КIэух зэпеуэм хэтынухэр къахахащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэнэIуащ «Полицей дядя Стёпа» урысейпсо зэпеуэм и республикэ Iыхьэм кърикIуахэр.  

Республикэм и ныбжьыщIэ зэчиифIэхэм утыку кърахьащ я творческэ лэжьыгъэхэу  полицей IэщIагъэм теухуахэмрэ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм  и илъэсым  ирихьэлIэу ягъэхьэзырахэмрэ.   

Жюрим хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэр,  МВД-м и ветеранхэм я щIыналъэ жылагъуэ организацэм и унафэщI Пыхъ МуIэедрэ    Жылагъуэ советым и лIыкIуэ Мэкъушэ Русланрээ.

Зэпеуэр екIуэкIащ я ныбжькIэ гупищу гуэшауэ:   илъэси  6-8,   9-11,  12-14 хъухэр хэту.    

НыбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэм  къыщагъэсэбэпащ  пластилин, абдж, пхъэ, пластик, картонрэ текстилрэ.

Зэпеуэм къагъэхьат республикэм и щIыпIэхэм къикIа лэжьыгъэ  30-м щIигъу. Абыхэм хэплъэри, текIуахэр ягъэнэIуащ.     

НэхъыщIэхэр зыхэта  гупым    я деж япэ увыпIэр щиубыдащ  Тырныауз къалэм и лицей №1-м  щыщ   Джубуев Али-Солтан.   

Илъэс  9 - 11-м къриубыдэхэм  я деж  лэжьыгъэ нэхъыфIу къыщалъытащ Сэрмакъ къуажэм  и курыт еджапIэм щыщ БатI  Дисанэ и  IэдакъэщIэкIыр.     

Илъэс 12 - 14 хъухэр зыхэтахэм    я деж щытекIуащ Чеченов С. С. и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм  щыщ  Бозиев     Малик.  

  «Еплъахэм нэхъ ягу ирихьар» дамыгъэр Iэрыхьащ Шэджэм къалэм и   СОШ №5-м   щеджэ Беслъэней  Имирлан.

ТекIуахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу хэтынущ  Мэзкуу щекIуэкIыну зэпеуэм и кIэух урысейпсо Iыхьэм.    

БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться:

Читать также: