Къэралым ущхьэпэну ухуеймэ…

ПщыхьэщIэ Ахьмэд дзэ Iуэху хэхам къызэрыхэкIыжрэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондым щолажьэ, япэщIыкIэ «социальнэ координатору» щытащ, иджы жылагъуэ проектхэмкIэ унафэщIым и къуэдзэщ. ЩIалэр хэтщ республикэм щекIуэкI «КъБР-м и ЛIыхъужьхэр» Iуэхуми.

«Къэрал Iуэху зехьэкIэм лъэныкъуэ куэдкIэ абы дыхегъэгъуазэ, щIыналъэм и жылагъуэ Iуэхухэм дыхешэ, - жеIэ Ахьмэд. - Дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм дежкIэ «КъБР-м и ЛIыхъужьхэр» егъэджэныгъэ Iуэхур Iэмал гъуэзэджэщ, IэщIагъэщIэ зэдгъэгъуэтынымкIэ, дыщалъхуа щIыналъэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ хуэтщIынымкIэ. Гупым ухэту, ущиякIуэ Iэзэхэм я нэIэм ущIэту уи зэфIэкIым хэбгъэхъуэныр куэд и уасэщ. Абы хэтхэр къэрал, муниципальнэ IэнатIэхэм ди къару дыщеплъыжыфын къудейкъым, атIэ щIыналъэр егъэфIэкIуэным, гугъуехь щыIэхэр зэфIэхыным хэлъхьэныгъэ гуэр хуэтщIыну Iэмал къыдитынущ».

Ахьмэд Калининград гъунапкъэхъумэ институтыр къиухащ, Кърым Республикэм къулыкъу щищIащ. Дзэ Iуэху хэхам щыщIидзам, ар запасым щыIэ зауэлIт, арщхьэкIэ кIуэну хуит занщIэу ящIакъым. ИужькIэ езыр щIэлъэIури дэкIащ. ТIасхъэщIэх, ебгъэрыкIуэ гупхэм и къулыкъур щрихьэкIащ, лъатэ Iэмэпсымэхэр къэхутэнымкIэ гупым и командиру щытащ. УIэгъэ хьэлъэ хъуа нэужь, унэм къигъэзэжащ, щIалэгъуалэр гъэсэным, хэкупсэу къэгъэхъуным, щалъхуа республикэм IуэхуфIкIэ хуэщхьэпэным теухуауэ и лэжьыгъэм пещэ. Абы къыхуагъэфэщащ «Кавказым щищIа къулыкъум папщIэ» дамыгъэр.

Мы зэманым ПщыхьэщIэм и лэжьыгъэр зэпхар дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэнырщ, зауэлI хэкIуэдахэм я фэеплъыр хъумэным ехьэлIа Iуэхухэр, хэкупсэ мыхьэнэ зиIэхэр къызэгъэпэщынырщ.

- Дзэм къыхэкIыжахэр гъащIэм хэгъэзэгъэжыныр Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэм епхауэ йокIуэкI. ЗэрыфщIэщи, лэжьыгъэ, IэщIагъэ зрагъэгъуэтынымкIэ дэIэпыкъуэгъу дахуохъу. Фэбжь ягъуэтауэ, я узыншагъэм зэран хуэхъуауэ къэзыгъэзэжхэри, дауи, зэрыщыIэр фощIэ. Апхуэдэхэм я Iэр ирамыхьэхыу, я къарур зыхуаунэтIын куэд зэрыщыIэр идогъэлъагъу, паралимп спортым дыдогъэхьэх, - жеIэ абы. - Шэч хэлъкъым гъащIэм гукъыдэж къыщыбгъуэтыжынымкIэ спортыр зэрыIэмалыфIым.  ФщIэж къыщIэкIынщ нэгъабэ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэр хэту, «Хэкум и хъумакIуэхэм я Кубок» зэпеуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщекIуэкIар. Мис абы ди щIыналъэм и гупым хэта цIыху 14-ми япэ увыпIэхэр щызэIэрагъэхьат. ДыхущIокъу дзэ Iуэху хэхам къикIыжахэмрэ я унагъуэхэмрэ республикэм щекIуэкI щэнхабзэ Iуэхухэм, пшыхьхэм, театрхэм едгъэблэгъэну. ГъащIэм гъэунэхупIэ дригъэувами, адэкIэ псэун зэрыхуейр, сыт хуэдэ IуэхукIи къэралым закъызэрыщIигъэкъуэнур  зыщагъэгъупщэ зэрымыхъунырщ ахэри адрей ди лэжьыгъэхэри зытетщIыхьыр.

Дзэ къулыкъум къыпэрыкIыу, ар нэгъуэщI лэжьыгъэкIэ ихъуэжыныр ПщыхьэщIэм къехьэлъэкIами, цIыхум дэлэжьэныр абы и дежкIэ зэи гугъуакъым. «Дзэ еджапIэр къэзуха нэужь, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къулыкъу щысщIащ, цIыху зэмыщхь куэд щызэблэкI къэрал гъунапкъэри яхэту. Ар щIыжысIэращи, сыт щыгъуи цIыхум сапыщIауэ къекIуэкIащ, - жеIэ абы. - Нэхъ къыстехьэлъар, си дзэ къулыкъур къызэрызухар къызгурыIуэнырт - уIэгъэм и зэранкIэ, дзэ Iуэху хэхам сыкъыхэкIыжын хуей хъуат. Ауэ сегупсысащ: къэралым ухуэщхьэпэну ухуеймэ, сыт хуэдэ IэнатIэ уIутуи ар пхуэщIэнущ. Долъагъу къэзыгъэзэж щIалэхэр щIэгъэкъуэн зэрыхуэныкъуэр. Хэти гъащIэ гугъуехь къылъыкъуэкIащ, хэти и узыншагъэкIэ дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэщ, хэти IэщIагъэ зригъэгъуэтыну хуейщ  - махуэм зы цIыху нэхъ мыхъуми удэIэпыкъуфамэ, ар куэд и уасэщ. А гупсысэм адэкIи сызэрылэжьэным сытрегъэгушхуэ».

Хуэмурэ ар Iуэхум хэгъуэзащ. И щIэныгъэми щыхигъэхъуащ РАНХиГС Президент академием и къудамэу Ростов щыIэм.

«Ветеранхэм я закъуэкъым ди нэIэ зытетыр, атIэ хэкIуэдахэм я адэ-анэхэми, щхьэгъусэхэми, абыхэм я бынхэми, хъыбарыншэ хъуа зауэлIхэм я унагъуэхэми дапыщIащ. Шэч хэмылъу, ар жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ Iуэхущ. Нэгъабэ лъандэрэ фондым ДНК-къэпщытэныгъэхэр зэхуехьэс, Ростов иригъэхьын папщIэ. Дзэ Iуэху хэхам хъыбарыншэ щыхъуар къэлъыхъуэнымкӏэ ӏыхьлыхэм зэрызащIэдгъакъуэ Iэмалщ ар. Апхуэдэуи мыхьэнэшхуэ зиIэщ фондым психолог зэрадигъэIэпыкъум абы хуэныкъуэхэм», - пещэ ди псэлъэгъум.

Дунейми цIыхуми нобэ хуэдэу нэхъ зыщиужьа зэман имыIами, нэпсрэ гуауэрэ фIэкIа къэзымыхь экстремизм, терроризм Iуэхухэр къызыхэкI щхьэусыгъуэхэм щегупсыскIэ, Ахьмэд къыхегъэщ ди зэманым щIалэгъуалэм я зэманыр нэхъыбэу щагъакIуэ Интернетым ахэр зэригъэжакъуэр, дызэрыхуейм хуэдэ дыдэу абы ахэр зэрыщымыхъумар. КъаIэрыхьэ хъыбарыр мыпэжынкIи хъунущ, ауэ щIалэгъуалэм ар яхузэхэгъэкIыркъым, къыжраIэ псор я фIэщ мэхъу.

- ЩIыналъэ фондым и жэрдэмкIэ, нобэ ди щIэблэм ядыдогъэкIуэкI «ЛIыхъужьыгъэм и дерсхэр» Iуэхур. ЛIыгъэмрэ напэмрэ зищIысым дахутепсэлъыхь къудейкъым, щапхъэу щIэблэм я пащхьэ къохьэ зауэ губгъуэм ита ди щIалэхэр, абыхэм я хъыбархэм щIодэIу. Дэтхэнэри дызыхуейр щIэблэ губзыгъэ, Хэкум хуэпэж къытщIэхъуэнырщ. А ди зэхуэсхэр дакъикъэ 40-м къыщыщIэдзауэ сыхьэтым нэс тещIыхьащ, ауэ куэдрэ къохъу сыхьэтитI-щыкIэ дыкъамыутIыпщу ахэр къыщыдэпсалъи. Щапхъэу къахудохь 2005 гъэм Налшык бзаджащIэхэр къызэрытеуар. А махуэм сэри си адэшхуэр уIэгъэ хъуащ, 20I0 гъэм си адэр щIэпхъаджащIэхэм яукIащ. А Iуэхугъуэхэр  си нэгу щIэкIауэ, си щхьэкIэ сыхуейкъым апхуэдэ ди къэкIуэну щIэблэм ягъэунэхуну. Ахэр щымыIэн щхьэкIэщ  ди зэхуэсхэр терроризмэм пэщIэтыным щIытедухуэр, - дыщIегъу ПщыхьэщIэм.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться: