Ухуэныгъэ хъыбархэр

Школ зэпэщ

«Егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьын» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн районым и Зеикъуэ къуажэм и курыт еджапIэ №3-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Метр зэбгъузэнатIэу 3300-рэ зыубыд а школыр зэраухуэрэ илъэс щэ ныкъуэм щIигъуащ икIи абы лъандэрэ мыпхуэдэ лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIакъым.

НобэкIэ лэжьакIуэхэм еджапIэм пкъыгъуэжьхэр къыпкърахыж, иужькIэ, унащхьэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, лъэгухэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIынущ, пэшхэр къращIыкIынущ.

Лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу, уналъащIэ, егъэджэныгъэ оборудованэщIэхэр классхэм щIагъэувэнущ.

Зеикъуэ дэт курыт еджапIэхэм мыр я нэхъ инщ икIи сабий 460-м нэблагъэ зэуэ щоджэ. НобэкIэ ныбжьыщIэхэр етIуанэ школым ягъакIуэ.

Иджы япэу

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и транспорт IэнатIэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Зеикъуэ къуажэм Толстойм и цIэр зезыхьэ и уэрамым асфальт япэу щытралъхьэ.

Лэжьыгъэхэр щекIуэкI уэрамым метр 800-м щIигъу и кIыхьагъщ икIи къуажэдсхэм я дежкIэ абы социальнэ мыхьэнэ иIэщ. ЦIыхухэр абдеж зэрыщетIысэхрэ япэу асфальт тралъхьэу аращ, нэхъапэм телъар мывэкIэщхъти, ущызекIуэнуи гугъут.

ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, уэрамыр зэIузэпэщ щIыным хыхьэу, гъуэгубгъур кърагъэбыдэкIынущ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыщыхагъэщхьэхукIынущ, ахэр зыхуей хуагъэзэнущ, иджырей уэздыгъэхэри щыпадзэнущ.

Лэжьыгъэхэр дызэрыт илъэсым и фокIадэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ икIи, IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, абы иужькIэ, къуажэдэсхэм я псэукIэр ефIэкIуэнущ, я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща хъунущ. Псом хуэмыдэу абы хуэныкъуэщ жэщкIэ абы щызекIуэ къуажэдэсхэр.

Алътуд и еджапIэр

«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Прохладнэ щIыналъэм и Алътуд къуажэм и курыт еджапIэ №1-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ. Школыр яухуащ 1962 гъэм, еджакIуэ 600-м хуэщIащ ар икIи мыпхуэдэ лэжьыгъэхэри япэу щрагъэкIуэкIыу аращ.

Лэжьыгъэхэм хыхьэу инженер коммуникацэхэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, лъэгухэр абы щызэрахъуэкIынущ, пэшхэр къыщращIыкIынущ, Iэхуитлъэхуит щащIынущ. Апхуэдэуи, еджакIуэ цIыкIухэм я шынагъуэншагъэмрэ тыншыпIэмрэ хуэгъэпсауэ щыIэ Iэмалхэр иджырей мардэм хуагъэкIуэнущ. АдэкIэ, школакIуэхэми егъэджакIуэхэми сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщ школ яIэ хъунущ, жаIэ лэжьакIуэхэм.

БОЛЭ Бэтокъуэ.
Поделиться:

Читать также: