Къэзыуххэм ехъуэхъуащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Прокуратурэм и ветеранхэу Мэшыкъуэ Хьэчим, Шаваев Виталий, Шэт Ларисэ, Ныр Анзор сымэ щыIащ езыхэр щеджа школхэу Лэс­кэн районым и Аргудан, Бахъсэн районым и Куба, Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэхэм, Шэджэм къалэм, Прохладнэ районым щыIэхэм. 

ХьэщIэхэм школыр къэ­зыух­хэм псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ, а махуэр абыхэм я дежкIэ зэрыгуфIэгъуэм и мызакъуэу, балигъ гъащIэм хуэ­зыу­нэтIу зэрыщытыр къыхагъэщащ, еущиящ сыт щыгъуи гуа­пагъэмрэ хабзэмрэ я гъуэгум тетыну, мурад лъагэхэр зыхуэгъэувыным щымышынэу, ерыщу ахэр зыIэрыгъэхьэным хуэ­кIуэну. 
Прокуратурэм и ветеранхэм щIалэгъуалэм яхуэзэныр къыт­щIэхъуэ щIэблэр хэкур фIыуэ ялъагъуу, хабзэ яхэлъу гъэсэ­ным­кIэ лэжьыгъэм мыхьэ­нэшхуэ щызиIэщ. 

ДОЛ Мадинэ.
Поделиться:

Читать также: