Тхыдэр я гъуазэуФэеплъым, фIэщхъуныгъэм, зэкъуэтыныгъэм теухуауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ псалъэмакъ утыку къыщрахьащ иджыблагъэ КъБКъУ-м. Абы щызэхуэсащ республикэм и къулыкъущIапIэхэм, дин лэжьакIуэхэм, жылагъуэм, студентхэм я лIыкIуэхэр. Абыхэм я мурад нэхъыщхьэр ди адэжьхэм зэрахьа лIыгъэр гъэлъэпIэнырт, тхыдэм и пэжыр щIэблэм гурагъэIуэнырт. Къызэхуэсахэр япэщIыкIэ - «Роль духовенства в Великой Победе» сурэт гъэлъэгъуэныгъэм, итIанэ «Голос Победы» театр теплъэгъуэм еплъащ, иужькIэ бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэм и лъэхъэнэм тхыдэ фэеплъыр хъума зэрыхъунум теухуа зэпсэлъэныгъэ зэIухам хэтащ. КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамбулэт щIэблэм я щIэжым и гугъу щищIым къыхигъэщхьэхукIащ дин лэжьакIуэхэр ноби жылагъуэм и щIэгъэкъуэн пажэу зэрыщытыр: «Ди дин лэжьакIуэхэр япэ махуэм щегъэжьауэ якъуэтщ дзэ Iуэху хэхам къэралым и щхьэхуитыныгъэр зыхъумэу нобэ щыIэхэм. ИкIи гуманитар дэIэпыкъуныгъэ куэд хурагъэшащ, зауэлIхэм зыщIагъакъуэ, я унагъуэхэми ядоIэпыкъу. Тхыдэм къытригъэзэж зэпытщ, нэгъуэщI щIыпIэ къикI къарухэр сыт щыгъуи яужь итщ къэрал кIуэцIым Iуэхур щызэIащIэну, къагъэутхъуэну, «зэкъуэчи, тепщэныгъэр убыд» Iэмалым тету. Аращ мы гъэм едгъэкIуэкI Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр ди мэIуху нэхъыщхьэу щIыщытыр». «Международная исламская миссия» дин зэгухьэныгъэм и унафэщI ПщыхьэщIэ Шафихь къыхигъэщащ дин зэхуэмыдэхэр зыIыгъхэм я къарур зэкъуэгъэувэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. - Псэкупсэ, щэнхабзэ гъуазэхэр зимыIэ жылагъуэм и лъэр щIоху. Дэ нобэ ди къалэныр IупщIу къыдгуроIуэ: дин, щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэхэр зи Iэпэгъухэр зэгъусэу зэдэлэжьэн хуейщ. Зэкъуэтыныгъэрщ, дызэдэлэжьэнырщ ди лъапIэныгъэхэр тхуэзыхъумэнур, ди сабийхэм къэкIуэн дахэ щахуэдухуэфынур, – жиIащ ПщыхьэщIэм. . Магдалинэ Марие и кафедральнэ члисэм и щихъ Осипов Константин къыщыпсалъэм гулъытэ хуищIащ ТекIуэныгъэм и мыхьэнэ куумрэ зэман гугъум псэкупсэ гъэсэныгъэм иIэ мыхьэнэмрэ: «Ди адэшхуэхэм щIыхь къалэжьын щхьэкIэкъым лIыгъэ щIызэрахьар, атIэ къэкIуэну щIэблэр насыпыфIэу псэун папщIэщ. Езыр ирипэгэн папщIэ мыхъуу, къэкIуэнур дахэу зэтриублэн гукъыдэжыр щIалэм игу къыщымыушмэ, ди лэжьыгъэр псыхэкIуадэ хъуауэ аращ». КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталий игъэбелджылащ тхыдэр хъумэным бжыгъэхэр зи лъабжьэ технологиехэр хъарзынэу сэбэп зэрыхуэхъунур. - ТехнологиещIэхэм Iэмал бэлыхь къыдат электроннэ архивхэм дыхэлэжьыхьыну, виртуальнэу дызыхуейхэр къэдгъэщIэрэщIэжыну, уеблэмэ нейросетхэм, дэфтэрхэр пхъумэн къудей мыхъуу, блэкIа лъэхъэнэм ухахьэжынущ. Иджы тхыдэр япэм ещхьу гъущэу, зэшыгъуэу щытыжкъым, ар, технологиехэм я фIыщIэкIэ, щIалэгъуалэр дэзыхьэх, гурыIуэгъуэ, гъэщIэгъуэн хъуащ, - жиIащ Бердым. КъБКъУ-м и проректор ГъукIэпщокъуэ Мурат къыхигъэщхьэхукIащ университетым тхыдэр хъумэнымкIэ къалэн хэха зэриIэр: «Ди адэшхуэхэмрэ абыхэм я адэжхэмрэ зэрахьа лIыгъэм и фэеплъыр гум илъу щIалэгъуалэр псэун, къыкIэлъыкIуэ щIэблэхэм хуэсакъыу зэIэпахын хуейщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр Хэкум, дызэрыс щIыналъэм хуаIэ лъагъуныгъэр хъумэнырщ, абы нэхъри зегъэубгъунырщ». Iэрыс Iэсият.
Поделиться:
Читать также:
17.07.2026 - 17:03 →
ФIэщщIыгъуей хъыбархэр
17.07.2026 - 16:10 →
Революционер шыщхьэмыгъазэт
17.07.2026 - 16:01 →
Лъэпкъ гурыгъузхэр зыхещIэ
17.07.2026 - 15:01 →
Быным епцIыжахэр
17.07.2026 - 14:30 →
Лъэпкъ гурыгъузхэр зыхещIэ
| ||




