Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и щIыхькIэ

«Гранд-Кавказ» хьэщIэщым и пщIантIэм щагъэлъагъуэ «Нартский эпос. Сказки. Песни» зыфIаща лэжьыгъэхэр. Ар къызэIуахащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым теухуауэ.

ХьэщIэщым и жыг хадэм къыщызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ республикэм и сурэтыщI цIэрыIуэхэу Црым Руслъан, Бгъэжьнокъуэ Заурбэч, Ахъмэт Лиуан, Мазло Эдуард, Аккизовхэ Екъубрэ Сиярэрэ, ДыщэкI Мурат, Щэмей Руслъан сымэ я Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэр. Сурэтхэм щыболъагъу адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я лъэпкъ IуэрыIуатэм я лIыхъужьхэр, нартхэм я мамыр гъащIэр, зауэ гуащIэхэм лIыхъужьыгъэ щызезыхьахэр.

 - Гъэлъэгъуэныгъэр къызэрагъэпэщащ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэмрэ хьэщIэщымрэ, - жиIащ зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ. – Мы лэжьыгъэхэм ягъэлъапIэ ди щIыналъэм и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ. Илъэс мин бжьыгъэхэм къыпхыкIа Iущыгъэхэм, IуэрыIуатэм, тхыдэм, лIыхъужьхэм яIа щыIэкIэ-псэукIэм, нэгъуэщIхэми теухуа лэжьыгъэхэр къызэрымыкIуэу гъэщIэгъуэнщ.  

Фигу къэдгъэкIыжынщи, гъэмахуэ кIуами мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэ мы хьэщIэщым и пщIантIэм щагъэувауэ щытащ, Налшык къалэм и тхыдэм, и зыужьыныгъэм теухуауэ. Iуэхур зи жэрдэмхэм сурэтыщI гъуазджэм, тхыдэм, IуэрыIуатэм дахьэххэр фрагъэблагъэ. Къалэм къыщызэрагъэпэщ хъуа мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэхэм тепщIыхьмэ, жыг хадэм гъуазджэм и дахагъэм уеплъу зыщыбгъэпсэхуныр зэрыуасэншэр зыхэзыщIэхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми къыхохъуэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

Поделиться:

Читать также: