Къэхъуар зи лъабжьэ«Russiа Todаy» телеканалымрэ «Sputnik» дунейпсо хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэмрэ я редактор нэхъыщхьэ Симоньян Маргаритэрэ журналист Рогаткин Александррэ трахащ «Беслан» документальнэ фильмыр. Абы лъабжьэ хуэхъуащ Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэм хыхьэ Беслъэн къалэм дэт курыт еджапIэ №1-м 2004 гъэм фокIадэм и 1-м къыщыхъуа гузэвэгъуэр. Урысей Федерацэм фокIадэм и 3-р Террорым пэщIэтыным и махуэу щагъэуващ икIи илъэс къэс ягу къагъэкIыж терракт нэхъ гущIэгъуншэхэм ящыщу тхыдэм къыхэна Беслъэн къалэм дэт школым къыщыхъуа гузэвэгъуэм хэкIуэдахэр. Абы ирихьэлIэу утыку кърахьащ цIыху 330-рэ зыхэкIуэда (186-р сабийщ), цIыху 800 уIэгъэ щыхъуа террактым траухуа «Беслан» фильмыр. Абы хэтщ а махуэр зи нэгу щIэкIа цIыху 40-м щIигъу, террористхэм яубыдахэри къызэщIиубы- дэу. Апхуэдэу фильмым къыщагъэпсэлъащ щIэпхъаджащIэхэм ящыщу псэууэ къэна Кулаев Нурпаши. Абы къуаншэу зыкъилъытэжыркъым, къыхуащIа унафэр игъэзэщIауэ аращи.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




