Санкт-Петербург дэт «ЭкономикэмкIэ еджапIэ нэхъыщхьэ» лъэпкъ къэхутакIуэ университетым и IэщIагъэлIхэм утыку кърахьащ Налшык къалэ и студент щIалэгъуалэм я деж щрагъэкIуэкIа социологие къэхутэныгъэм кърикIуахэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтым.
Илъэсищым и кIуэцIкIэ социологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЭкономикэмкIэ еджапIэ нэхъыщхьэм ЩIалэгъуалэ къэхутэныгъэхэмкIэ и центрым и профессор, абы и унафэщI, къэралым и социолог пажэхэм ящыщ Омельченкэ Еленэ зи Iэтащхьэ лэжьакIуэ гупым яджащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм ис щIалэгъуалэм я зэпIэзэрытыныгъэр зыхуэдизыр, егъэджэныгъэм, IэнатIэм, нэгъуэщI щIыпIэ Iэпхъуэным зэрыхущытыр, абыхэм лъабжьэ яхуэхъур.
Центрым иригъэкIуэкIа мы къэхутэныгъэр иужьрей илъэсхэм ди щIыналъэм къыщызэрагъэпэща социологие проект нэхъ ин дыдэхэм ящыщ хъуащ икIи ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей фондыр мылъкукIэ я дэIэпыкъуэгъуу ягъэзэщIащ. Iуэхур щекIуэкIащ КИФЩI-м и къалэ нэхъыщхьэхэу Налшык, Черкесск, Ставрополь, Пятигорск, Владикавказ.
Санкт-Петербург щыщ щIэныгъэлIхэм социологие анализым и Iэмалхэр къызэрагъэсэбэпам и мызакъуэу, кIэлъыплъыныгъэхэри ирагъэкIуэкIащ. Ахэр щIалэгъуалэр нэхъыбэу щызэхуэс арт-щIыпIэхэм, кофе ефапIэхэм, фестивалхэм, нэгъуэщI зэIущIэхэми щыIащ. Творческэ щIалэгъуалэм, КъБКъУ-м и студентхэм, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм епсэлъащ Iуэхугъуэ куэдкIэ - къэкIуэнум хуаIэ мурадхэм къыщыщIэдзауэ лэжьыгъэмрэ зыгъэпсэхугъуэ пIалъэмрэ зэрыхущытым нэсыху. Гулъытэ хэха хуащIащ къалэм и теплъэмрэ щIалэгъуалэм езыхэм ягу дыхьэ щIыпIэхэр къалэ кIуэцIым къыщызэрагъэпэщыным зэрыпылъымрэ.
Къэхутэныгъэм кърикIуахэм ятепщIыхьмэ, ахэр щыхьэт тохъуэ щIалэгъуалэр къыщалъхуа щIыналъэм икIыным хущIэкъуу кърахьэкI псалъэмакъыр зэрымыпэжым.
«ЭкономикэмкIэ еджапIэ нэхъыщхьэ» лъэпкъ къэхутакIуэ университетым и IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, Налшык щыщ щIалэгъуалэр нобэ куууэ хэпщIащ дунейм къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэ инхэмрэ трендхэмрэ, иджырей технологиехэм, дизайным зэрыдихьэхыр.
«Абы щыгъуэми Налшык дэс щIалэгъуалэр хущIокъу я лъэпкъ щэнхабзэ зэхэщIыкIыр зэрахъумэным. Абыхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ я къежьапIэм пыщIэныгъэ хуаIэу, адыгэу е балъкъэру къызэтенэу иджырей зэманми декIуу заужьыным», - жиIащ центрым и щIэныгъэ лэжьакIуэ Лисовская Иринэ.
КъэхутакIуэхэм стиль телъыджэ къахутащ - лъэпкъ хабзэмрэ иджырей зэхэтыкIэмрэ щызэфIэува псэукIэ Налшык зэрыщекIуэкIыр. ЩIалэгъуалэм езыхэм «я Налшык» яухуэ, щIыпIэ брендхэмрэ кофе ефапIэхэмрэ, арт-утыкущIэхэр къызэIуахкIэрэ.
Гулъытэ хэха хуащIащ лъахэм икIыну жэрдэм яIэ-ямыIэм. IэщIагъэлIхэм къыхагъэщащ щIалэгъуалэ куэд Москва е Санкт-Петербург зэпымыууэ щыпсэун мурадкIэ зэрымыIэпхъуэр, атIэ щIэныгъэ зрагъэгъуэтын, зэпыщIэныгъэ щхьэпэхэр зэрагъэпэщын папщIэ пIалъэкIэ зэрыкIуэр. Зрагъэгъуэта щIэныгъэмрэ зэпыщIэныгъэхэмрэ иужькIэ къыщагъэсэбэпыж унагъуэмрэ лъэпкъымрэ щагъэлъапIэ хэкум, абы бизнес-проектхэмрэ жэрдэмхэмрэ щагъэзащIэ.
КъищынэмыщIауэ, щIэныгъэлIхэм и гугъу ящIащ Налшык щыщ щIалэгъуалэм кризис щытыкIэхэр ягурэ ящхьэрэ зэтелъу къызэрызэранэкIыфым. Ныбжьэгъугъэ, благъагъэ, Iыхьлыгъэ быдэ зэраIэм я фIыгъэкIэ щIалэгъуалэм закъуэныгъэр зыхащIэркъым, къалэшхуэхэм щыIэ я ныбжьэгъухэм елъытауэ.
«Налшык и щIалэгъуалэр жыджэрщ, жанщ, абы щыгъуэми я щэнхабзэм, хабзэм быдэу епхащ. Абыхэм Налшык «зыдэIэпхъукIын хуей провинцэу» къалъытэркъым, атIэ стартап гъэщIэгъуэнхэр щыбгъэкIуэтэн иджырей щIыпIэ телъыджэу ялъагъу», – жиIащ Омельченкэ Еленэ.
Мы Iуэхум кърикIуахэм ятеухуауэ лэжьакIуэ гупым ягъэхьэзыр къахутахэр зи лъабжьэ монографиерэ щIэныгъэ тхыгъэ зыбжанэрэ.
Апхуэдэуи щIэныгъэлIхэр КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтымрэ Санкт-Петербург дэт «ЭкономикэмкIэ еджапIэ нэхъыщхьэ» лъэпкъ къэхутакIуэ университетымрэ щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ адэкIи зэрызэдэлэжьэну щIыкIэм тепсэлъыхьахэщ.
* * *
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ и институтыр жыджэру хэтащ илъэс къэс екIуэкI «Психология: диалог и мир человека» дунейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцым. ЩIэныгъэмрэ технологиехэмкIэ Уфа университетым къызэригъэпэща зэхыхьэм хэтащ еджапIэ нэхъыщхьиплIрэ зы щIэныгъэ-егъэджэныгъэ институтрэ.
Ди университетымрэ Уфа еджапIэмрэ нэмыщI конференцым хэтащ Сыбыр федеральнэ университетыр, Москва къэрал бзэщIэныгъэ университетыр, Башкортостан Республикэм егъэджэныгъэм зегъэужьынымкIэ и институтыр.
КъБКъУ-м къыбгъэдэкIыу конференцым хэтхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ и институтым и унафэщI Михайленкэ Ольгэ. Ар хэтащ «Кузбасский РЦППМС» ГОО-м МедиацэмкIэ, зэфIэгъэувэжыныгъэ лэжьыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэр къызэзыгъэпэщ IэнатIэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Белоноговэ Еленэ иригъэкIуэкIа «Человеческое измерение в диалоге - ориентир медиатор» мастер-классым.
Конференцым хыхьэу дэтхэнэ IуэхущIапIэми я лIыкIуэхэр къэпсэлъащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гупым щыщ, институтым и доцент Кумыщ Риммэ утыку кърихьащ «Психологические, кросс-культурные аспекты диалога в контексте взаимодействия человека с миром» программэр.
Мы Iуэхум унэтIыныгъэ зыбжанэ къызэщIиубыдащ. ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ институтым и унафэщIым и къуэдзэ Багъ Риммэ адэ-анэм я зэфIэкIым хэгъэхъуэнымкIэ зэпсэлъэныгъэ жыпхъэм и Iэмалыр зэрысэбэпыр сэтей къищIащ. Доцент Нэгъуей Будимиррэ абы и дэIэпыкъуэгъу Хьэмыз Аслъэнрэ унагъуэ зэхущытыкIэхэм я психологием и зэхэлъыкIэр зэпкърахащ. Доцентхэу Мэлыхъуэ ФатIимэрэ ХьэщIэлI Сусаннэрэ и гугъу ящIащ адэ-анэмрэ гъэсакIуэхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэпсэлъэныгъэм и лъэныкъуитIым - макъамэр зи лъабжьэмрэ адыгэ хабзэр зи тегъэщIапIэмрэ.
КъыкIэлъыкIуэ Iыхьэм институтым и доцентхэм я егъэджэныгъэ бгъэдыхьэкIэхэр къыщагъэлъэгъуащ. Мокаевэ Маржан тепсэлъыхьащ IэщIагъэ гуэдзэн (дополнительное образование) щрагъэгъуэт IэнатIэм зэпсэлъэныгъэ Iэмалыр къызэрыщагъэсэбэпым, Башиевэ Жансурэт зи гугъу ищIар инклюзивнэ егъэджэныгъэм зэпсэлъэныгъэ жыпхъэр лъабжьэ зэрыхуэщIыпхъэрщ, Пащты Тимур къызэхуэсахэм ядэгуэшащ егъэджакIуэ хъунухэр зи гугъу ящI Iэмалым зэрыхуегъэджэн хуеймкIэ.
* * *
«ЕджапIэ нэхъыщхьэхэр - фронтым папщIэ» урысейпсо акцэм хыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым зи чэзу гуманитар дэIэпыкъуныгъэ иригъэшащ дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм. Абы хэлъщ сэлэтхэр зыхуеину хущхъуэхэр, къабзагъэм папщIэ хьэпшыпхэр, бинтхэр, нэгъуэщIхэри.
Ар яутIыпщащ гуманитар колоннэхэр щызэхуахьэс, щызэбграгъэх щIыпIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зым. Москва энергетикэ институтым къэралым и еджапIэ пщIы бжыгъэхэм къикIа дэIэпыкъуныгъэр щызэхуахьэсри, итIанэ СВО-р щекIуэкI щIыпIэхэм щIэх-щIэхыурэ хурагъашэ.
Гуманитар хьэлъэр зэхуэхьэсыным жыджэру хэтащ КъБКъУ-м и студентхэмрэ щылажьэхэмрэ.
Проектыр и нэIэ щIэтщ Гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ, еджапIэ нэхъыщхьэм граждан-хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ и центрым и унафэщI, СВО-м и ветеран Шевчук Герман.
- Дэ дыщыгъуазэщ ди зауэлIхэм яхуэтщI гулъытэм мыхьэнэшхуэ зэриIэм. Ар хьэпшып зэхуэхьэса къудейкъым, атIэ ди зэкъуэтыныгъэм, ехъулIэныгъэр ди фIэщ зэрыхъум я дамыгъэщ. КъБКъУ-м и студентхэри, республикэ псом щыпсэухэм хуэдэу, сыт щыгъуи хьэзырщ ди лIыхъужьхэм ядэIэпыкъуну, зыщIэлъэIухэр хурагъэшэну. Ар ди зэхуэдэ къалэнщ. Хэкур зыхъумэхэм защIэдгъэкъуэн папщIэ тхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым, -къыхигъэщащ Шевчук Герман.
2026 гъэр къызэрихьэрэ университтетым дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм ещанэ егъакIуэ гуманитар дэIэпыкъуныгъэр. НэхъапэIуэкIэ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм хурагъэшащ дизель генераторхэр, зэрагъавэ аппаратхэр, Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр, ерыскъыхэкIхэр, хущхъуэхэр, щыгъын хуабэхэр, университетым и студентхэм ящIа зэрызыщIауфэ сеткэхэр.
Урысейпсо хэкупсэ Iуэхур къызэрагъэпэщащ икIи зэрагъэуIу Урысей Федерацэм ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм.