Щыгъуэ махуэр зэрекIуэкIынурКавказ зауэр зэриухрэ илъэси 162-рэ зэрырикъум теухуа дауэдапщэхэр мы гъэми къызэрагъэпэщынущ КъБР-м и Правительствэм, къалэхэмрэ районхэмрэ я щIыналъэ администрацэхэм, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм. Хабзэ зэрыхъуам тету, накъыгъэм накъыгъэм и 20-м сыхьэтыр 18-м «Псэ жыг» фэеплъым Адыгэ уэрэдыжьхэм я пшыхь щекIуэкIынущ. Сыхьэтыр 20-м ирихьэлIэу абдеж щыщIагъэнэнущ шэху уэздыгъэхэр. А махуэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм «стIол хъурей» щекIуэкIынущ республикэ унафэщIхэр, къулыкъущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм я Iэтащхьэхэр хэту. КъыкIэлъыкIуэ махуэм, накъыгъэм 21-м, сыхьэтыр 11.30-м цIыхухэр «Псы жыгым» деж щызэхуэсынущ. Республикэм и унафэщIхэр зыхэт щыгъуэ пэкIу екIуэкIынущ, фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьэнущ, зауэм хэкIуэдахэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуэнущ. Шэджагъуэм Лъэпкъ музейм къыщызэIуахынущ щыгъуэ-щIэж махуэм ехьэлIа гъэлъэгъуэныгъэ. «Адыгэ псалъэ» (КъБР), «Адыгэ макъ» (АР), «Черкес хэку» (КъШР), «Жьынэпс» (Тырку) газетхэм зэгъусэу ягъэхьэзыр Кавказ зауэжьым теухуа тхыгъэхэр зэрыт къыдэкIыгъуэ зэхэт. ЩIыналъэ телевиденэхэмрэ радиохэмрэ Щыгъуэ махуэм теухуа нэтынхэр къатынущ. Библиотекэхэри жыджэру къыхыхьащ мы Iуэхум. Адыгэм и тхыдэм теухуа зэIущIэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр абыхэм ягъэхьызыращ. Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщызэрагъэпэщ къалэхэмрэ райохэмрэ, Щыгъуэ махуэм теухуауэ дерсхэр, зэIущIэхэр, видеодерсхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр щекIуэкIынущ еджапIэхэмрэ гъэсапIэхэмрэ, музейхэмрэ университетхэмрэ. А махуэм адыгэ зэрыс къэрал псоми мащIэми-куэдми щызэхуэс хабзэщ ди лъэпкъэгъухэр, зауаем ихьа ди адэжьхэр ягу къагъэкIыжу, лъэпкъ зыхэщIыкIыр нэхъри ягъэбыдэу.
Поделиться:
Читать также:
11.06.2026 - 17:31 →
Зыужьыныгъэм и хэкIыпIэхэр къалъыхъуэ
11.06.2026 - 17:20 →
Ди студентхэр пашэщ
11.06.2026 - 15:40 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
11.06.2026 - 15:30 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
11.06.2026 - 14:00 →
Изабеллэ зэрыщэхуар
| ||




