КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысейм и ФСБ-м Гъунапкъэр хъумэнымкIэ и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и лэжьакIуэхэм Гъунапкъэхъумэм и махуэмкIэ ехъуэхъуащ.
«Гъунапкъэр зыхъумэ къулыкъущIапIэм и ветеранхэу, и лэжьакIуэхэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Фи IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ - Гъунапкъэхъумэм и махуэмкIэ сынывохъуэхъу!
Нобэ дэ догъэлъапIэ къэрал гъунапкъэр хъумэным я гуащIэр хэзылъхьахэр, къэрал цIыхубэм я гъащIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ, Хэкумрэ абы и щхьэхуитыныгъэмрэ къэрэгъулу щхьэщытхэр.
Гъунапкъэхъумэ къулыкъущIапIэм щызекIуэ хабзэхэр зэман кIыхькIэ зэтеуващ, лIыгъэрэ щыпкъагъэрэ зыхэлъ зауэлIхэм ныбжькIэрэ зэIэпахыу.
Хэку зауэшхуэм и зэманым абыхэм лIыхъужьыгъэм и щапхъэ къызэрымыкIуэхэр къагъэлъэгъуащ. Бийм и япэ удыныр зытрагъахуэу, абыхэм къимыкIуэту къэралым и щIыр яхъумащ икIи апхуэдэ щIыкIэу ТекIуэныгъэ Иныр нэхъ гъунэгъу къащIащ.
Къэралыр зыхъумэфынур хахуагъ зыхэлъхэмрэ IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкIхэмрэщ. Апхуэдэ хьэл-щэн яхэлъщ Гъунапкъэр хъумэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ управленэм и лэжьакIуэхэм. Нобэ абыхэм пщIэ яIэу ирахьэкI ди Хэкум и шынагъуэншагъэм хуэсакъын пщэрылъыр, лэжьыгъэм зэрыбгъэдыхьапхъэм фIыуэ хащIыкIрэ шынэ жыхуаIэр ямыщIэу.
ФIыщIэшхуэ фхузощI фи зауэлI тхьэрыIуэм фызэрытетым, лIыгъэ фхэлъу, псэемыблэжу лэжьыгъэм фызэрыбгъэдэтым папщIэ.
ФIыщIэ щхьэхуэ яхуэфащэщ лэжьыгъэм щызрагъэгъуэта ехъулIэныгъэхэр къыдэкIуэтей щIэблэм езыт ветеранхэми.
Узыншагъэ быдэрэ ехъулIэныгъэрэ фиIэу, Хэкум хуэвлэжь IуэхуфIхэм нэхъри фи пщIэр иIэтыну гурэ псэкIэ сынывохъуэхъу».