Уи унэжь хуэдэ щыIэкъым

Сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэ зыщхьэщымытыжхэмрэ псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным Къэбэрдей-Балъкъэрым щыхухах ахъшэм и куэдагъым фIыуэ хагъэхъуащ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ а Iуэхугъуэм хуаутIыпщ мылъкум и куэдагъыр сом мелуан 442-м нагъэсащ, япэм зэрыхъуу щыта сом мелуан 200-м и пIэкIэ. Дызэрыт илъэсым апхуэдэ сабийхэу 180-м нэблагъэ псэупIэхэмкIэ къызэрагъэпэщыну мурад щыIэщ. 

Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2025 гъэм и щэкIуэгъуэм республикэм къыщыхалъхьауэ щытащ псэупIэ къызэращэхун тхылъхэр иратыныр икIи абыхэм я фIыгъэкIэ дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий зеиншэу, адэ-анэ зыщхьэщымытыжу 46-м псэупIэхэр ди щIыналъэм къыщыхуащэхуащ. А Iуэхугъуэхэм хуэунэтIа программэр ягъэзащIэ республикэм и бюджетым къыхэкIа мылъкукIэ. 
Программэм хэт сабийхэм псэупIэхэр ди щIыналъэм и дэтхэнэ районми къалэми щыIэ, фэтэр куэду зэхэт унэхэм е къуажэ-жылэхэм къыщыхах хъунущ. ПсэупIэ свидетельствэм къыщыгъэлъэгъуа ахъшэм и куэдагъыр къызэрабжыр ар къыщыдагъэкI зэманым ирихьэлIэу республикэм къыщекIуэкIа уасэхэм ятещIыхьауэщ.
КъищынэмыщIауэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и жэрдэмкIэ, сабийм и ныбжьыр илъэс 18 зэрырикъуу псэупIэ свидетельствэр ятын щIадзащ, атIэми, къэрал хабзэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, япэм ахэр зрату щытахэм я ныбжьыр илъэс 23-м нэсауэ щытын хуейт. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ, щIалэгъуалэм псэупIэхэр нэхъ пасэу къаIэрохьэ, балигъ гъащIэми нэхъ псынщIэу хохьэ, жаIащ экспертхэм.

Нэхъыбэр дыдейщ
 

Урысей Федерацэм мыIэрысэу къыщрахьэлIэжым и нэхъыбэр къыщагъэкIыр Кавказ Ищхъэрэрщ, нэхъ щхьэтечу жыпIэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ставрополь краймрэщ, къитащ иджыблагъэ «Центр Агроаналитики» IуэхущIапIэм. 

Абы и IэщIагъэлIхэм къызэрабжамкIэ, а щIыналъитIым зэгъусэу къалъос пхъэщхьэмыщхьэу кърахьэлIэжым и процент 55-м нэблагъэр икIи иджырей технологие ехьэжьахэр я лэжьыгъэхэм къызэрыхашэм и фIыгъэкIэ мыIэрысэ жыг хадэхэм къыхагъахъуэ, гъавэ бэв кърахьэлIэж зэпытщ. 
Iуву зэкIэщIэса жыгхэм къыпачыжа мыIэрысэу цIыхухэм иращэр процент 75-м ноблагъэ, мыдрей жыг хадэжьхэм къраххэм елъытауэ, жаIэ абыхэм. Сату щIапIэхэм щIалъхьэ мыIэрысэм и куэдагъри илъэсым и лъэхъэнэхэм куэдкIэ епхащ икIи, апхуэдэу щыхъукIи, щэхуакIуэхэр пхъэщхьэмыщхьэ гуакIуэмкIэ къызэрызэгъэпэща хъуар нобэ куэдкIэ нэхъыфIщ, ипэ илъэсхэм еплъытмэ. 
2025 гъэм Урысей Федерацэм езым къигъэкIыжа мыIэрысэхэмкIэ цIыхухэр къызэригъэпэщащ процент 80-м щIигъукIэ. Къэралым и жыг хадэгъэкI IэнатIэм зэрызиужьым и щыхьэтщ а пхъэщхьэмыщхьэр зэрызэпэмыубыдар, мыIэрысэм щимычэзу лъэхъэнэхэм деж хамэ щIыналъэхэм кърашахэм дащыхуэныкъуэ къэхъуми. Ауэ плъапIэхэр щыIэщ, иужьрей илъэсхэм иджырей жыг хадэхэр жыджэру зэрагъэтIысыр къэлъытауэ, УФ-м къыщагъэкIа мыIэрысэхэмкIэ щэхуакIуэхэр 2028 гъэм ирихьэлIэу,проценти 100-кIэ къахузэгъэпэщыну. 
Урысей Федерацэм и пхъэщхьэмыщхьэр и теплъэкIи, фIагъкIи, IэфIагъкIи хамэ къэралхэм къыщагъэхъуам фIыуэ йофIэкI. Апхуэдэу щыхъукIи, мыIэрысэу экспортым ягъэкIуэм и куэдагъри, здаутIыпщ къэралхэм я бжыгъэри нэхъ мащIэщ: ди щэхуакIуэхэм я нэхъыбэр СНГ-м хыхьэхэрщ. ЖыпIэнурамэ, 2025 гъэм ди мыIэрысэхэр нэхъыбэу зыхуаутIыпщар Белоруссиемрэ Узбекистанымрэщ.
Илъэс блэкIам и шыщхьэIум – жэупэгъуэм къриубыдэу Кавказ Ищхъэрэм и Россельхознадзорым и щIыналъэ къудамэм къипщытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мыIэрысэу тонн мин 37-м щIигъу икIи ахэр хурагъэшащ ди къэралым и адрей щIыналъэхэм. Абы нэмыщI, хамэ къэралхэми экспорт щагъакIуэ щыIэщ.

Хэхъуэхэр къагъэлъагъуэ

2026 гъэм и щIышылэм – мазаем къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм зэхэту мэкъумэш продукцэу къыщIагъэкIащ сом меларди 5 и уасэ (республикэм иджыпсту къыщекIуэкI уасэхэм ятещIыхьауэ) е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 102,4-кIэ хуэкIуэу. Апхуэдэ хъыбар иджыблагъэ къитащ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм. 
Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу хэхъуэ къигъэлъэгъуащ Iэщ гъэхъун IэнатIэм: лымрэ джэдкъазылымкIэ (псэууэ шэчауэ) – проценти 2,1-рэ, гъэшымкIэ – проценти 2,3-рэ, джэдыкIэмкIэ – проценти 2,8-рэ. 
2026 гъэм и япэ мазитIым республикэм лырэ гъэшу къыщалэжьам и Iыхьэ тхуанэр фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ къалъысащ: тонн мини 3,6-рэ, тонн мин 12,6-рэ, ахэр зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу къэгъэлъэгъуауэ. 
КъищынэмыщIауэ, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм а тIум зэхэту лырэ джэдкъазылу къалэжьэам и куэдагъым процент 1,6-кIэ, гъэшым – процент 1,8-кIэ хагъэхъуащ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: