Iэмал псори къагъэсэбэпуМэкъуауэгъуэм и 6-м ди къэралым щагъэлъапIэ Урысыбзэм и махуэр. Дунейм щыIэ къэрал куэдым мыхьэнэшхуэ щызыубыдщ, гъащIэм лъапIэныгъэ нэхъыщхьэу къыщалъытэхэм ящыщщ урысыбзэр. Урысхэм нэмыщI, нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIа цIыхухэми яхэтщ урысыбзэр анэбзэ, анэдэлъхубзэ етIуанэу къэзылъытэхэр. Пэжу, лъэкIыныгъэ ин зыбгъэдэлъ а бзэм увыпIэшхуэ щеубыд филологие щIэныгъэм. Урысыбзэм щыщ псалъэ куэд хэтщ кавказыбзэхэми, адыгэбзэри хиубыдэу. Абыхэм ятеухуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м и доцент «Адыгэ псалъэм» и ныбжьэгъуфI УнэлIокъуэ Вячеслав и тхыгъэр. «Дэтхэнэ лъэпкъым и бзэри псалъэ зырызу зэхэтщ, езым къигъэщIахэри хамэбзэхэм къыхихахэри зэщIыгъуу. Иужьрей лIэщIыгъуэрэ ныкъуэм къриубыдэу урысыбзэм, нэгъуэщI хамэбзэхэм къыхэкIа псалъэу адыгэбзэм къыхыхьам хуэдиз ар мы дунейм зэрытетрэ къыхэхъуагъэнкъым. Дауи, абы езым и щхьэусыгъуэхэр иIэжщ: дунейм технологие и лъэныкъуэкIэ хуабжьу зеужьри, бзэр абы лъэщIыхьэркъым икIи хамэбзэхэм гъащIэм щаIэ тепщэныгъэр нэхъ лъэрызехьэщ адыгэбзэм иIыгъ увыпIэм нэхъри, абыхэм я лэжьыгъэм къыхалъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм пэмылъэщу, ахэр зэрыщыту къищтэн хуей мэхъу. А щхьэусыгъуэ дыдэхэм къыхэкIыу зи гугъу тщIы пIалъэм къриубыдэу псалъэ куэд жьы хъуащ, хамэбзэм къыхэкIа псалъэхэм я зэранкIэ къимыгъэсэбэпыжу хэкIуэдэжахэри мащIэкъым. А Iуэхугъуэм ди бзэм дежкIэ фIы лъэпкъ хэлъкъым, сыту жыпIэмэ езым къигъэщIыжахэр иIэу, хамэ псалъэхэр къыщищтэкIэ, ар мылэжьэжу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, псалъэщIэхэр езым и къарукIэ къыхуэмыгъэхъужу лъэрымыхь хъууэ аращ. Езым къигъэщIыжа псалъэхэр щIыфIэкIуэдыжми ар дыдэр и щхьэусыгъуэщ – а псалъэхэр зызыхъуэж дунейм къытехьэ хьэпшыпыщIэхэм, IуэхугъуэщIэхэм къемызэгъыжу хыфIедзэри, хамэбзэхэм къагъуэта псалъэщIэхэр къещтэ, езым ей къимылъыхъуэу. Тыншщ, ауэ шынагъуэщ… А щытыкIэр зэрыпэжым и щыхьэту къэтхьынщ «автомашинэ» псалъэр. А хьэпшыпыр къызэрыунэхурэ, а псалъэр бзэ куэдым къащтащ. «МафIэгу» псалъэр къэзыгъэщIыфа адыгэбзэми абы зыщидзеякъым, литературэбзэм хыхьащ зимыхъуэжу, художественнэ бзэмрэ жьэрыIуатэбзэмрэ тIэкIу абы къыщыщхьэщыкI щыIэми: «маршинэ», «мэршынэ». АрщхьэкIэ Тыркум щыпсэу адыгэхэм зэи жаIэнукъым «машинэ диIэщ» жаIэу, «гу диIэщ…» – аращ къапсэлъынур. А къэралым щыпсэу адыгэхэм я дежкIэ бзэр хъумэныр нэхъ гугъущи, япэм зэрызекIуэу щыта шыгум тращIыкIыжа мыхьэнэмкIэ автомашинэм и цIэр зэрахъуэкIащ. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, шыгум игъэзащIэу щыта къалэнхэр автомашинэм къыщищтэм, пасэрей хьэпшыпым и фIэщыгъэцIэр – гур – абы иритыжри, бзэм и лэжьыгъэр (хамэбзэм зыщыхъумэныр) зэфIигъэкIащ. Ауэ апхуэдэ хабзэ къызэрыгуэкIкIэ бзэр бгъэлэжьэныр литературэбзэм къыщемызэгъыр нэхъыбэщ. Аращ бзэр зыгъэлажьэ Iэмэпсымэхэр дэтхэнэ лъэпкъми куэду иIэн щIыхуейр. Абы нобэ дытемылажьэмэ, пщэдей кIасэ хъунущ, адыгэбзэм къыхыхьэ свежабзэ, мащIэватэ, спасибэшхуэ, фошкэ, разницэкъым // разницэшхуэкъым псалъэ «мылъхуэсхэм» ди бзэр зэщIедгъащтэмэ, «уэшх блэкIам щIакIуэ кIэлъызыщтэжа» щIалэжьым дыкъыкIэрыхунукъым. Шэч хэмылъу, ди лъэпкъым и дежкIэ бзэр хъумэным и Iэмэпсымэ лъэщщ «Адыгэ псалъэ» газетыр. Иужьрей илъэс щэщIым къриубыдэу абы зы псалъэкъым къигъуэтыжу бзэм къыхигъэхьэжар. Апхуэдэхэщ «щэнхабзэ» (культурэ), «гъуазджэ» (искусство), «щIыуэпс» (природа) псалъэхэр. Газетым къигъэхъуащ псалъэщIэхэри. Абы и щапхъэу къэпхь хъунущ «псыгуэн» (бассейн), «щIыIалъэ» (холодильник), нэгъуэщI куэди. Куэдрэ, псом хуэмыдэу дызэрыт зэманым, дызрихьэлIэр «хэкупсэ» псалъэращ. ЛIэщIыгъуэ кIуам и 40-50 гъэхэм щыщIэдзауэ, адыгэбзэм абы и пIэкIэ зыубгъуауэ къигъэсэбэпу щытащ урысыбзэм къыхэкIа «патриот» псалъэр. Уеблэмэ, Апажэ Мухьэмэдрэ КIуэкIуэ Жэмалдинрэ иджы дыдэ къыдагъэкIа псалъалъэм къыщыгъэлъэгъуар «патриот», «патриотизм», «патриотыгъэ», «патриотын» псалъэхэрщ. АтIэ, дэнэ къикIа «хэкупсэр»? Ар адыгэ псалъитI зэхыхьэу («хэку» + «псэ») къызэрагъэхъуам шэч хэлъыжкъым, «хэкур зи псэ», «хэкум хуэлIыщIэу псэу» мыхьэнэр зэрихьэу. А хабзэ дыдэм тету «Адыгэ псалъэм» къищтауэ егъэлажьэ «хэкулI» псалъэри («хэку» + «лIы»). Ахэр езы газетым къигъэщIу бзэм къыхигъэхьа, хьэмэрэ хэкIуэдэжхэм ящыщу къигъэщIэрэщIэжауэ ара? А упщIэхэм я жэуапыр къэтлъыхъуэу нэхъ пасэуи, нэхъ иужьыIуэкIи къыдэкIауэ щыта адыгэ-урыс псалъалъэхэм деплъмэ, а псалъэхэр, идгъуэтэнукъым. Псалъэм папщIэ, «Урыс-къэбэрдей-шэрджэс псалъалъэм» ипэкIэ къыщыхьа псалъэхэр урысыбзэм къыхэкIахэмкIэ къыщагъэлъагъуэ: хэкупсэ – патриот, патриотизм, патриотическэ, патриоткэ; дерс – урок; щэнхабзэ – культурэ. А псалъэхэр къагъэщIэрэщIэжами, щIэрыпсу къагъуэту, къагупсысу газетыбзэм къыхагъэхьами, ахэр лъэпкъым къищтащ, бзэм иджы зыубгъуауэ щолажьэ. Уеблэмэ, хамэбзэм къыхэкIа псалъэри хыфIидзэркъым – зэхуэдэу егъэлажьэ тIури. Абы и щапхъэщ «куей», «район» псалъэхэу зэрахьэ мыхьэнэкIэ зэхуэдэр. Дэри къыдолъытэ я мыхьэнэкIэ зэхуэдэу, ауэ я макъ зэхэтыкIэкIэ зэмыщхьу бзэм псалъэ нэхъыбэ иIэху нэхъыфIу. Зи гугъу тщIа псалъэхэр адыгэбзэм и мардэм къизышэжар «Адыгэ псалъэ» газетращ. Ар гулъытэншэу, дэIэпыкъуэгъуншэу къэбгъэнэнкIэ Iэмал зимыIэ Iуэхугъуэщ. Апхуэдэу а газетым къыщагупсысауэ бзэм игъэлажьэр мымащIэми, ахэр щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэныкъуэм шэч хэлъкъым. Къагупсысу бзэм къыхагъэхьами е «къагъэпсэужами» щIэх-щIэхыурэ газетым къытохуэ урысыбзэм къыхэкIыу адыгэбзэм къыхыхьа мыпхуэдэ псалъэхэр: «щIэнгъуазэ» (энциклопедия), «псэкупсэ» (духовность), «хабзэубзыху» (законодательный орган), «узэщIакIуэ» (просветитель), «псантхуэ» (нерв), «къудамэ» (отделение, отдел, сектор), «хьэрш» («космос»), «псалъэзэблэдз» (кроссворд), нэгъуэщIхэри. «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэм бзэм къыхагъэхьа, «къагъэпсэужа» псалъэу къэтхьахэм я бжыгъэм иджыри тынш дыдэу пхухэгъэхъуэнущ, ауэ нэхъыщхьэр аракъым. Лъэпкъым и гупсэу щыт анэдэлъхубзэр хъумэным, абы зегъэужьыным Iэмал псори зэуIуу хуэдгъэлэжьэн хуейщ. Сыт хуэдэу къэкIуэну зэманым а псалъэхэр бзэм къыхуэгъэсэбэпыну? Газетыбзэм хэувэным нэхъ мыхьэнэшхуэ ямыIэжу ахэр къэнэну, хьэмэрэ купщIафIэу къалъытэу, нобэрей адыгэбзэм щылэжьэну? Дауи, ар зэлъытар журналистхэм я закъуэкъым – абыкIэ жэуап ехь адыгэ лъэпкъым щыщ, гурэ псэкIэ адыгэу зызылъытэж дэтхэнэ цIыхуми». ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться:
Читать также:
20.07.2026 - 14:47 →
КъызэрыгуэкI ухуэныгъэкъым
20.07.2026 - 12:09 →
ЦӀыхум и тыншыгъуэр къызэзыгъэпэщ
20.07.2026 - 12:07 →
Сыт апхуэдиз уэшх къыщIешхыр?
20.07.2026 - 12:06 →
Хыр ягъэкъэбзэжынут…
20.07.2026 - 12:04 →
НОБЭ
| ||




