Ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр ягъэувыIэркъымНалшык, Май къалэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгум щыщу Аруан районым хыхьэм иращIылIа зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр и кIэм нэблэгъащ. Абы километри 6-м щIигъу и кIыхьагъщ икIи Чернэ Речкэ къуажэм деж къыщыщIэдзауэ Май щIыналъэм и гъунапкъэм нэсыху макIуэ.
2019 гъэм щегъэжьауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм я кIэух Iыхьэм щыщу къэнэжа щыIэкъым. Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм хыхьэу гъуэгу щхьэфэр тратхъунщIыкIри, лъабжьэр, гъуэгубгъур ягъэбыдащ, асфальтыщIи тралъхьэжащ. ИужькIэ, гъуэгу дамыгъэхэр щагъэуващ, къыщыхагъэщхьэхукIащ, мыгувэуи гъуэгур машинэхэм хуит хуащIыжынущ.
Налшык – Май автомобиль гъуэгум къэрал мыхьэнэ иIэщ, абы зэпещIэ республикэм и районитIрэ къуажэхэмрэ.
Апхуэдэуи, Щхьэлыкъуэ къуажэм Джэрыджэм и цIэр зезыхьэ и уэрамыр, Иуаным и цIэр зезыхьэм хыхьэжыр, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж иджыпсту. Абы метр 450-рэ хуэдиз и кIыхьагъщ икIи социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэ зыбжанэ тетщ: дохутыр амбулаторэ, спорт комплексу 2, стадион, курыт еджапIэ №1-ми ухуешэ.
НобэкIэ лэжьакIуэхэм зэрахъуэкI псы къабзэ зэрыкIуэ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр. Ар зэрызэфIэкIыу, уэрамыщхьэр зэIузэпэщ ящIын щIадзэнущ. Гъуэгум тIуащIэу асфальт тралъхьэнущ, лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдиинущ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, къедза щIыпIэхэри зыхуей хуагъэзэнущ.
Лэжьыгъэхэр щекIуэкI гъуэгум метри 6 и бгъуагъщ, лъэс лъагъуэм – метр 1,5-рэ, икIи мы гъэм фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу ахэр и кIэм нагъэсынущ. Абы трагъэкIуэдэну мылъкур щIыналъэ гъуэгу фондым къыхэкIынущ.
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и транспорт IэнатIэр егъэфIэкIуэн» КъБР-м и къэрал программэм хыхьэ «Гъуэгу хозяйствэ» гуэдзэным ипкъ иткIэ Бахъсэн къалэми Шымэзокъуэмрэ Беслъэнеймрэ я цIэхэр зезыхьэ и уэрамхэр гъуэгу хозяйствэр егъэфIэкIуэнымкIэ щыIэ щIыналъэ программэм къыхэкIа субсидиемкIэ зэрагъэпэщыж.
Шымэзокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым метр 800, Беслъэнейм и цIэр зезыхьэм – метр 1900-рэ я кIыхьагъщ. Псори зэхэту цIыху зы минным щIигъу абыхэм щопсэу, курыт еджапIэ №2-р, Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэр тетщ.
Лэжьыгъэхэр хуэунэтIащ къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, абыхэм я шынагъуэншагъэмрэ тыншыпIэмрэ къызэгъэпэщыным икIи, а Iуэхугъуэхэм хиубыдэу, асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тIуащIэу тралъхьэнущ, лъэс лъагъуэщIэхэр щаукъуэдиинущ, уэрамхэр къызэщIагъэнэхуэнущ.
НобэкIэ Беслъэнейм и цIэр зезыхьэ уэрамым и гъуэгу щхьэфэр тратхъунщIыкI, асфальтыщIэ зэрытралъхьэнум ар хуагъэхьэзыр.
Прохладнэ щIыналъэм и сымаджэщ нэхъыщхьэм сабийхэр щагъэхъуж и унэр къызэхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Ар 1973 гъэм яухуауэ щытащ икIи иужьрей илъэс 36-м къриубыдэу мыпхуэдэ лэжьыгъэ япэу щызэхаублэу аращ. Ар ирагъэкIуэкI «ГъащIэ кIыхь икIи купщIафIэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
Къатищу зэтет сымаджэщым метр зэбгъузэнатIэ мини 2-м нэблагъэ еубыд, лэжьыгъэхэми хиубыдэу унащхьэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIынущ, IуплъапIэр зыхуей хуагъэзэнущ. Иджыпсту лэжьакIуэхэм пэш кIуэцIхэр нэхъ Iэхуитлъэхуит ящI.
2028 гъэм и кIэхэм лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIынущ.
Май районым и Котляревскэ къуажэм и курыт еджапIэ №8-р зэрагъэпэщыжын щIадзащ «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
Школым псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэу 3700-рэ иIыгъщ икIи ухуэныгъэ лэжьыгъэхэм ар къызэщIрагъэубыдэнущ. НобэкIэ ток кIапсэхэр яхъуэжащ, пэш блынджабэхэр къагъэкъабзэ, лъэгухэр зэтес ящI, инженер коммуникацэхэр щIэуэ щаукъуэдий. АдэкIэ, бжэ-щхьэгъубжэхэр, лъэгухэр зэрахъуэкIынущ, лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу, унэлъащIэ, бжыгъэ лъабжьэ зиIэ егъэджэныгъэ оборудованэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ классхэм щIагъэувэнущ.
Прохладнэ щIыналъэм щыщ Къэрэгъэш къуажэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэр мы махуэхэм зэIузэпэщ ящI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
Лэжьыгъэхэр щекIуэкIыну щIыпIэр зэтес ящI, ухуэныгъэхэм ар хуагъэхьэзыр. Абы хиубыдэнущ лъэс лъагъуэхэр, сабий джэгупIэхэр, апхуэдэуи щагъэувынущ тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэмрэ, щыпадзэнущ иджырей уэздыгъэхэри.
Къэрэгъэш къуажэм цIыху 6050-рэ нобэ щопсэу, абы щыщу 1957-р сабийуэ икIи а лэжьыгъэхэр хуэунэтIащ къуажэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, я тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщыным.
ЗэIузэпэщыныгъэ Iуэхугъуэхэр мы гъэм фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




