ЦIыхумрэ щIэныгъэмрэ

Накъыгъэм и 30-м ди къэралым щагъэлъапIэ Химикым и махуэр. Дунейм и щыIэныгъэм щIэныгъэ лъабжьэ зэриIэмрэ цIыхухэм щIыуэпсыр хъумэным ехьэлIауэ яхэлъыпхъэ щэнхабзэмри епхащ химиер. Зыхиубыдэ щIэныгъэ унэтIыныгъэхэм уахэплъэмэ, химием а гупми увыпIэшхуэ щеубыд. АбыкIэ дбгъэдэлъ зэхэщIыкIым куэдкIэ елъытащ щIыуэпсым и зэхэлъыкIэр къызэрыдгурыIуэм и кууагъыр, абы щызекIуэ хабзэхэмрэ игъуэт щытыкIэхэмрэ зэрызыхэтщIэр, химие щIэныгъэм дунейм, гъащIэм щекIуэкI Iуэгъуэхэм я нэхъыбапIэр епхащи. 

Химие щIэныгъэм хуабжьу зыщиужьащ ди щIыналъэм. А IэнатIэм щыцIэрыIуэхэм ящыщщ УФ-м щIэныгъэмрэ техникэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымрэ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту лажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ, химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Мэшыкъуэ Нуралий Инал и къуэр. ЩIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ лъэпкъ IэщIагъэлIым илъэс 50-м щIигъуауэ зэдехь егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэмрэ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэмрэ, ныкъусаныгъэ хэмылъу, пщIэрэ щIыхьрэ иIэу, и Iуэху зехьэкIэмрэ дуней еплъыкIэхэмрэ куэдым щапхъэ яхуэхъуу. ГъащIэ гъуэгуанэ купщIафIэ, Iуэхугъуэ хьэлэмэт куэдкIэ гъэнщIа, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъми щалъхуа щIыналъэми яхуэщхьэпэн лэжьыгъэ инхэр зэфIэзыгъэкIа Мэшыкъуэр ноби жыджэру абы хэтщ, гупсысэщIэхэмрэ жэрдэмыщIэхэмрэ и куэду. 
Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Малкэ жылэм дэт курыт еджапIэр дыщэ медалкIэ 1966 гъэм къиуха нэужь, дунейм, щIыуэпсым я зэхэлъыкIэр хуабжьу зыфIэхьэлэмэт щIалэщIэм мурад ищIащ химиемкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэм адэкIи хигъэхъуэну. Ар лъэпощхьэпоуншэу щIэтIысхьащ Менделеевым и цIэр зэрихьэу Москва дэт Урысей химие-технологие университетым икIи абы зэи хущIегъуэжакъым Нуралий. Абы зэрыжиIэмкIэ, химием хуэдэу хьэлэмэт куэд зыпкърылъ, Iэмал куэд къызыкъуэзыхыфын щIэныгъэ зэрыщымыIэр занщIэу къыгурыIуат абы. Я егъэджакIуэр ящIыгъуу ирагъэкIуэкI химие опытхэр хуабжьу фIэфIт Нуралии, мурад ищIауэ щытащ а щIэныгъэм и щэху куэд къихутэну, абы и зэфIэкI телъыджэхэм куууэ щыгъуазэ зыхуищIыну. 
 И насып кърихьэкIри, щышколакIуэм дэзыхьэхауэ щыта щIэныгъэр IэщIагъэ хуэхъуащ Нуралий. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэриIэм щыхьэт техъуэ диплом 1971 гъэм къратыжащ абы икIи и гъащIэм и фIыпIэу къилъытэ илъэсхэм ящыщ куэди а химие къэхутэныгъэхэм тыхь яхуищIащ. Щалъхуа щIыналъэм къэкIуэжа нэужь, абы КъБКъУ-м лэжьэн щыщIидзащ. Къэхутэныгъэхэм хуабжьу дахьэх Нуралий зэман кIэщIым къриубыдэу игъэхьэзыращ и кандидат диссертацэр. Ар 1980 гъэм ехъулIэныгъэ иIэу щыпхигъэкIащ езыр щеджа Урысей химие-технологие университетым. ИужькIэ, 1991 гъэм, щытхъу куэд зыхужаIа, пщIэшхуэ зиIа и доктор диссертацэри утыку кърихьащ. Мэшыкъуэм а щIэныгъэ лэжьыгъэри щыпхигъэкIар Москващ. 
Мэшыкъуэ Нуралий и доктор диссертацэр зытеухуауэ щытар иджыпсту щIэупщIэшхуэ зиIэ микровещество хэхахэр хэлъхьауэ, полимерхэр нэхъ быдэ щIынырт, абыхэм къыхащIыкI хьэпшыпхэр нэхъыбэрэ зекIуэн щхьэкIэ. Лъэпкъ IэщIагъэлI гумызагъэм зэфIиха а къэхутэныгъэхэр щIэныгъэм цIэрыIуэ зэрыщыхъуам и мызакъуэу, апхуэдэ хьэпшыпхэр къыщIэзыгъэкI заводхэм я лэжьыгъэм куууэ къыщагъэсэбэп хъуащ зэман кIэщIым къриубыдэу. ЩIэныгъэ тхыгъэ, теорие къудей мыхъуу, ди республикэм щыIэ «Техноприбор» заводым, Калугэ областым хыхьэ Обнинск къалэм дэт химие предприятэм я лэжьыгъэм хапщауэ икIи ехъулIэныгъэфIхэр иIэу къыщагъэсэбэп технологиещ ар. Химием иIэ апхуэдэ Iэмалхэм ятещIыхьащ Ставрополь крайм и фирмэ нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщ «Агропак» IуэхущIапIэм и лэжьыгъэри. А IуэхущIапIэхэм Мэшыкъуэр я техникэ унафэщIу щытащ, чэнджэщэгъуфIу яIэщ ноби. 
Еджагъэшхуэм бгъэдэлъ зэфIэкI лъагэхэм ятеухуауэ абы щытхъушхуэ къыхужиIащ дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ щIэныгъэлI, академикышхуэ Гладышев Георгий. Езым унэтIакIуэу иIа а еджагъэшхуэм и щапхъэм тету, Нуралий гурэ псэкIэ ядолажьэ щIэныгъэм япэ лъэбакъуэр щызыч ныбжьыщIэхэм. Абы зэрыжиIэмкIэ, лъэпкъ щIалэгъуалэм яхэтщ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэм зэфIэкI лъагэхэр къыщызыкъуэзыххэр. Абы и аспиранту, докторанту щытахэм ящыщ куэд ехъулIэныгъэ яIэу нобэ химие щIэныгъэм хуолажьэ. 
Мэшыкъуэ Нуралий и нэIэм щIэту я лэжьыгъэхэр ягъэхьэзыращ щIэныгъэхэм я докторрэ кандидату 20-м нэсым. КъБКъУ-м щылажьэ диссертацэ советым хэту, абы и унафэщIу щыту, химие экологиемкIэ и кафедрэм и унафэщIу лажьэу ар хущIэкъуащ химие экологие, пластмассэхэм я нанотехнологие унэтIыныгъэхэм нэхъри зегъэужьыным, абыхэмкIэ къэхутэныгъэщIэхэр егъэкIуэкIыным. Еджагъэшхуэм и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэу 300-м щIигъу, абы къигупсыса Iэмэпсымэ зыбжанэм патентхэр къахуагъэфэщащ. 
 Лъэпкъ щIэныгъэм хуищI хэлъхьэныгъэ иным, зэфIих жылагъуэ лэжьыгъэхэм папщIэ Мэшыкъуэм щытхъу, фIыщIэ тхылъ зыбжанэ къыхуагъэфэщащ. Ахэр къабгъэдэкIащ КъБР-м и Правительствэм, УФ-м, КъБР-м ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ я министерствэхэм, зэгухьэныгъэ зэхуэмыдэхэм. Мэшыкъуэр химик цIэрыIуэ къудейкъым, атIэ икIи жылагъуэ лэжьакIуэщ. Ар ТворчествэмкIэ Дунейпсо, ЭкологиемкIэ Урысейпсо Академиехэм хэтщ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием япэу хыхьахэм ящыщщ. Илъэс зыбжанэкIэ абы и вице-президенту, академик-секретару щытащ, ноби адыгэ Iуэхум телажьэ а лъэпкъ зэгухьэныгъэм и Iуэхухэм жыджэру хэтщ.

 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться:

Читать также: