Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хыхьэ «Альтаир» центрым «Лъэпкъым и гуащIэр цIыхубэ зэныбжьэгъугъэм къыщожьэ» щIалэгъуалэ форумыр иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ. Урысей и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым теухуауэ къызэрагъэпэща Iуэхугъуэм КъБКъУ-м ЦIыхухэм дунейпсо щIэныгъэ етынымкIэ еджапIэ нэхъыщхьэм щIэс студенти 100-м нэблагъэ къекIуэлIащ. Ахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ щIэжыр хъумэным, тхыдэ зэхэщIыкI яIэу щIалэгъуалэр гъэсэным, лъэпкъхэм я зэхуакум дэлъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным, лъэпкъ зэхэгъэж къэмыгъэхъуным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм.
Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Жамболэт. Абы и псалъэр тригъэщIащ иджырей дунейм дежкIэ тхыдэ зэхэщIыкI цIыхум иIэным и мыхьэнэм, лъэпкъ зэгурыIуэныгъэр хъумэным студентхэм хуащIыфыну хэлъхьэныгъэр зыхуэдэм.
- Лъэпкъ къэс и тхыдэм ущыкIуэцIрыплъыжкIэ, зыгъэхыщIэ, и гур къызэфIэзыгъанэ, и лъэпкъ щIэжыр зыгъэпс Iуэхугъуэ куэд дыдэ зэрыхэлъым шэч хэлъкъым. Псори телъэщIауэ, зыр захуэрэ адрейр къуаншэу щыбгъэув хъун тхыдэ щыIэкъым. Пэжщ, зы лъэпкъым зэрызищIэжыр къызыхэкIыр цIыхубэм зы Iуэхугъуэр зэрызэдигъэвам, гуауэр зэрызэдагуэшам къыхэкIкIэщ. Зэхуэдэу лъэпкъ псом къызэдащта тхыдэ къэхъугъэ гуауэхэр зэрыщыIам шэч хэлъкъым, ар IэщIыб пщIынкIи, зыщыбгъэгъупщэнкIи, къыпфIэмыIуэхуу ублэкIынкIи Iэмал иIэкъым. Ауэ а тхыдэм и напэкIуэцI гуузхэм дерс купщIафIэхэр къахэщIыкIыпхъэщ, къытщIэхъуэ щIэблэми екIуу ябгъэдэлъхьапхъэщ. Тхыдэм и пэжым мыхьэнэшхуэ щIиIэр зэрыщытым хуэдэу къапщтэмэ, гъуэгу гъуазэ цIыхубэм зэрахуэхъуращ. Ар нэгъуэщIым узэрыпэщIэувэн икIи узэреныкъуэкъун Iэщэ хъункIэ Iэмал иIэкъым. Тщыгъупщэ хъунукъым, ауэ ипэкIэ дызэрыкIуэтэн гъуэгу къыхэтшыныр ди хьэкъщ. Урысейм щыпсэу лъэпкъхэр илъэсищэм щIигъуауэ зы къэралым щызэдопсэу. КъежьапIэ яхуэхъуарэ яIурылъ бзэкIэ зэрызэмыщхьым хуэдэу, ахэр зэрахьэ динкIи зэщхьэщокI, къызэпача тхыдэ гъуэгуанэхэри щхьэхуэщ. Ауэ зэрызэдэпсэуа илъэсищэм къриубыдэу гъунэгъу зэхуэзыщI Iуэхугъуэ куэд абыхэм къызэранэкIащ. Апхуэдэщ, псалъэм и хьэтыркIэ, щалъхуа лъахэр бийм щахъумэу илъэс зыбжанэкIэ Хэку зауэшхуэм къэралым щыпсэу лъэпкъыбэр зэрыщызэуар, зэхуэдэу зэдагуэш ТекIуэныгъэр абы къызэрыщахьар. Узэбгъэдэзыш нэхърэ узэзышалIэ нэхъыфI щыIэу къыщIэкIынукъым. Мамыр гъащIэм деж лъэпкъхэр зэшэлIэнымкIэ къаруушхуэщ студент щIалэгъуалэр. Дыщызэхэт мыпхуэдэ щIалэгъуалэ зэхуэсхэр лъэпкъхэм я лъапIэныгъэхэр къэIэтынымкIэ, щыпсэу хэгъэгум мыхьэнэ зрит Iуэху еплъыкIэхэр пхышынымкIэ абыхэм куэд дыдэ яхузэфIокI. Хамэ къэрал къикIа студентхэр гъуджэм хуэдэщ а щытыкIэр лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ къапщэу зэпкъруплъыхьын папщIэ: ди къэралым ехьэлIа хъыбар пэжыр фагъуэ мыхъуу дунейм хэзыгъэIуэфынур ахэращ. Абдеж Iуэхур зэтес щыхъурэ – къэралхэр къэгъэнауэ, лъэпкъхэр гъунэгъу зэрызэхуэхъунум пцIы хэлъкъым, – жиIащ Гергоковым.
Абы иужькIэ щIалэгъуалэм захуигъэзащ КъБКъУ-м щIалэгъуалэ политикэмкIэ, гъэсэныгъэ лэжьыгъэмрэ жылагъуэ IуэхухэмкIэ и проректор Нэзрэн Беслъэн. ЯпэкIэ къэпсэлъа къулыкъущIэм и гупсысэм къыпищэкIэрэ, абы къыхигъэщащ граждан Iуэху еплъыкIэр зэтес щIынымрэ щIалэгъуалэр хэкупсэу щытынымкIэ КъБКъУ-м лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIыр, студентхэри абы жыджэру къыхэрыхыхьэр.
– Зэкъуэтыныгъэр, зыр адрейм щIэгъэкъуэн хуэхъуныр, ущалъхуа лъахэмкIэ жэуап зэрыпхьыр зыдэпщIэжыныр – мыхэр лъэпкъ щIэжыр къызэзыгъэпэщ Iуэхугъуэхэм ящыщщ. Нобэрей махуэкIэ зыри псэуркъым. ЦIыхуитI зэувалIэу унагъуэ щIащIыр щIэблэ къащIэхъуэн, гъащIэр ипэкIэ ягъэкIуэтэн щхьэкIэщ. Дунейм къытехьэ ныбжьыщIэхэр мамыру псэун хуейщ, лажьэрэ шхэжу, езым хуэдэу дунейм тет цIыхухэм ягурыIуэу. Аращ щыIэныгъэр ипэкIэ зыгъэкIуатэр, цIыхухэми зезыгъэужьыр. Сыт хуэдэ мамырыгъэт дызытепсэлъыхьынур, цIыхум нэгъуэщIхэр и щхьэ ирилъыту щымытамэ?! «ЛъапIэныгъэ» псалъэр куэд дыдэрэ жыдоIэ. Сыт щхьэкIэ? Абы къредгъэубыдэ мыхьэнэр псоми ди зэхуэдэщи, хэт дежкIи зэхэщIыкIыгъуэу, хуэсакъыу, ихъумэу, лъапIэу щытщи аращ. Зыщыщ лъэпкъым и цIэр къыщраIуэкIэ, пщIэ зэрыхуащIыр къызыхэщ щапхъэхэр къызэрахьыр хэт зи жагъуэр? Щалъхуа жылэм къыдэкIахэм я гугъур дахэу щаIуатэкIэ, хэт мыгушхуэр? ЗыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм фIыкIэ щатепсэлъыхькIэ, хэт зигу къыдримышейр? Арыххэуи, цIыхур цIыху щIыжщ. Абдеж псыпэ цIыкIум хуэдэу цIыхум зыхэгъэзэгъэныр, зегъэкIуныр, щыIэныгъэм фIыкIэ и гуащIэ хэлъхьэныр гупсысэу цIыхум и акъылым къыщызэщIоушэ, ар мащIэ-мащIэурэ лъэпкъ зэхущытыкIэхэм хуэсакъын зэрыхуейр Iэмалыншэу зыгъэув гупсысэкIэм хуокIуэ. ЦIыкIуу къемыжьэ ин хъуркъым. Ди еджапIэр щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ я центру щыт пэтми, къыщIэтIысхьэхэм цIыху къахэщIыкIын, лъахэмрэ къэралымрэ ефIэкIуэнымкIэ зэхэщIыкI зиIэ щIалэгъуалэ гъэсэн зэрыхуейр зэи щыгъупщэркъым. ГуащIэдэкIым пщIэ щиIэр ар къэзылэжьым и пщIэнтIэпсым Iулыдж щыхуащIым дежщ. Апхуэдэ дыдэуи, цIыхум хьэтыр щигъуэтыр ар зыщыщ лъэпкъымрэ щыпсэу лъахэмрэ фIыуэ щилъагъум, абы щыпсэу цIыхубэр щилъытэм дежщ. Ар къагурызыгъаIуэ Iуэхугъуэ куэд дыдэ КъБКъУ-м щокIуэкI, мы форумри абы и щыхьэт дахэщ. НэгъуэщI зы гупсыси къэзгъэIунут. Зэзэмызэ гуащIэр текIуэу къащохъу. Ауэ къарум зыри лъэкIынукъым, гущIэгъу хэмылъмэ. Лъэпкъхэм къахокI цIыху щхьэхуэхэр, езыхэм яхуэдэ щымыIэу къалъытэу, ауэ апхуэдэу къащIыщыхъур къагурымыIуэжу нэгъуэщIхэр ягъэпудыну хьэзыру. Мис апхуэдэ щыщIагъэхэр къэмыхъун папщIэ, щIалэгъуалэм къагурыгъэIуэн хуейщ, сыт хуэдэ жэрдэмми, сыт хуэдэ Iуэхугъуэми, сыт хуэдэ къэхъугъэми гущIэгъурэ шыIэныгъэрэ хамылъхьэу щытмэ, лъабжьэ зимыIэ жыгыжьым хуэдэу зэрыукIуриинур, – жиIащ Нэзрэн Беслъэн.
ЗэIущIэм къриубыдэу тхыдэ икIи жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ плIанэпитI къызэIуахащ. «Урысей Федерацэ» зыфIащам хиубыдэ гъэлъэгъуэныгъэм къэралым и картэр къыщыгъэлъэгъуат, абы хыхьэ щIыналъэ 89-р IупщIу щызэщхьэщыхауэ, щыпсэу лъэпкъи I90-м я цIэхэр къыщыхэгъэщауэ. «Зы хэгъэгу – лъэпкъыбэ» – арат гъэлъэгъуэныгъэм къиIэт Iуэхугъуэхэр къызэщIэзыкъуэж гупсысэ нэхъыщхьэр. «Гъунапкъэ зимыIэ КъБКъУ – студент щIалэгъуалэм я географиер» – арат зэреджэр етIуанэ плIанэпэм. Абы сурэткIэ къыщыгъэлъэгъуат КъБКъУ-м щеджэ ныбжьыщIэхэр къэрал 34-м я лIыкIуэу зэрыщытыр.
Форумым и кIуэцIкIэ щIэнIуатэ кIэщIи къызэрагъэпэщащ. Апхуэдэу щIалэгъуалэм лекцэ гъэщIэгъуэн къахуеджащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м и доцент, «Кавказым и купщIэхэр» лъэщапIэм и унафэщI Тумэ Аскэр. Абы и къэпсэлъэныгъэр теухуат Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэ щIэжым ехьэлIа Iуэхугъуэхэм, ахэр иджырей гъащIэм хэпсэукIхэм къазэрылъэIэс щIыкIэм. Къыхэгъэщын хуейщ Тумэ Аскэр къиIэта псалъэмакъым уэршэр гъэщIэгъуэн къызэрытекIар, хамэ къэрал щыщ студентхэм нэхъапэкIэ зэхамыхауэ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я тхыдэм къызэщIиубыдэ къэхъугъэм я дуней лъагъукIэр зэригъэпсыр гъэщIэгъуэн къащыхъуу гу зылъатэ куэдым зэрытепсэлъыхьар.
Зэхуэсым и етIуанэр Iыхьэр практикэ лэжьыгъэкIэ гъэнщIауэ къыщIэкIащ. Къызэхуэсахэр гуп-гупурэ ягуэшри, пэхуэщIэ щхьэхуэхэм ирагъэувэлIащ. Ахэр елэжьащ щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэхэр зи гупсысэкIэмрэ дуней лъагъукIэмрэ хэт щIалэгъуалэр нэхъыфIу къагурыIуэн икIи зэхащIыкIын папщIэ щIапхъэу къалъытэ Iуэхугъуэхэр пэхуэщIэу къэгъэлъэгъуэным. Зи лэжьыгъэм пэхуэщIэ теплъэ игъуэтауэ къалъытахэр иужькIэ утыкушхуэм кърахьэжащ, КъБКъУ-м и мызакъуэу, хэгъэгум ит курыт еджапIэхэм зэрыщызэбгрыптыкI хъуну Iэмалхэри кърахьэлIэжащ.
Зэхуэсыр КъБКъУ-м есэныгъэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым и жэрдэмкIэ къызэрызэрагъэпэщар къыхэгъэщын хуейщ.