Абыхэм я лъэпкъыцIэр зыт – зауэлIт

ЩIалэгъуалэ узыншэ къэзылъыхъуэм лъэпкъ щIэжым телэжьэныр пщэрылъ щохъу. Зы лъэпкъи дунейм тету къыщIэкIынкъым, къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм щызригъэгъуэта фIыгъуэ псори адэкIэ къыпызыщэну щIэблэ щIэмыхъуэпс, зэхэщIыкI куу зиIэ лъэужь къэзымылъыхъуэ. НэхъыжьыфI здэщыIэм нэхъыщIэфI щыIэщ, жаIэ адыгэхэм. Япэ итам зытет дунейм щызыIэригъэхьа щIэныгъэмрэ есэныгъэхэмрэ иужь иту къакIуэм зэрыбгъэдилъхьэн Iэмалу псалъэр къигъуэтащ. А псалъэр лъэпкъым ипсыхьащ гурыщIэ куурэ къызэтемыкъутэжын тхыдэ гуащIэкIэ, ущIэгушхуэн защIэрэ узэрыгъуэзэну зэхэлъу.
Адыгэм и псалъэм, ди нобэхэм IуэрыIуатэ лъэщу къэсам, зэфIэкIышхуэ бгъэдэлъщ, куууэ щыбджкIэ, ар зыхэпщIэну иужь ущихьэкIэ, лъэпкъ щIэжыр къызэщызыгъэу Iуэхугъуэхэр кърикIуэу, цIыхур зыузэщI гупсысэ куэд къыпкърыкIыу. Апхуэдэ псалъэр щызэпкърах щIэнIуатэ хьэлэмэт дыдэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ.
НыбжьыщIэхэм я лъэпкъ икIи тхыдэ щIэжыр къэIэтыным хуэунэтIауэ лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI КъБКъУ-м. «Абыхэм я лъэпкъыцIэр зыт – зауэлIт» зыфIаща щIэнIуатэм дунейпсо мыхьэнэ игъуэтащ. Ар теухуат Хэку зауэшхуэр зэрыщIидзэрэ илъэс 85-рэ зэрырикъумрэ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсымрэ. Ди къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIахэм къищынэмыщIауэ, абы хэтащ Азербайджаным, Армением, Белоруссием, Тыркумэным, Таджикистаным щыщ тхыдэтххэр, архив лэжьакIуэхэр, литературэхутэхэр, щэнхабзэджхэр, нэгъуэщIхэри. ЩIэнIуатэр къызэзыгъэпэщар КъБКъУ-м социальнэ икIи гуманитар щIэныгъэхэмкIэ и институтымрэ УФ-м IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм я Штаб нэхъыщхьэм зауэ щIэныгъэхэмкIэ и академиемрэщ.
ЩIэнIуатэм и ублапIэм къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ. Абы къеджащ КъБКъУ-м социальнэ икIи гуманитар щIэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэмкIэ кандидат Тэмазэ Муслъим.
– Совет цIыхубэм Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщихьрэ лIы ныбжь хуэдиз тещIэжами, абы щагъэуа фочхэм я джэрпэджэжыр иджыри къыздэсым ужьыхыжакъым, узэщIэдэIукIмэ, зэхэпхынкIи хъунущ. А лъыгъажэ бзаджэм ипсыхьащ лъэпкъыбэм я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэхэр, а мафIэсым къыхэкIащ къуэш щыпкъэ зэхуэхъуа зауэлIхэм я ныбжьэгъугъэр. Ди япэ итахэм я зэхущытыкIэхэр цIыхухэр зыщыщ лъэпкъым елъытатэкъым, зэрыпсалъэ бзэм епхатэкъым, зэрахьэ диным пыщIатэкъым. ЛъэгуажьэмыщхьэкIэ къэзыгъэтIысыну хэта бийм къахуихь гузэвэгъуэм и пащхьэ псори зэрыщызэхуэдэр жылагъуэхэм къагурыIуат, абы зэкъуэзыудын къару щымыIэу зэкъуигъэуват. Къэбэрдей-Балъкъэрми гуащIэу къытехуащ блэкIа зауэм и удынхэр. Ар зылъэмыIэса унагъуэ щIагъуэ ди лъахэм искъым. Лъэпкъыбэу зэхэт ди цIыхубэм къагурыIуащ къащхьэщыхьа шынагъуэм зэгъусэу пэщIэмыувэмэ, лъапсэкIуэдыр къазэрыхуигъэкIуэнур. Арауэ къыщIэкIынущ ди щIэнIуатэр зыхуэгъэпсар щIэныгъэм къыщымыувыIэу, унагъуэхэмрэ лъэпкъхэмрэ защIэжынымкIэ мыхьэнэ иIэу щIыщытыр. ЗэIущIэ щхьэпэм къекIуэлIащ тхыдэтххэр, литературэхутэхэр, щэнхабзэджхэри къызэрырихьэлIам фIагъышхуэ хызолъагъуэ, сыту жыпIэмэ гуманитар щIэныгъэхэм я зэпылъыпIэм къыщыунэхуну гупсысэщIэхэм ди блэкIам худиIэ еплъыкIэхэм зрагъэIэтынкIэ зэрыхъунум шэч къытесхьэркъым. ЩIэнIуатэм зи гуащIэрэ щIэныгъэрэ къыхилъхьэмэ фIэигъуэу къекIуэлIа дэтхэнэми фIыщIэшхуэ хузощI, зи ужь фихьэну лэжьыгъэри къывэхъулIэну, зыхуэвгъэувыжа къалэнхэри къывдэхъуну си гуапэщ, – щыжиIащ и фIэхъус псалъэм Алътуд Юрэ.
КъБР-м и Парламентым и цIэкIэ щIэныгъэхутэхэм захуигъэзащ ЩэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ информацэ политикэмкIэ комитетым и унафэщI Текуев Iэмырбий:
– Ди адэхэмрэ адэшхуэхэмрэ я фэеплъыр тхъумэныр дэтхэнэми ди хьэкъщ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм зэкъуэува нэхъыжьыфIхэм къагъэлъэгъуар пхуэмыIуэтэщIыжыну лIыгъэщ – аращ дэ дыкъэзыхъумари, бийм даIэщIэмыхьэу дыкъызэтезынари. ЩIытIхэм дэсхэр лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIами, щIакхъуэ IыхьэкIэ зэдэгуашэу, зым и бзэкIэ уэрэд къыхидзамэ, адрейр дежьууэ, зыр адрейм ихъумэу зэдекIуэкIащ. Апхуэдэ зыщIыныгъэ щымыIатэмэ, тобэ ирехъуи, Iэщэ зэгъэпэщакIэ зэщIэузэда фашистыдзэм дыпэлъэщыну къыщIэкIынтэкъым. Дэ лъабжьэ диIэщ, тхыдэр щыхьэт тохъуэри, Хэку зауэшхуэр зи нэгу щIэкIа нэхъыжьыфIхэм дарихьэлIащи. А лъабжьэфIым мыуэжыну блынджабэ зэпэщ къыдэзыщIеин лэжьыгъэ мы щIэнIуатэм къыхэфлъхьэну си гуапэщ, – жиIащ Текуевым.
ЗэIущIэм къыщыхалъхьа Iуэхугъуэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр я фIэщыгъэ къудейм къегъэлъагъуэ. Апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэмкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Тетуев Алим и къэпсэлъэныгъэр триухуащ Совет Союзым щыпсэу лъэпкъхэр зэкъуэмыуватэмэ, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къыщахьынкIэ Iэмал зэримыIам. УФ-м IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм я Штаб нэхъыщхьэм зауэ щIэныгъэхэмкIэ и академием и доцент, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Шагов Андрей тепсэлъыхьащ Кавказым щекIуэкIа зауэхэм совет тIасхъэщIэхыдзэм щиIа мыхьэнэмрэ абы жылагъуэхэр зэрыдэIэпыкъуамрэ. КъБКъУ-м и доцент, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Тэтэр Азэмэт и гугъу ищIащ Кавказым щыпсэу цIыхубэр къызэщIигъэстэн, хъыбар нэпцIхэмкIэ игъэщхьэрыуэн папщIэ, I942-I943 гъэхэм фашист Германием иригъэкIуэкIа политикэм хэлъа хъуагъэщагъэхэм. ЗэIущIэм и ублапIэм къыщыIуа мы къэпсэлъэныгъэхэм къапкърыкIыжри, щIэнIуатэм и лэжьыгъэр адэкIэ къудамитхум щекIуэкIащ.
«ЗыIэт, къару лъэщ! Хэку зауэшхуэр къызэрыхъейрэ илъэс 85-рэ ирокъу» зи фIэщыгъэ къудамэм щекIуэкIа лэжьыгъэм къызэщIиубыдащ зауэм и япэ мазэхэм къэралым щекIуэкIа политикэм, советыдзэр зэрызэфIэувам, Кавказым хыхьэ щIыналъэхэм партизан зэщIэхъееныгъэхэм зэрызыщаубгъуам хэлъа Iуэхугъуэхэр.
«СССР-м и лъэпкъыбэмрэ Хэку зауэшхуэмрэ» къудамэм къыщаIэтахэр ехьэлIат советыдзэм лъэпкъ Iуэхур зэрыщызэблахыу щытамрэ ТекIуэныгъэр къыдэхынымкIэ абы иIа мыхьэнэмрэ. КъэхутакIуэхэр нэхъыщхьэу тепсэлъыхьащ зы Iуэхум зэригъэувэлIа лъэпкъыбэм я зэхудэ граждан щIэж яIэнымрэ абы зиужьынымрэ къызыхэкIа щхьэусыгъуэхэм.
«Фронтым и щIыбкIэ» къудамэм щызэпкърахащ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм къэралым и экономикэмрэ жылагъуэ гъащIэмрэ зэрыщекIуэкIа, къэрал IуэхущIапIэхэмрэ къуажэ гъащIэмрэ зэрызэтраублэ, балигъхэмрэ сабийхэмрэ я гъащIэм зэрызихъуэжа щIыкIэхэм. Мы Iуэхугъуэхэм епха тхыдэр куэдуи мащIэуи джа хъуакъым, абы къыхэкIыу, мы къудамэм къыщекIуэкIа псалъэмакъхэм едэIуну хуейуэ гукъыдэж зыщIахэр куэд мэхъу.
«Хэку зауэшхуэр къызытещыж литературэр» къудамэм, фIэщыгъэм къызэрыхэщщи, зи гугъу щащIар блэкIа къэхъугъэхэр лъэпкъхэм я литературэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуамрэ къыдэкIуэтей щIэблэм я тхыдэ щIэжым зиужьынымкIэ яIа мыхьэнэмрэщ.
«Хэку зауэшхуэм хэтахэм я фэеплъыр хъумэн» къудамэм гулъытэ хэха щыхуащIащ блэкIа Iуэхугъуэхэр зэрыхуейм хуэдэу зэблэзыдзхэмрэ пцIыр цIыхубэм хапщэу тхыдэр зэзыхъуэкIыну хущIэкъухэмрэ. Абыхэм уазэрыпэщIэтыну щыIэ Iэмалхэм ящыщу къагъэлъэгъуащ къэрал хабзэхэр гъэткIиин зэрыхуейм къыщегъэжьауэ лъэпкъ хасэхэм я лэжьыгъэм псэкупсэ пэхуэщIэхэр къыщыхэлъхьэным щыщIэкIыжу гупсысэ зэмыщхьхэр. Щхьэхуэу тепсэлъыхьащ ТекIуэныгъэм и махуэр гъэлъэпIэным ехьэлIауэ къыхэлъхьапхъэ дауэдапщэхэмрэ зэрегъэкIуэкIыпхъэмрэ. Апхуэдэу Iэмалыншэу къалъытащ къэрал архивхэр къызэIухауэ, цIыхухэм Хэку зауэшхуэм хэта я Iыхьлыхэм къакIуа гъуэгуанэр къахутэжыну хуитыныгъэ етыныр, дэфтэр зэужьхэр къыдэгъэкIыныр, тхылъ нэхъыбэ утыку къихьэныр.
ЩIэнIуатэр купщIафIэу екIуэкIащ. Абы щыхьэт тохъуэ утыкум лэжьыгъэ 60-м щIигъу къызэрырахьар. КъБКъУ-м и мурадщ тхыгъэхэр псори зэщIакъуэжьу зы тхыдэ зэужь къыдагъэкIыну, ар библиотекэхэм хуагуэшу, щIалэгъуалэм деж нагъэсыну.

 

ТАБЫЩ Мурат.
Поделиться:

Читать также: