Сабыныпс, сабын…

Япэ дыдэу сабыныпс щызэхащIауэ щытауэ хуагъэфащэ пасэрей Вавилоным – ди эрэм ипэкIэ илъэс 2500-кIэ узэIэбэкIыжмэ, абы и лъэужь къыщагъуэтыжащ шумер пхъэбгъухэм. Яжьэрэ бжэныщэрэ зэхагъавэрти, сабыныпс къыхащIыкIырт. Языныкъуэхэми хуагъэфащэ сабыныр Пасэрей Мысырым къыщыунэхуауэ, абы илъэс мини 6 и ныбжьу. А щIыпIэм пасэрей папирусхэр къыщагъуэтауэ щытащ. Мис а папирусхэм тетхат сабыныр къызыхащIыкIхэр: къэкIыгъэхэм къыщIаху дагъэмрэ псэущхьэхэм я щэдагъэмрэ содэрэ шыгъурэ халъхьэурэ зэхагъавэрт. 
Пасэрей Мысырым содэр къыщагъэсэбэпу щытащ, къабзагъэм щыкIэлъыплъкIэ. Пасэрей мысыр медицинэм теухуа трактатым (ди эрэм ипэкIэ 1550 гъэм ятхам) къыщыгъэлъэгъуащ къазыщэм къэкIыгъэхэм къыщIаху дагъэр хакIэурэ зэхагъавэу, ар сабын папщIэу къагъэсэбэпу щытауэ. 
Ауэ щыхъукIэ, дэфтэрхэр нэхъ наIуэу щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, сабыныр къыщагупсысауэ нэхъ трагъащIэ Пасэрей Урымым. Абы щыIэт Сапо бгыр. Абы яхьырт тыхь ящIу щыта псэущхьэхэр. Абдеж къыщаублат псэущхьэхэм я щэдагъэр мафIэ ящIам и яжьэм хашыхьу. Уэшх къешха нэужь, щэдагъэмрэ яжьэмрэ къыхэщIыкIа ткIуаткIуэр Тибр псыежэхым хэлъадэрт. А псыежэхым зи щыгъынхэр хэзыжьыщIэхэм гу лъатащ, псым хажьыщIэ щыгъынхэр нэхъ къабзэ зэрыхъум, куэдыщэри яIуэтыни зэрыхуэмейм. Арати, апхуэдэ сабыныпсым ирижьыщIэ къудей мыхъуу, зыщагъэпскIкIи зыщахуэу къаублащ. Хуагъэфащэ сабыным и фIэщыгъэр Сапо бгым къытехъукIауэ. ИнджылызыбзэкIэ «soap” жаIэ, франджыбзэкIэ «savon»-щ, итальяныбзэкIи «sapone»-щ. 
Помпей щIыпIэр къыщатIэщIыжым щыгъуэ сабын гъэвапIэхэр къыщIэщыжауэ щытащ. II лIэщIыгъуэм сабыным ирижьыщIэ къудей мыхъуу, зрибгъэкъабзи зэрыхъунум цIыхухэм гу лъаригъэтауэ щытащ Галеон дохутырым. Зэман дэкIри, ди эрэм и 385 гъэм щыщIэдзауэ IэщIагъэ щхьэхуэу къэунэхуащ сабын гъэвэныр. Абыхэм «сапонариус» фIэщыгъэр яIэт. 
Ику ит лIэщIыгъуэхэм щыгъуэ Европэм сабын щызиIэр нэхъ къулей дыдэхэрт. А зэманым сабынкIэ зыптхьэщIыным гухэхъуэгъуэ гуэри хэлътэкъым, сыту жыпIэмэ, сабыныпсым щIыфэр къыщригъэлъэлъ щыIэт, абы нэмыщIыжкIи, абы мэ Iей къыкIэрихырт.
Европэм сабыныр къэсащ жор зезыхьэ лIыхъусэжьхэм я фIыгъэкIэ. Европэм япэу сабынгъэвапIэхэр къыщыунэхуащ XIII лIэщIыгъуэм. Ар къыхащIыкIырт дагъэм, щэдагъэм, яжьэм. А зэманым ирихьэIэу Франджымрэ Инджылызымрэ хьэкъущыкъу зэратхьэщI ткIуаткIуэхэр зэхагъавэу къыщаублауэ щытащ. 
Сабын зэрагъавэ щIыкIэр зыкъомрэ бзыщIауэ яхъумащ. ТкIуаткIуэ щытыкIэм имыту, атIэ сабын быдэ тыкъырыр япэ дыдэу къыщыщIагъэкIащ Италием, Севон, 1424 гъэм. Ауэрэ щэдагъэмрэ дагъэмрэ яжьэм хамыгъэзэрыхьу, содэкIэ зэхащIэу къаублащ.
КъухьэпIэ Европэм сабын гъэвэн Iуэхур нэсу щыщызэтраублар XVII лIэщIыгъуэм и кIэухырщ. А Iуэхум мыхьэнэшхуэ щиIащ щIыпIэми. Ищхъэрэ щIыналъэхэм сабын щыщызэхагъавэкIэ халъхьэрт щэдагъэ. Ипщэ лъэныкъуэм къыщагъэсэбэпыр оливкэм къыщIаху дагъэрт. ОливкэкIэ ягъавэ сабыныр псом нэхъыфI хъурт, мэ гуакIуи иIэт. Щэдагъэ зыхэлъ сабыным и мэр щIагъуэтэкъым. А мэр ягъэкIуэдын IэмалкIэ къэкIыгъэ зэмыщхьхэм къыщIаху дагъэр хакIэу къаублауэ щытащ.
Урысейм сабын гъэвэныр къыщыунэхуауэ трагъащIэ Пётр Езанэм и лъэхъэнэм ипэкIэ. Славянхэм затхьэщIу щытащ пхъэ мафIэм къищI яжьэр псывэкIэ зэIахыурэ ящI сабыныпсымкIэ. ЗыщатхьэщIкIэ къагъэсэбэпырт къэкIыгъэхэм къыщIэгъэвыкIа псыи. Урысейм къыщыунэхуа сабыныр къикIат Византием. Сабынгъавэхэр къэралым къыщыунэхуат XV лIэщIыгъуэм. Ондреев Гаврилэ япэ дыдэу сабын щагъавэ IуэхущIапIэ къызэIуихат.
Пётр I и зэманым Урысейм къыщыунэхуауэ щытащ сабын щагъавэ завод цIыкIухэр. XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм сабын щагъавэ фабрикэ зыбжани къызэIуахат: тIур Москва, зыр – Тверь. Иужьрейм щыIэ фабрикэм зэрихьэрт Ондреев Гаврил и цIэр.
XVIII лIэщIыгъуэм къэралым цIэрыIуэ щыхъуащ Ладыгин фабрикэм къыщыщIагъэкI сабыныр. А щIыпIэр сабын щагъавэ къалэ нэхъыщхьэ хъуат. Къалэм и гербым къыщыгъэлъэгъуащ сабын тыкъыр. Ладыгин щагъавэ сабыным халъхьэрт миндалым къыщIаху дагъэ. А зэманым ар нэхъыфI дыдэу къалъытэрт. Француз Брокар Генрих 1864 гъэм шыщхьэуIум и 1-м япэу Москва къыщызэIуихащ сабын къыщыщIагъэкI фабрикэ. ИужькIэ абы фIащыжауэ щытащ «Новая заря». IуэхущIапIэм и фIыгъэкIэ, сабыныр къащэхуф хъуащ цIыху къызэрыгуэкIхэми – «цIыхубэм я сабын» зыфIащам и уасэр зы кIэпIейкIэт. Теплъэ зэхуэмыдэхэр ирату щIадзащ фабрикэм щащI сабынхэм. Брокар и фабрикэм щащIырт псэущхьэхэм, хадэхэкIхэм я теплъэхэм ещхь сабынхэр.
1868 гъэм «Невское стариновое товарищество» жыхуиIэ IуэхущIапIэр къызэIуахащ. Ар Урысейми нэгъуэщI къэралхэми цIэрыIуэ щыхъуащ щIэхыу. IуэхущIапIэм къыщIигъэкI хьэпшып нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщщ «Нестор» зыфIаща сабыныр. Париж щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэм сабыныр дыщэ медалкIэ къыщыхагъэщауэ щытащ.
Ди зэманми Урысейм щыIэщ пасэу къэунэхуауэ щыта «Альфонса Ралле», «Анри Бракар» фабрикэхэр. «Ралле Ко» фабрикэм 1917 гъэм «Государственный мыловаренный завод №4» жиIэу фIащыжащ. 1930 гъэм «Свобода» фIащауэ щытащ, ди зэманми аращ и фIэщыгъэр. Брокар Анри и сабын, дыху къыщыщIагъэкI фабрикэм фIащыжауэ щытащ «Новая заря». 2004 гъэм франджы фIэщыгъэри къыхагъэщу «Новая Заря - Nouvelle Etoile» ящIащ.

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться:

Читать также: