IэнатIэхэм я зэфIэкIхэр – бжыгъэхэмкIэ

2026 гъэм и щIышылэм - мазаем Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленнэ индексыр проценти 108,4-рэ хъуащ.

Республикэм и экономикэм хыхьэ IэнатIэхэм къагъэлъэгъуа зэфIэкIхэр зэпэщхьэхуэу къатщтэмэ: щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къыщIэхынымкIэ IэнатIэм – процент 97,7-рэ, продукцэхэр къыщIэзыгъэкIхэм, абыхэм елэжь IэнатIэхэм – проценти 106,3-рэ, электрокъарукIэ, газкIэ, хуабэкIэ къызэзыгъэпэщ, хьэуар зыгъэкъабзэ IэнатIэхэм - процент 115,9-рэ, псы яхуэзыутIыпщхэм, къагъэсэбэпар Iузышхэм, кIэрыхубжьэрыхухэр зэщIэзыкъуэхэм, уэрамхэр, пщIантIэхэр зэлъыIузыххэм - проценти 124,3-рэ къагъэлъэгъуащ. 
Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу гъэшым, крупам, маргариным, йогуртым, шхум, кхъуейм, кхъуейлъалъэм, шатэм, Iусыпхъэхэм, IэфIыкIэм, зэрылажьэ щыгъыным, щэкIхэкIым, пыIэм, лъэпэдым, абджыпс птулъкIэм, унэлъащIэм ирахьэлIэ цIыкIуфэкIухэм, гъущIхэкI продукцэм, рентген аппаратхэм, медицинэ Iэмэпсымэхэм, унэлъащIэм я куэдагъым хэхъуащ. Электрокъарурэ хуабэу къалэжьари нэхъыбэ хъуащ. 
Апхуэдэу щыхъукIи, лымрэ джэдкъазылым, нэкулъ лIэужьыгъуэхэм, пхъэщхьэмыщхьэ-хадэхэкI теIуэнтIам, сэхуран дагъэм, тхъуцIынэм, хьэжыгъэм, пыченэм, нарзаным, псы къабзэ игъэхъуам, картоным къыхэщIыкIа ашычхэм, вакъэм, асфальт-бетон зэхэщIам, автотраспортым и пкъыгъуэхэм, тхылъымпIэ канцтоварым, кислородым, полупроводник Iэмэпсымэхэм, пластмассым къыхэщIыкIа бжэ-щхьэгъубжэм, пластмассым, пластмассым къыхэщIыкIа ашычхэм, зэрылажьэ Iэмэпсымэхэм, кабелым кIэрыхуащ.
2026 гъэм и щIышылэм – мазаем къриубыдэу псэупIэу 697-рэ республикэм щаIэтащ, абы щыщу 692-р – унагъуэхэм. ФэтэрыщIэу псори зэхэту 915-рэ яухуащ.
 КъБР-м псэупIэу псори зэхэту щаIэтар метр зэбгъузэнатIэ мини 103,7-рэ хъуащ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 31,6-кIэ нэхъ мащIэщ ар. Абы щыщу метр зэбгъузэнатIэ мин 92,1-р унагъуэхэм ейщ. 2025 гъэм и щIышылэ - мазаем щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ари процент 38,7-кIэ нэхъ мащIэщ. 
Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу ухуэныгъэ езыгъэкIуэкI IуэхущIапIэхэм псэупIэу яухуам псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 11,6-рэ яубыдащ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIар зэрыхъуар псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 1,3-рэщ.
КъБР-м псэупIэу псори зэхэту щаухуам и метр зэбгъузэнатIэ мин 60,2-р къуажэ щIыпIэхэм щаIэтащ. 2025 гъэм и япэ мазитIым яхузэфIэкIам и процент 58-рэ хъууэ аращ ар. 
2026 гъэм и щIышылэм – мазаем къриубыдэу мэкъумэш продукцэу сом меларди 5,0 и уасэ КъБР-м къыщыщIагъэкIащ е абы ипэ ита илъэсым и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 102,4-кIэ хуэкIуэу.
Республикэм и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту Iэщрэ джэдкъазу яIыгъам я куэдагъыр хъуащ: Iэщышхуэу - мин 267,2-рэ (2025 гъэм гъатхэпэм и 1-м ирихьэлIэу – мин 279,3-рэ), абы щыщу жэмыр – мини 141,2-рэ (мини 146,6-рэ), кхъуэр – мин 1,6-рэ (нэгъабэ щыIа бжыгъэм хуэдизу къэнэжащ), мэлымрэ бжэнымрэ – мин 471,6-рэ (мин 482,1-рэ), джэдкъазыр – мелуани 4,9-рэ (мелуани 4,8-рэ).
Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту лырэ джэдкъазылу къалэжьащ (псэууэ шэчауэ) тонн мин 16,2-рэ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 2,1-кIэ нэхъыбэщ ар. Гъэшу къашащ тонн мин 6I,6-рэ (проценти 2,3-кIэ нэхъыбэщ), джэдыкIэу кърахащ мелуан 26,7-рэ (проценти 2,8-кIэ нэхъыбэщ). КъищынэмыщIауэ, зы жэмым хуэзэу шэуэ килограмм 989-рэ къыщIашащ (нэгъабэ – килограмм 944-рэ), зы джэдым хуэзэу джэдыкIэу 35-рэ кърахащ (нэгъабэ – 35-рэ). 
 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: