыпсэу ныбжьыщIэ куэд къуэш зэрыгъэхъуауэ ­унагъуэкIэ зэкIэлъокIуэ. Абы хэтщ илъэс 14-м щыщIэдзауэ 17-м нэс зи ныбжь щIалэхэр. Мыгъэрейм къыхашащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и къуа-жэ, къалэ псоми щыщхэр. Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм я мурадщ ижь-ижьыж лъандэ-рэ Кавказым щызекIуэ хьэ­щIагъэ хабзэ дахэр къагъэщIэ­рэ­щIэжыну, лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэр, жэуаплыныгъэ зыпылъ зэхущытыкIэ дахэхэр нэхъыжьхэм щIэблэм къы­хуагъэнэну, зэгурыIуэ, мамы­рыгъэ яку дэлъу, зым и хабзэм адрейм пщIэ хуищIу къэгъуэгурыкIуэ кавказ лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм зрагъэуб­гъуну. Бзэ, хабзэ, дин зэмы­лIэу­жьыгъуэхэр зезыхьэ лъэпкъхэр мып­хуэдэ Iуэхум          зэкъуегъэувэр, пщIэ зыхуащIу ирегъасэ. 
Жэуаплыныгъэ ин зыпылъ мы Iуэхум хэта унагъуэхэм ­фIы­щIэ хуащIащ. Псом хуэ­мыдэу къалэнышхуэ къапэ­щылът щIалэхэр щыхьэщIа уна­гъуэхэм, абыхэм я еджэнкIи зыгъэпсэхункIи, я унэ щы- I­эж хуэдэу, егугъуу тхьэмахуэкIэ къызэрагъэпэщын хуейти. Псалъэ гуапэхэр хужаIащ Iуэхур гъэзэщIэныр къадэзы­Iыгъа къалэ, къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэми. 
ХьэщIапIэ щыIа щIалэхэмрэ абыхэм бысым яхуэхъуахэмрэ чэзууэ утыкум кърашэурэ ­тхьэ­махуэр зэрагъэкIуам, щIэуэ къащIам трагъэп­сэ­лъы­хьыжащ. «Зэныбжьэ­гъугъэ-2026» Iуэхум щIалэ 18 хэтщ. Япэу ирагъэблэгъащ Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ ­Бабугент къуажэм щыщ, 10-нэ классым щеджэ Ульбашев ­Артуррэ Аруан щIыналъэм хыхьэ Джэрмэншык къуажэм щыпсэу, 10-нэ классым щIэс Джыназ Алихъанрэ. АдэкIэ утыкум кърашащ Тэрч щIыналъэм и Дей къуажэм щыщ, ­10-нэ классым щеджэ Джэурджий Иналрэ Дзэлыкъуэ ­щIыналъэм и Кичмалкэ къуа­жэм щыпсэу, 8-нэ классым щIэс Умаров Мухьэмэдрэ, ­Май щIыналъэм и Май къалэм щыщ Горбунин Романрэ Тэрч щIыналъэм и Урожайнэ къуа­жэм щыпсэу Къущхьэунэ Эльдаррэ, Iуащхьэмахуэ щIы­налъэм хыхьэ Нейтринэ къуа­жэм щыщ Ризаев Албэчрэ ­Бахъсэн районым хыхьэ Ис­­лъэмей къуажэм щыщ Къэ-жэр Астемыррэ, Бахъсэн щIы­налъэм и Псыхъурей ­къуажэм щыщ Хъуран Къантемыррэ Прохладнэ щIыналъэм и Прохладнэ къалэм щыщ Носов Александррэ. ЩIа­лэхэр къы­теувыIащ зыхэта Iуэхур ягу зэ­рыдыхьам, ку­рыт еджапIэм къыщыдэ­хуэ­кIэ зыгъэпсэху­гъуэ зэманыр зэрагъэкIуам, щIыпIэ дахэхэм зыплъыхьакIуэ зэрыщыIам, унагъуэ IуэхухэмкIи дэIэпы­къуэгъу зэрыхъуам, ныбжьэгъу куэд яIэ зэры-                 хъуам, бысымхэм я лъэпкъ шхыныгъуэхэр къазэрыщы­хъуам, гъунэгъу лъэпкъхэм я гъащIэм, хабзэхэм щыщу къащIахэм, нэ­гъуэщIхэми. ЩIалэхэм я адэ-анэхэм псалъэ щратым жаIащ хьэщIапIэ щы­Iа я бынхэм бысымхэм я деж гулъытэ зэрыщагъуэтар, дя­пэкIэ щIалэхэм я мызакъуэу, унагъуэкIи зэкIэлъыкIуэну зэ­рамурадыр. НыбжьыщIэхэм иратащ мы Iуэхум зэрыхэтам щыхьэт те­хъуэ сертификатхэмрэ саугъэт­хэмрэ. Адэ-анэ­хэми фIы­щIэ тхылъхэр тыгъэ хуащIащ.
- ПщIэ зыхуэтщI адэ-анэхэр, Iуэхум хэта щIалэхэр фы­зэ­ры­цIыхуну, ныбжьэгъу фызэрыгъэхъуну, лъэпкъ зэмылIэу­жьы­гъуэхэм ящыщхэм зэху­щы­­тыкIэ дахэхэр фи зэхуаку ­къы­дэхъуэну фыхунэсащ. ­«Зэ­­ныбжьэгъугъэ» Iуэхум хэтхэм хуабагъэрэ гуапагъэкIэ гъэнщIа, нэхъыжьыфIхэм къыт­­хуагъэна лъапIэныгъэхэр - лъэпкъхэм я зэкъуэтыны-гъэр, хьэщIэм пщIэрэ гулъы­тэрэ хуэщIыныр зи лъабжьэ ­хабзэ дахэр - къагъэщIэрэ-щIэж, зым и псэукIэм, шхыныгъуэхэм адрейм зыщигъэ­гъуэзэнымкIи IэмалыфIщ, - жиIащ КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI Те-       куев Амырбий. - Iуэхум хэта щIалэхэм ар щхьэпэ зэрахуэхъунум, илъэс куэдкIэ я зэ­ныбжьэгъугъэм зэрыпащэнум, къуэш пэлъытэ зэрызэры­гъэхъунум шэч къытесхьэркъым.
- Кавказым щыпсэу лъэпкъ­хэр зэгурыIуэрэ мамырыгъэрэ ди зэхуаку дэлъу, гъунэгъухэм я хабзэмрэ щэнхабзэмрэ ­      пщIэ хуэтщIу дыкъызэдокIуэкI. «Зэ­ныбжьэгъугъэ» Iуэху гуа­пэм зэ­­рыпащэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абы хэтахэр, ныбжьэ­гъуми къыщымынэу, благъэ фызэрызэхуэхъуар ди нэгу щIокI. ЩIалэгъуалэм дыф­щогугъ ди хабзэ дахэр, лъапIэныгъэхэр фхъумэну. Зы щIыналъэм дызэрыщыпсэум и мызакъуэу, лъэпкъ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэм щыщхэм унагъуэ зэраухуэм и щапхъэ куэд диIэщ. Абы пыфщэну, фи гъащIэ псокIи къуэш пэлъытэу фызэхущытыну, фызэ­кIэ­лъы­кIуэну, ехъулIэныгъэхэр фиIэну сынывохъуэхъу! Зэхыхьэм хэта щIалэхэми, фи адэ-анэхэми, ар къызэзыгъэпэщахэми фIыщIэ фхуэфащэщ, - жиIащ КъБР-м и прокуратурэм и Ве­теранхэм я советым и уна-фэщI Мэшыкъуэ Хьэчим.
- Тхьэмахуэ ипэкIэ зэры­цIы­хуа ныбжьыщIэхэм, унагъуэ­хэм я зэхущытыкIэ гуапэхэм-кIэ нэрылъагъущ «Зэныбжьэгъугъэ-2026» Iуэхур къыхэ­зылъ­хьахэм я къалэнхэр къа­зэрехъулIар. Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хыхьэу, республикэм щыпсэу щIалэхэр щIы­налъэм и нэгъуэщI къуа­жэхэмрэ къалэхэмрэ щыщ унагъуэхэм зэрыщыхьэщIам мы­хьэнэшхуэ иIэщ. Iуэхур лъэпкъ­хэм я зэкъуэтыны- гъэм, зэныбжьэгъугъэр ­гъэ­бы­дэ­ным хэлъхьэныгъэфI хуэ­хъуащ. Лъэпкъхэм ди ­зэ­къуэ­тыныгъэр ди къару нэхъыщ­хьэу къонэж. Лъэпкъ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэм щыщхэм унагъуэ зэраухуэм къыдэ-кIуэу, адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ унэцIэ куэд зэщхьу диIэщ. Фи ныбжьэгъугъэр кIыхь хъуну сынывохъуэхъу! - жиIащ КъБР-м и прокуратурэм и Ветеранхэм я советым хэт Мизиев Магомед. 
Зэхыхьэ гуапэм хэтахэм я ­нэгу зрагъэужьащ уэрэджы­IакIуэхэу Абэнокъуэ Альмирэ, Биев Аслъэн сымэ, Налшык къалэм ГъуазджэхэмкIэ и Сабий школ №1-м къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта и «Ровест­ница» ансамблым, лъэпкъ къа­фэхэмкIэ щапхъэу къалъыта «Зори Кавказа» ансамб­лым, нэгъуэщIхэми.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр Къарей  Элинэ трихащ.

Поделиться:

Читать также: