Къэрал куэдым щагъэлъапIэ

Накъыгъэм и 24-р Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэр дунейм и щIыпIэ куэдым щаIэт. Тхыдэджхэм къызэралъытэмкIэ, а махуэм и лъабжьэр ягъэтIылъауэ щытащ 863 гъэм. Зейхэм я зыузэщIыныгъэм хуэлажьэ а махуэшхуэм и къалэн нэхъыщхьэт а лъэпкъхэм щхьэхуитыныгъэ яIэным, я бзэмрэ щэнхабзэмрэ нэхъри зрагъэужьыным ар лъабжьэ быдэ, шэсыпIэ яхуэщIыныр.

Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэр ар къыщежьа Болгарием ноби лъагэу щаIэт, гуфIэгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщу къалъытэу. А къэралым сакъыу щахъумэ узэщIакIуэ цIэрыIуэхэу, зэшхэу Кириллрэ Мефодийрэ я фэеплъыр. Ахэращ глагол лъабжьэм тет алыфбейр, славяныбзэм тегъэщIапIэ хуэхъуауэ щытар, зэхэзылъхьар.

Махуэшхуэр мы зэманми щагъэлъапIэ къэрал куэдым, Урысей Федерацэри яхэту. Ди къэралым хыхьэ щIыналъэхэм нобэ щаублэ Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэр гъэлъэпIэным ехьэлIа тхьэмахуэ лэжьыгъэ. Зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр, зэхуэзэ хьэлэмэтхэр, гъэлъэгъуэныгъэ купщIафIэхэр щокIуэкI ди республикэми. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, Граждан зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ я министерствэхэм я нэIэм щIэту Къэрал лъэпкъ библиотекэм щыIэ зэхуэсым щытепсэлъыхьынущ махуэшхуэм и тхыдэм, абы и зыужьыныгъэм хэлъ Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэм.

Апхуэдэу зэхыхьэхэр щекIуэкI хабзэщ ди республикэм и жылэхэми. МахуэщIым гулъытэ хэха щегъуэт Прималкинское къуажэм, Май къалэм ЩэнхабзэмкIэ я унэхэм, Прохладнэ къалэм и зыгъэпсэхупIэ паркым, Тэрч къалэм сабийхэр гъуазджэм щыхуагъасэу дэт еджапIэм, Красноармейское жылэм щылажьэ сабий гъэсапIэм, нэгъуэщI щIыпIэхэми. Ахэр нэхъыбэу зытеухуауэ щыт Iуэхугъуэхэр я фIэщыгъэхэм къаIуатэ: «ЛIэщIыгъуэхэм къапхыкIа алыфбей», «Псалъэм и къарур», «АБВГДейка», «Бзэм и къабзагъэм дрителъхьэщ», «Анэдэлъхубзэм и фIыгъуэхэр», «Урысейр зэкъуэзыгъэувэ бзэр», «Тхылъхэр ди ныбжьэгъу пэжщ», «Узыншэу, Азбукэ», нэгъуэщIхэри.

Бзэм и махуэшхуэм иращIэкI дауэдапщэхэм ящыщщ гуфIэгъуэ концерт зэмылIэужьыгъуэхэри, флешмоб хьэлэмэтхэри, джэгукIэ купщIафIэхэри, усэ зэпеуэхэри, гъэлъэгъуэныгъэхэри.

Зреужь, ирефIакIуэ, хъума ирырехъу сыт хуэдэ лъэпкъми и анэдэлъхубзэр, щэнхабзэр. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэм къэралыр нэхъ лъэщ, зэкъуэт ящI.

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться: