Ухуэныгъэхэм пащэ![]() «ГъащIэ кIыхь икIи купщIафIэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Зеикъуэ къуажэм щыIэ район сымаджэщым и поликлиникэр къэгъэщIэрэщIэжын щIадзэнущ. ЖыпIэнурамэ, ухуэныгъэжьым унэщIэ къыбгъуращIыхьынущ, кIуэцIыбжэкIэ ахэр зэпыщIауэ икIи тIуми зэхэту метр зэбгъузэнатIэу 2872-рэ яIыгъынущ.
Поликлиникэр зыхуей хуагъэза нэужь, зы махуэ лэжьэгъуэм къриубыдэу цIыху 350-м нэблагъэм абы щеIэзэфынущ. Апхуэдэуи, медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэнущ районым и цIыху мин 31-м щIигъум, абыхэм ящыщу мини 7-р сабийуэ.
УхуэныгъэщIэм хэтынущ дохутырхэм я пэш щхьэхуэхэр, диагностикэ кабинетхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм щIагъэувэнущ иджырей медицинэ оборудованэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ. Поликлиникэм къедза щIыпIэри зэIузэпэщ ящIынущ. Медицинэ транспортым щхьэкIэ екIуэлIапIэхэр хуащIынущ, лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдиинущ, къэухьхэр щагъэувынущ, жыгхэр щыхасэнущ.
ИджыпстукIэ проект-къэпщытэныгъэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI. Поликлиникэр щызэрагъэпэщыжынур 2027 гъэрщ.
КъищынэмыщIауэ, Прохладнэ районым и Псыншокъуэ къуажэм и курыт еджапIэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Ар щаухуауэ щытар 1996 гъэрщ икIи лэжьыгъэхэр абы щрагъэкIуэкI «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
Проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, школым и пщэфIапIэр, актовэ пэшыр, классхэр иджырей мардэм кърагъэтIэсэнущ. Апхуэдэуи, инженер коммуникацэхэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, унащхьэр зэрахъуэкIынущ.
Иджыпсту лэжьакIуэхэм унэ IуплъапIэр зыхуей хуагъазэ, унащхьэми яужь ихьащ. Ахэр зэрызэфIэкIыу, пэш кIуэцIхэр къагъэщIэрэщIэжынущ, бжьамийхэр, ток кIапсэхэр щахъуэжынущ.
Лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу сабийхэм яIэ хъунущ иджырей мардэм къитIасэ еджапIэ зэпэщ. Абы хэтынущ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэмрэ Сабий жэрдэмхэмкIэ центрымрэ я хэщIапIэхэр.
Апхуэдэуи, «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, гъэмахуэм зэрыщIидзэу, Май къалэм къалэ паркым и Iыхьэу Энгельс и цIэр зезыхьэ уэрамым тетым зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр ирагъэгъуэтынущ. Проектыр щытекIуауэ щытащ нэгъабэ ирагъэкIуэкIа 10-нэ урысейпсо интернет IэIэтым.
Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIыну щIыпIэр гектаритIым щIегъу икIи, къалэдэсхэм я лъэIухэр ягъэзащIэу, парк ихьэпIэр зэIузэпэщ ящIынущ, иджырей шхапIэхэр, сабий джэгупIэхэр, спорт утыку Iэхуитлъэхуитхэр хэту. Апхуэдэуи, абы къыщызэIуахынущ къэралым и тхыдэр къызыхэщ «Урысейм и ЛIыхъужьхэм» я аллее.
Абыхэм нэмыщI, парк ихьэпIэм деж машинэ гъэувыпIэхэр щыхуащIынущ, ихъуреягъкIэ тетIысхьэпIэхэр къыщрагъэувэкIынущ, уэздыгъэхэр щыпадзэнущ. Лэжьыгъэхэр мы гъэм и бжьыхьэм зэфIагъэкIынущ.
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и Чыщбалъкъ къуажэм щызэхаублэ лэжьыгъэшхуэми нобэ щоужьэрэкI. Мыбдежым зэIузэпэщ щащI Малкэ – Ингушли автомобиль гъуэгум хыхьэ Iыхьэ икIи, нобэкIэ, Iуэхугъуэ куэд щызэфIагъэкIащ.
УхуакIуэхэм ягъэхьэзыращ лъэс лъагъуэу псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 5600-м я лъабжьэхэр, абыхэм кърагъэтIылъэкIащ бордюру мини 4-м щIигъу. Гъуэгущхьэм тралъхьащ асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэу мин 27-м щIигъу. Языныкъуэ щIыпIэхэм деж етIуанэ кIуэгъуэу ирикIуэн щыщIадзащ.
ЦIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу курыт еджапIэм, къуажэ администрацэм и хэщIапIэм, ЩэнхабзэмкIэ унэм яхуэзэу къэухьхэр щагъэуващ. Иджырей уэздыгъэхэр зыпадзэн пкъоуэ II4-рэ хагъэуващ, ток кIапсэхэри падзэжащ.
Абыхэм нэмыщI, лэжьакIуэхэм псы жапIэу 5-р бетонкIэ ягъэбыдащ. ДызыхуэкIуэ махуэхэм гъуэгу дамыгъэхэр щагъэувынущ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыщыхагъэщхьэхукIынущ.
Лэскэн районым и Хьэтуей къуажэм и курыт еджапIэм щрагъэкIуэкI зэIузэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэми адэкIэ пащэ. Зэраухуэрэ илъэс 50 хъуа школыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
НобэкIэ лэжьакIуэхэм пкъыгъуэжьхэр абы къыпкърахащ, унащхьэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIын щIадзащ. Абыхэм къадэкIуэу, пэшхэр къращIыкI, Iэхуитлъэхуит ящI, унэ IуплъапIэри зыхуей хуагъазэ. Ахэр зэрызэфIэкIыу, еджэныгъэ обрудованэщIэхэр, унэлъащIэхэр классхэм щIагъэувэнущ.
Бахъсэн щIыналъэм и Бахъсэненок къуажэм щаухуэ спорт комплексри и кIэм нэблэгъащ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Къуажэ щIыпIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ.
УхуакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, спорт комплексыр и кIэм нэблэгъащ. Иджыпсту абы и кIуэцIри щIыбри къращIыкI, инженер коммуникацэхэр щIашэ. Метр зэбгъузэнатIэу 1200-рэ зыубыда ухуэныгъэр къуажэдэсхэм я спорт зэхуэсыпIэу щытынущ, къыхагъэщ абыхэм.
Япэ къатым спорт лIэужьыгъуэ куэдым зыщыхуэбгъасэ хъуну пэш Iэхуитлъэхуит иIэнущ, тренажер зал, зыгъэпскIыпIэ, зытIэщIыпIэхэр хэту. ЕтIуанэ къатыр администрацэм еинущ. Апхуэдэуи, абы хэтынущ тренерхэмрэ дохутырхэмрэ я пэшхэр.
Спорт комплексыр мы гъэм и фокIадэм къызэIуахынущ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||





