Зэрагъэкъабзэр зрегъэлъагъуГерхожан-Суу псым Тырныауз къалэм деж хуэзэу иIэ, ятIэпсхэр бгыхэм щызэтрихьэмэ, къызэрех жапIэр зэрагъэкъабзэр зригъэлъэгъуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Лэжьыгъэхэр жэщ-махуэ имыIэу ирагъэкIуэкI - ятIэр къыдаш, нэпкъым и Iуфэхэр ягъэбыдэ. Республикэм и унафэщIымрэ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэ Отаров Мухътаррэ тепсэлъыхьащ щIыпIэм зегъэужьыным пыщIа зи чэзу Iуэхухэм. Нэхъыщхьэу зэфIагъэкIын хуейхэм ящыщщ Гундэлэн къуажэм сабий садрэ щIэблэр гъуазджэм щыхуагъасэ еджапIэрэ щыухуэныр, Бахъсэн Ипщэм еджапIэр, Iуащхьэмахуэ жылэм сабий садыр къызыхуэтыншэу щызэгъэпэщыжыныр.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




