Гугъуехьым ипсыхьа тхакIуэщТхакIуэм и цIэрыIуагъэр Iуэхугъуэ зыбжанэм щелъыта щыIэщ: и зэчийм, гуащIэдэкIым, цIыхум я гум къызэрипсэлъыкIым. Языныкъуэми и насып къыщикIи къэхъуу къыщIэкIынущ. Иджырей дунейм тхылъыфI птхыкIэ Iуэхур зэфIэкIыркъым - ар Iэмал зэхуэмыдэхэмкIэ тхылъеджэм деж нэбгъэсыфу щытын хуейщ. Абы щыгъуэми псоми я лъабжьэр я гум узэрынэсынурщ.
Ди тхакIуэхэм яхэтщ езыр-езыру зи тхыгъэхэр гум къинэ, зи псалъэхэр бзэгупэм къытенэ. Шэч хэмылъу, абыхэм ящыщщ Хьэх Сэфарбий. «Ар гугъуехьым ипсыхьа тхакIуэщ, тхакIуэ Iэзэщ, нэсщ», - жиIат тхакIуэ Гъэунэ Борис.
И хъэтIрэ и макърэ иIэжу ди литературэм хыхьа Хьэхым и IэдакъэщIэкIхэм я фIагъыр къыхагъэщауэ щытащ тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэхэу Теунэ Хьэчим, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Тхьэгъэзит Зубер, Къагъырмэс Борис, Архипов Владимир, Львов Михаил сыми. Лъэпкъым хуэлэжьа, зи гъащIэр абы тезыухуа тхакIуэ-усакIуэхэр зыщыдмыгъэгъупщэнырщ ди тхыгъэм мураду щызыхуэдгъэувыжар.
«Лъэпкъым ди блэкIам, ди нобэм, цIыхур щIэпсэум и мыхьэнэм ехьэлIа гупсысэ куу къызыхэщ, ди гъащIэм, ди дунейм я кIапэлъапэ куэдым, плIанэпэ нэхъ куэдыжым удэзыгъаплъэхэр и къалэмыпэм къыщIэкIащ Хьэхым, - итхыгъащ Гъэунэм. - Апхуэдэ поэмэщ «Кърым макъамэхэр». Урыс пащтыхьхэм лъэпкъкIуэдыр къытхуагъэкIуэн щхьэкIэ лэжьахэм, адыгэ лъэпкъ лажьэншэм Хэкур зэрырагъэбгынам, нэгъуэщI насыпыншагъэ куэд уигу къэзыгъэкIыж, гупсысэ хьэлъэм ухэзышэ тхыгъэщ ар. «ЩIы хъурейм и нэхъ щIыпIэ дахэм ущыпсэуми, мылъкумрэ фIыгъуэмрэ ухэсми, уи Хэкум уимысыжмэ, ахэр зыри IэфIыжкъым. ГъащIэми дунейми я нэхъ IэфIыпIэ дыдэр здэщыIэнкIэ хъунур уи пщIантIэжьщ, уи хэкужьщ»… Гупсысэ нэхъыщхьэр къэзыIуатэ мы псалъэхэмкIэщ поэмэр усакIуэм зэриухыр. Ар зэрытха бзэ къулейр-щэ?! ЕкIурэ игъуэу абы къегъэсэбэп метафорэхэр, эпитетхэр, зэгъэпщэныгъэхэр - тхыгъэр художественнэ зыщIыж Iэмал псори».
Хьэхым и зэфIэкIыр псом хуэмыдэу къыщынэIуар прозэрщ. Абы и повестхэмрэ рассказхэмрэ ярыту зэман-зэманкIэрэ дунейм къытехьа тхылъхэщ «Пщэдджыжьыпэ щIыIэ», «Толъкъун Iэсэ», «Махуэм дунейр и кIыхьагъщ», «Сигу, къэувыIи сызылъэщIэгъэхьэ», «Си хъуреягъкIэ», нэгъуэщIхэри.
- ГъащIэм и къэхъугъэ зэхуэмыдэхэм я нэпкъыжьэ хэплъагъуэу, психологизм нэскIэ гъэнщIауэ щытщ тхакIуэм и прозэр. Аращ Хьэхым и IэдакъэщIэкIхэм къеджэр щIызыIэпишэр, - пещэ Гъэунэм. - Яшхынрэ зыщатIэгъэнрэ ямыгъуэту, ящIэнумрэ зыхэIэбэнумрэ ямыщIэу къуажэдэсхэр щхьэлажьэ щыхъуа зэман хьэлъэр къыхощыж «Пщэдджыжьыпэ щIыIэ» повестми, «Шамсир», «ХэщIащ» рассказхэми, нэгъуэщI тхыгъэ зыбжанэми. Сыт хуэдэ Iуэхугъуэми тетхыхь Хьэхыр псалъэм хуэIэзэщ. Дэтхэнэ и тхыгъэри къащти, нэрылъагъущ ар зи Iэдакъэ къыщIэкIар зэрытхакIуэ нэсыр. А зэман ямылъагъужыным теухуащ «Гулъытэ», «ЦIыхуфI куэд щыIэщ», «ЖэщитI», «Лъэмыж» тхыгъэхэри. Абыхэм увыпIэ щхьэхуэ щаубыд фызабэ гъащIэ хьэлъэр зи натIэ хъууэ гугъуехьымрэ хьэзаб мыухымрэ иращIыкIыпа бзылъхугъэ тхьэмыщкIэм, зи адэ зыщхьэщыт и ныбжьэгъу цIыкIухэм ехъуапсэрэ нэпс щIигъэкIыу зи гъащIэр зыхь щIалэ дыгъэ цIыкIум, фэбжьышхуэ зытелъ псэ къабзэ-псэ хей куэдым.
Гулъытэшхуэ тхакIуэм хуещI къытщIэтаджэ дыщэ-щыгъэ цIыкIухэм. ГъэщIэгъуэнщ абы сабийхэм папщIэ итх хъыбархэмрэ псысэхэмрэ. Ахэр ди литературэм дежкIэ щIэщыгъуэщ. «ПсыIэрышэ», «Дадэкъуапэ» тхылъхэм, «ЦIыкIураш» псалъащхьэр яIэу дунейм къытехьа усэхэм, нэгъуэщI куэдми ныбжьыщIэхэр щогуфIыкI. Зи школкIуэгъуэр къэблэгъа дзахъэ дыгъэ шырми къэжэпхъа Iущыцэ цIыкIуми фIэфIщ мы зи цIэ къисIуа тхылъхэм ярыт тхыгъэ цIыкIухэм щIэдэIуну, Хьэхыр зытепсэлъыхьхэр цIыкIухэм псэкIэ я гъунэгъущ, бзэ зэщIэжьыуэкIэ тхащи.
Зи гупсысэкIи акъылкIи балигъхэм ефIэкI щIалэм, илъэсих-блыхэм итыным, и хьэл-щэным удехьэх, апхуэдизкIэ ар зэпIэзэрытщи. Зи гугъу сщIыр «Акъылыщхьэ» рассказым хэт лIыхъужь цIыкIурщ. Зыхэт сабийхэм ягъэщIагъуэм къыщымынэжу, балигъхэри къигъэуIэбжьырт Мурат къызыкъуих акъылымрэ абы и гупсысэкIэмрэ. Пэжщ, апхуэдэ сабий дыгъэхэм, балигъ акъылым ехьэехуэхэм, уеблэмэ щхьэпрыкIыжхэм, гъащIэм дащыхуозэ. ДиIэщ апхуэдэ дадэкъуапэ цIыкIухэр, ауэ абыхэм дащхьэпрыIэбыкI-дащхьэпрыплъыкIыурэ, я гугъу дымыщIурэ къокIуэкI нобэр къыздэсым.
Сэфарбий гугъэзагъэ-псэгъэзагъэу дегъэлъагъу и IэдакъэщIэкIхэм хэт лIыхъужьхэр. Дэтхэнэми иIэжщ езым и дуней тетыкIэрэ и псэлъэкIэрэ.
Сыт хуэдиз къабзагъэрэ дахагъэрэ къыхэщрэ «Папэ, мамэ, сэ, си Наур» рассказым! НапэкIуэцIитI къудейщ ар зэрыхъур, ауэ дэ абы щыдолъагъу адыгэ унагъуэ дахэм къыщIэхъуэ сабий дахэхэр. Рассказым хэт Аслъэн цIыкIур, зекIуэгъуей-псэлъэгъуей пыжьынэ цIыкIур, псэгъэгуфIэ-гукъинэжщ.
Гукъинэжщ «Дыгъужь-къуажакIуэ» псысэри. Абы хэт дыгъужь шырым уи гур щIогъу, пфIэгуэныхьщ, жыIэмыдаIуэми. И анэм и Iизыншэу дыгъуакIуэ кIуати, кIуэдыпIэ ихуащ тхьэмыщкIэ цIыкIур. Мыхэр псори - рассказхэри псысэхэри - бзэ дахэкIэ, сабийр къыдэзыхьэх бзэкIэ, сабиибзэ жыхуэтIэжымкIэ, тхащ.
Сэфарбий и миниатюрэхэм щыщ:
«ЦIыхур куэдрэ псэу ящIыфыну жаIэ. ЖаIэ, ятх ди гъащIэм и кIыхьагъыр илъэси 150 – 200-м нагъэсын яхузэфIэкIыну.
Пэжынщ, пщIэнукъым. АдэжкIи Iэбэу, цIыхур мылIэжыххэн тщIынущ жаIапэми, уи фIэщ хъуныр хэлъщ – инщ щIэныгъэм и къарур.
Узхэм зэратекIуэн хущхъуэхэр къагупсысынкIэ, дунейм и къэхъукъащIэ дызытекIуадэхэми нэгъуэщIхэми зэгуэр Iэмал къыхуагъуэтынкIэ мэхъу. Ауэ…
Ауэ сэ къызгурымыIуэр зыщ: езы цIыхум цIыхур имыукIыжу зэращIын я гугъэр дауэу пIэрэ?!»
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




