Япэ бакъуэм лъэбакъуитI ечАдыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыным, къэхутэным къару ин дыдэ ирихьэлIащ Шортэн Аскэрбий, абы и фIыгъэкIэ къыдэкIащ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ, адыгэ IуэрыIуатэм и фIыпIэхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ. Абы зэфIигъэкIахэм, къехъулIахэм тетхыхьахэм ящыщщ усакIуэ, тхакIуэ, журналист, сценарист Жылэтеж Сэлэдин.
«Шортэн Аскэрбий щIэныгъэ лъагэ зыбгъэдэлъ къэхутакIуэ Iэзэт, тхакIуэ ахъырзэмант, гъуазджэм и лэжьакIуэ инт, зи Iуэху еплъыкIэрэ дуней тетыкIэрэ, зи философиерэ гъащIэ ехьэкIыкIэрэ зиIэ лIы Iущ ехьэжьат. Абы и гуащIэ куэд хэлъщ лъэпкъ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжа зэрыхъуам - нарт хъыбархэр телъыджэлажьэу зэгъэкIуауэ, ахэр пшыналъэ-пшыналъэкIэ зэкIэлъыхьыжауэ зэрагъэ¬псыжам, лIыхъужьхэр дунейм къытехьэу, шэч къызытумыхьэж псэукIэ яIэу, батэ ягъэшу, лъэпкъыр зэрыгушхуэн, цIыхубэм насып къыхуалъыхъуэу, щIэблэм щапхъэ яхуэхъуу щIэныгъэлI гупым ятхыжу къызэрыдагъэкIыжам.
Сэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щыIэ къудамэм сыщыщеджам, дунейпсо литературэм и институту Мэзкуу дэтым сыкIуат къыздэIэпыкъун къэслъыхъуэуи, абы щылажьэ щIэныгъэлIхэм зыжьэу къызжаIащ: «Шортэн Аскэрбий нэхърэ нэхъыфI дэнэ къыздипхынур? Абы IуэрыIуатэри литературэри фIы дыдэу ещIэ». Сэ къызгурыIуат а институтым щылажьэхэм Шортэныр фIы дыдэу зэралъагъур икIи зэрацIыхур. Абы къыщымынэу, адыгэ лъэпкъ Iуэху щызэрахуэ, щызэрахьэ щIыпIэ щыIэтэкъым Аскэрбий къыщамыцIыху. Адыгэ щыпсэу хамэ къэралхэми ар щымыхамэм къыщымынэу, абы и къалэмыпэ къыщIэкIа псори яджырт.
Абы теухуауэ мы Iуэхугъуэри гъэщIэгъуэн къысщохъу: кинематографиемкIэ Мэзкуу дэт институтым сыщыщIэсым, сэ къэсцIыхуат Сирием къикIауэ кинооператору еджэ адыгэ щIалэ Мустафа Аднан. Еджэн иухыу ар кIуэжа нэужь, «Адыгэ IуэрыIуатэм теухуауэ Аскэрбий итха тхылъыр хьэрыпыбзэкIэ зэздзэкIащи, ар къыдэз¬гъэкIыну тхакIуэм и унагъуэм хуит сызэрищIымкIэ зэгурыIуэныгъэ къысхуегъэхь», жиIэри къызэлъэIуати, а Iуэхур Аднан хузэфIэзгъэкIауэ щытащ.
Япэ бакъуэм лъэбакъуитI еч жыхуаIэращи, Шортэныращ тхыдэм теухуауэ роман («Бгырысхэр») япэ дыдэ адыгэ литературэм къыхэзыхьар, япэу адыгэ артистхэм, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым ятеухуа тхыгъэхэр утыку къизылъхьар. Ап¬хуэ¬дэу адыгэ лъэпкъым къызэфIигъэува гъуазджэ зэмылIэужьыгъуэхэм яфI къызыхэкIа Iуэхугъуэ куэдым япэ гъунэ щизылъари Шортэнырщ.
Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям зэуапIэхэм лIыгъэ нэс щызэрихьауэ Аскэрбий къигъэзэжащ. КIэщIу жысIэнщи, адыгэхэм къахэкIа лIы нэхъ щэджащэхэм ящыщщ Шортэн Аскэрбий. Ар ди лъэпкъыр зэрыгушхуэн, и щхьэр лъагэу езыгъэлъагъужын цIыху телъыджэу щытащ. Абы убгъэдэсыну, езыр зыхэта Iуэхугъуэхэм теухуа хъыбархэм тебгъэпсэлъыхьыжыну, и чэнджэщ Iущхэм уедэIуэну куэд и уасэт».
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




