Гъуазджэр зи гъащIэЦIыхум сыт хуэдиз мылъку бгъэдэмылъами, пщэдей къэхъунур зыми ищIэркъым. МыкIуэдыжынури, сытым дежи пщIэ зиIэнури цIыхум и Iэм ищIэрщ, и IэщIагъэрщ, щIэныгъэрщ. Апхуэдэу, ижь-ижьыж лъандэрэ къекIуэкI IэщIагъэхэм ящыщщ гъукIэр, дыщэкIыр. IT-технологием и зэман щIэщыгъуэм дыхэпсэукIми, апхуэдэ IэщIагъэхэм я пщIэр зэрымыкIуэдар гуапэ пщымыхъуу къанэркъым. Адыгэм ди куэдщ апхуэдэ IэщIагъэлIхэр. Абыхэм ящыщ зы фэдгъэцIыхуну ди гуапэщ.
Маргъущ Юрэ дыщэкIщ, нобэкIэ ди республикэм нэхъ къыщацIыху, зи IэдакъэщIэкIхэм щIэупщIэшхуэ зиIэхэм ящыщщ. ЩIалэр Дзэлыкъуэ щIыналъэм хиубыдэ Светловодское къуажэм къыщалъхуащ. 2007 гъэм курыт еджапIэр къиухри, КъБКъУ-м гъуазджэхэмрэ лъэпкъ IэщIагъэхэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ. Юрэ зэрыжиIэмкIэ, зэрыцIыкIурэ сурэт щIынымрэ пластилиным хьэпшып къыхэщIыкIынымрэ дахьэхырти, абыкIэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэтт, япэ увыпIэхэри къыщихьырт.
- Курыт еджапIэр къызэрыдухрэ илъэситху дэкIыжауэ Iуэху сиIэу сыдыхьат школми, си IэдакъэщIэкIхэр тегъэувапIэм дахэ дыдэу тегъэзэгъауэ зэрахъумар щыслъэгъуам си гуапэ дыдэ хъуат. Нэхъыжь классхэм сыщIэсу гупыж сщIат художественнэ еджапIэм сыщIэтIысхьэну. Мис абы сыщеджэу къызгурыIуащ си гъащIэр гъуазджэм зэреспхынур, ар IэщIагъэ зэрысщIынур. Къуажэ пхыдза сыдэсти, Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджэхэмкIэ еджапIэ нэхъыщхьэ щыIэу сщIэххэртэкъым. Лъэпкъ IэщIагъэхэмкIэ и къудамэр къысхуэзыгъуэтар си анэ дэлъху АфэщIагъуэ Хьэсенщ. Студент гъащIэр хьэлъэт. Щысхь ямыщIэу драгъаджэрт. Ари гурыIуэгъуэщ – мыр тхылъ уеджэрэ, зэбгъэщIам утепсэлъыхьыжым хуэдэкъым. IэкIэ улэжьэн хуейт, абы тхылъ еджэныр къыхэтыжу. Уеблэмэ, жэщ ныкъуэ хъуху лъэщапIэм дыкъыщIэмыкIыу, курс лэжьыгъэр нэдгъэсу дыщыгува къэхъуащ. Къыздеджа псори IэщIагъэлI нэс хъуащ, щIэупщIэшхуэрэ пщIэрэ яIэу дыщэкI цIэрыIуэхэр къахэкIащ. Апхуэдиз лэжьыгъэр пщIэншэ хъуакъым.
- ЦIыхум и IэщIагъэр апхуэдизу фIыуэ щилъагъум деж, ар абы и лъым хэтуращ. УнагъуэкIэ зыгуэрым удэплъеягъэнщ. Уи нэхъыжьхэм яхэта дыщэкI, Юрэ?
- Си лъым хэту жыпIэ хъунущ. Си адэм сурэт щIыныр къехъулIэрт, уеблэмэ Санкт-Петербург ирагъэблэгъат, ауэ ди анэшхуэм игъэкIуауэ щытакъым. Хуемыджами, иримылэжьами, сурэт щIыныр IэщIыб ищIакъым. Аракъэ анэдэлъху жыхуаIэжыр?!
- КъызэрызгурыIуамкIэ, уэри сурэтым нэхъ ухуэIэзэщ…
- Пэжыр жыпIэмэ, сурэтыщI сыхъуну сыхъуапсэу университетым сыщIэтIысхьат. А еджапIэм пхъащIэхэр, гъукIэхэр, дыщэкIхэр щагъэхьэзыру, гъущIым сурэт къыхэгъэпкIыным (чеканкэ) щыхурагъасэу сщIэххэртэкъым. Чеканкэр щIэщыгъуэ сщыхъущ, сыдихьэхри, абы зестыжат. Уеблэмэ диплом лэжьыгъэу дыщэджэд къыхэзгъэпкIат. Ар хуабжьу лэжьыгъэ гугъут икIи гъэщIэгъуэнт. ЕджапIэр къэзухщ, лэжьэн щIэздзэри, щIэупщIэ нэхъ зиIэр дыщэ-дыжьынхэкIхэр арауэ къыщIэкIащ. Апхуэдэу, зэрымыщIэкIэ, си унэтIыныгъэм зезгъэхъуэжри, дыщэкI сыхъуащ. СыхущIегъуэжакъым икIи. ЩIэупщIэшхуэ иIэщ лъэпкъ дамыгъэхэр зытедза хьэпшыпхэм, фэилъхьэгъуэхэм. Мыбдеж ущыуэнкIэ Iэмал иIэкъым, зы лъэпкъым дамыгъэ зыбжанэ щиIэ къохъу, къызытехъукIыжам теухуауэ. Ахэр зэхэбгъэщхьэхукIыфу щытыпхъэщ, езыхэм щамыщIэ къохъури. Апхуэдэу, лъэпкъ дамыгъэхэри щхьэхуимыту зджа хъуащ.
- ЕгъэджакIуэми куэд елъытащ, Юрэ. Уарэзы абыкIэ? КъахокI абыхэм уи дунейм зезыгъэхъуэж.
- Пэжщ. Дезыгъэджахэр псори зэчиифIэ, цIыху гъуэзэджэ защIэт. Студентыгъуэм сурэтымрэ живописымрэ икIыхьагъкIэ къыддекIуэкIащ. Сыту жыпIэмэ дыщэкIыр, пхъащIэр зэлэжьыну хьэпшыпым и сурэтыр ищIын хуейщ псом япэ. Пэжыр жысIэнщи, иужьыIуэкIэ къызгурыIуэжащ абы сэбэпу пылъыр, ауэ сыщыстудентым апхуэдиз сурэтыр къысIэщIэужэгъуат. Абы и лъэныкъуэкIэ гугъу къыздехьащ ди егъэджакIуэу щыта Мэлбахъуэ Мадинэ. ТэмакъкIыхьу къызэрытщхьэщытам папщIи фIыщIэ лей хуэсщIыну сыхуейт.
- Убгъэдэлъ IэщIагъэ-щIэныгъэм тепщIыхьмэ, гъэсакIуэ зиIэжхэм уахуэдэщ. Арами уи нэгу щIэт псори утыку къыумыхьауэ къысщохъу, хущIыхьэгъуэ иIамэ, нэхъыбэжи хуэщIэнут жысIэурэ уи лэжьыгъэхэм сахоплъэ.
- Промышленность псынщIэмкIэ колледж сыщылэжьащ, дыщэм, дыжьыным зэрелэжьымкIэ езгъэджащ. ИкIи пэжщ а жыпIэр, сэ езым си IэщIагъэм хэзгъэхъуэнымкIэ, нэхъри зызужьынымкIэ а лэжьыгъэр зэран къысхуэхъурт, си щхьэ Iуэху зесхуэжыну зэман къысхудэгъахуэртэкъым. Дэ езыр студенту дыщыщытам ди егъэджакIуэхэм къарурэ зэману къыттрагъэкIуадэу щытар сощIэж. Ахэр езым я щхьэ хуэлэжьэжыну, зы хьэпшып лей къыхаIукIыну яхущIыхьэртэкъым, къыттеубгъуати. Абы губзыгъагъэ хэсхри, сыкъыIукIыжащ. ЕгъэджакIуэ IэщIагъэр сфIэмыфIу щыттэкъым, студентхэри сигу пыкIыртэкъым, ауэ сэ езым адэкIэ зызужьын щхьэкIэ нэхъ лэжьыгъэшхуэхэр, гугъухэр сымыщIу хъунутэкъым. Си пIэм сиуджыхьырт. Фащэ щад, лъэпкъ хьэпшып щащI IуэхущIапIэ зыбжанэм садолажьэ, гъэлъэгъуэныгъэм зыхузогъэхьэзыр иджы. Лъэпкъ Iуэхум зыгуэр хэслъхьэну, лъэужь гуэр къэзгъэнэну сохъуапсэ. Пасэрей адыгэм и тхыдэр, щэнхабзэр къызэраIуэтэжыр, къызэратIэщIыжыр къащIэна хьэпшыпхэмкIэщ. Апхуэдэ гуэркIэ тхыдэм сыкъыхэнэжыну сохъуапсэ. Си щIэныгъэм хэзгъэхъуэныр, си щхьэ Iуэху нэхъыбэу зесхуэжыныр япэ изгъэщыну сыхуейщ. Пасэрей дыщэкIхэр, гъукIэхэр я IэщIагъэм хуемыджами, яхузэфIэкIти, ирилажьэу къэгъуэгурыкIуащ. Дэ абы дыхуеджащ, химием, физикэм, металлургием къитIэщIа щIэныгъэм зыщыдгъэгъуэзащ, гъущIым и щэху куэд, абы зэрелэжь IэмалыфIхэр къэтцIыхуащ. Мис ахэр тегъэщIапIэ сщIыуэ, адыгэм ди Iэщэмрэ дыщэ-дыжьынхэкIхэмрэ дунейпсо утыку къисхьэну, ахэр адрей щIыналъэхэми къащезгъэцIыхуну си мурадщ. Адыгэ къамэр, сэшхуэр, сэ лIэужьыгъуэхэр я щIыкIэ къудеймкIэ Кавказ псом къыщацIыхуу щытащ. Мис а унэтIыныгъэм зезгъэIэтыжынут.
- ЦIыхур дыщэкIым деж щIэкIуэр зыми емыщхь гуэр мэлъыхъуэри аращ. И бынхэм къахуэнэжын гуэр, псалъэм папщIэ. Армыхъумэ, тыкуэным кIуэнти щыщэхуэнт. Сыт хуэдэ хьэпшыпхэм упщIэ нэхъ щиIэ уи деж?
- Лэжьыгъэу сщIым я нэхъыбэр лъэпкъ дамыгъэхэр зытедза Iэлъынхэмрэ дыщэ-дыжьынхэкI хьэпшыпхэмрэщ. Ахэр псори инстаграмым щызиIэ си напэкIуэцIым къызогъэувэ, дамыгъэхэм къикIымрэ ахэр зей лъэпкъхэмрэ щIыгъуу. КIэщIу жыпIэмэ, фейдэ хэсхыныр нэхъыщхьэу згъэувыркъым. АтIэ, цIыхухэм а тхыгъэхэмкIэ зыгуэркIэ сэбэп сахуэхъумэ си гуапэу сыкъогъуэгурыкIуэ.
- НэгъуэщI зыгуэру улэжьэфынут, Юрэ, дыщэкIыу ущымытамэ?
- Лэжьыгъэ зыбжанэм зеспщытащ, сом нэхъыбэ къыпыкIыну пIэрэ жысIэурэ. Ауэ гъуазджэм си гум зэрызыдигъэпсэхур, абы гупсысэ дахэу къыдэушыр, абы фIы и лъэныкъуэкIэ сызэрихъуэжыр псалъэкIэ къысхуэIуэтэнукъым. ЦIыхум и лэжьыгъэр фIыуэ имылъагъумэ абы егъэгуауэщхьэуэ, егъэнэщхъей, гукъыдэж къритыркъым, и гур пелъэсыкI. Сэ си псэм фIэфIым сролажьэри, сешауи, сужэгъуауи, сызэшуи зэи къэхъуркъым.
- Мис мыпхуэдэ IэщIагъэлIым хуэдэ сыхъуарэт жыпIэу зыгуэр щапхъэу къапщтэрэ?
- ЕджапIэ нэхъыщхьэр къыщызухам IэщIагъэлI ехьэжьауэ, мы дунейм зыхэзмыщIыкIрэ схузэфIэмыкIынрэ щымыIэу зыкъысщыхъужырт. Ауэ КхъуэIуфэ Хьисэ къэсцIыхуа нэужь, IэщIагъэлIым бгъэдэлъын хуей зэфIэкIым и проценти 5 фIэкIа зэрысхэмылъыр къызгурыIуэжат. КъищынэмыщIауэ, Алмэ Мусэ. Ар дуней псом къыщацIыху, пщIэ къыщыхуащI. НобэкIэ сэ щIынымкIэ аращ сызыдэплъейр. IэщIагъэлI лъэщхэр, зэчиифIэхэр куэдщ. Сэри сыздынэсамкIэ си гур зэгъауэ сыщымысу гъуазэ схуэхъуахэм сазэрылъэщIыхьэным яужь ситщ.
- Мыр схуэщIынукъым, къызогугъуэкI жыпIэу лэжьыгъэ къыщумыщта къэхъуа?
- Хьэуэ, апхуэдэ срихьэлIакъым. Ауэ, диным къызэригъэувымкIэ, цIыхухъум дыщэхэкI зэрихьэ хъунукъым, дыжьынщ къищтэр. Аращи, дыщэ Iэлъын схуэщI жиIэу цIыхухъу къакIуэмэ, лэжьыгъэр къасщтэркъым.
- Уи хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъуну, уи мурадхэр къыпхузэпищэну, уи IэщIагъэм цIэрыIуэ урихъуну си гуапэщ, Юрэ.
- Тхьэр арэзы къыпхухъу! Гулъытэ къызэрысхуэфщIар си гуапэщ.
Поделиться:
Читать также:
13.08.2026 - 10:50 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
13.08.2026 - 10:01 →
Лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр
13.08.2026 - 09:05 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
12.08.2026 - 17:40 →
«Уи лъэпкъ хуэпщIэфынур хуэпщIа?»
12.08.2026 - 14:30 →
ЛъэужьыфIэ
| ||




