КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэнымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ.
ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, УФ-м и Президентым и полномоченнэ лIыкIуэм и аппарату КИФЩI-м щыIэм и федеральнэ инспектор КъуэщIысокъуэ Тимур, депутатхэр, министерствэхэм я лэжьакIуэхэр.
Егоровэ Татьянэ зэIущIэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ иужьрей илъэсхэм республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм щIэх-щIэхыурэ къызэрыщаIэтыр гъуэгу шынагъуэншагъэм епха Iуэхухэмрэ гугъуехьхэмрэ.
- Гъуэгум къыщыхъу насыпыншагъэр зэрыхъукIэ зэрытхуэгъэмащIэм елъытауэ щытынущ цIыхухэм я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, гъуэгум шынагъуэншэу ущызекIуэным и щытыкIэм иджыри уегъэпIейтей. 2025 гъэм гъуэгум къыщыхъу насыпыншагъэхэм хэкIуадэм я бжыгъэр процент 30-м нэблагъэкIэ ехати, абы гугъэфIхэр дигъэщIат. Ауэ 2026 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъэгъуамкIэ, абы аргуэру процент 70-м нэблагъэкIэ хэхъуэжащ. Мыбдеж куэд елъытащ водителхэм жэ-уаплыныгъэ яхэлъу машинэр зэрызэрахуэм, хабзэхэр зэрагъэзащIэм, езы гъуэгухэмрэ транспортымрэ я щытыкIэм, шынагъуэ зыпылъ щIыпIэхэм хуэсакъыным, - жиIащ Егоровэм икIи къыхигъэщащ «Гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ Iуэхумрэ «ГъащIэм и инфраструктурэ» жыхуиIэмрэ зэрагъэзащIэм депутатхэр зэрыкIэлъыплъыр. - УФ-м и Президент Путин Владимир къищта унафэмкIэ гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэкIуадэхэм я бжыгъэр 2030 гъэм ирихьэлIэу хуэдэ 1,5-кIэ (2023 гъэм елъытауэ), 2036 гъэм - хуэдитIкIэ гъэмэщIэн хуейщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, гъуэгу шынагъуэншагъэр къызэгъэпэ-щыным епха Iуэхухэр федеральнэ, щIыналъэ хабзэхэм зэрыщыщIэгъэбыдар. Ауэ, зэрытщIэщи, хабзэхэр уиIэкIэ зэфIэкIыркъым, нэхъ гугъу дыдэр - ахэр гъэзэщIэнымрэ кIэлъыплъынымрэщ. ЗэIущIэр екIуэкIыным ипэ къихуэу къытIэрагъэхьа тхыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIи, щыщIэныгъэшхуэхэр диIэщи, абыхэм куууэ датепсэлъыхьыпхъэщ.
Егоровэ Татьянэ гулъытэ хэха зыхуэщIыпхъэу Iуэхугъуэ зыбжанэ къигъэлъэгъуащ. Абыхэм ящыщщ гъуэгухэм я зэIузэпэщыныгъэр, цIыхухэр къешэкIыныр къызэрызэрагъэпэщыр, водителхэр зэрагъэхьэзыр щIыкIэр, Iэщхэр гъуэгум къызэрытехьэм гугъуехьхэр къызэришэр, къуэдыхэр къыхэхыныр, сабийхэр фэбжьхэм щыхъумэныр, медицинэ дэIэпыкъуныгъэр егъэфIэкIуэныр, нэгъуэщIхэри. «А Iуэхухэр зэфIэхынымкIэ мыхьэнэш- хуэ иIэщ щIыналъэ унафэщIхэри жылагъуэри псоми ди зэхуэдэ къалэным зэгъусэу делэжьыным», - дыщIигъуащ Егоровэм.
КъаIэта Iуэхум теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм Гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэнымкIэ и къэрал инспекцэм и унафэщI полицэм и полков- ник Бэджыдэ Юрэрэ республикэм транспортымрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ и министрым и къуэдзэ ТIыгу Индаррэ.
Бэджыдэм жиIащ гъуэгум транспорт зэжьэхэуэ къыщIэхъу щхьэусыгъуэхэм я нэхъыбэр водителхэм хабзэхэр тэмэму зэрамыгъэзащIэм зэрепхар. «2025 гъэм гъуэгум къыщыхъуа транспорт зэжьэхэуэхэр процент 14,7-кIэ, хэкIуадэхэр процент 28,6-кIэ, фэбжь хэзыхахэр проценти 9,8-кIэ нэхъ мащIэ хъуами, хабзэхэр зэрагъэзащIэм щыщIэныгъэшхуэ иIэщ. ДТП-хэр проценти 4,8-кIэ нэхъ мащIэ хъуауэ гу лъыттами, хэкIуадэм и бжыгъэр зэуэ процент 68,8-кIэ хэхъуащ, - жиIащ къэпсэлъам. - Къэбгъэлъагъуэмэ, 2026 гъэм и япэ мазитхум ди IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм гъуэгу хабзэр къыщызэпауда Iуэхугъуэ мин 740-м щIигъу ятхащ. Псалъэм папщIэ, проценти 9-кIэ нэхъыбэщ чэфу машинэ зезыхуэу къагъэувыIахэм я бжыгъэр (ар цIыху 1134-рэ мэхъу), процент 32-кIэ хэхъуащ дэфтэрхэр ямыIэу е кърахуэкIыну хуимыту зыхуагъэувауэ маши-нэм дэсхэр (2763-рэ), процент 13,4-кIэ нэхъыбэщ машинэ къажэм и гъуэгум техьауэ къыщIагъэщахэр (мини 4-м нэблагъэ)».
Хабзэм кIэлъыплъынымкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэщ сурэтрэ видеорэ тезых Iэмэпсымэхэр. Абыхэм я фIыгъэкIэ мазитхум къриубыдэу хабзэншагъэу мин 651-м щIигъу къахутащ. Квадроциклхэм я гугъу щищIым, Бэджыдэм къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ шынагъуэншагъэм къигъэувхэм емызэгъ Iуэхутхьэбзэхэр зэрыхуащIэм къыхэкIыу, Iуащхьэмахуэ районым къыщыхъуа гуауэр, абы хуэгъэзауэ уголовнэ Iуэху къызэраIэтар.
Дызэрыт илъэсым щIышылэм къыщыщIэдзауэ накъыгъэ пщIондэ республикэм и гъуэгухэм къыщыхъуа насыпыншагъэхэм цIыху 33-рэ хэкIуэдащ. ЗэIущIэм къызэрыщыхагъэщамкIэ, гъуэгу-транспорт зэжьэхэуэхэр къэзыгъэхъуахэм я нэхъыбэм машинэм дэсыну яIэ хуитыныгъэхэр гъунэгъу республикэм къыщыдахащ. Абы къыхэкIыу къыхалъхьащ машинэ кърахуэкIыну хуитыныгъэ къе- зыт тхылъхэр япэу къыдэзыххэм е фадэмрэ афиянымрэ я зэранкIэ апхуэдэ дэфтэрхэр къызытрахахэм щIэрыщIэу ар щызэрагъэпэщыжкIэ, экзаменхэр езыхэр щыпсэу щIыпIэм къыщыIахыу зэрыщIыпхъэр. КъищынэмыщIауэ, машинэ щхьэгъубжэхэм упхымыплъу зыщIхэм ирагъэхь жэуапыр ягъэткIииныр яфIэкъабылщ. Илъэсыр зэрыщIидзэрэ, гъуэгу хабзэхэр къызэрызэпаудам теухуауэ сом мелуан 500-м щIигъу къуэдыуэ хуатхащ, къыхахыжар сом мелуан 433-рэ мэхъу (процент 87,6-рэ).
Бэджыдэ Юрэ щхьэхуэу тепсэлъыхьащ нэгъуэщI зы гугъуехьми - ар ягъэхъу Iэщыр гъуэгум къызэрытехьэрщ. «Апхуэдэ гугъуехьым мы зэманым нэхъыбэу дыщрохьэлIэ Шэджэм, Шэрэдж, Бахъсэн щIыналъэхэм. Абы и хэкIыпIэр Iуэхэр къызэгъэпэщынымрэ току зрикIуэ кIапсэхэр гъуэгу Iуфэм щышэщIынымрэщ», - къыхигъэщащ къэпсэлъам.
ТIыгу Индар къыщыпсалъэм къызэщIикъуэжащ 2019 гъэм щыщIэдзауэ министерствэм республикэм и автомобиль гъуэгухэр зэгъэпэщыжынымкIэ хузэфIэкIар. «2019 - 2025 гъэхэм къриубыдэу щIыналъэ, щIыпIэ гъуэгуу километр 1200-м щIигъу зыхуей хуэдгъэзащ, мы илъэсым иджыри километри 153-рэ зэдгъэпэщыжынущ. Километр 400 уэздыгъэкIэ къызэдгъэпэщащ. Апхуэдэуи «Республикэ шынагъуэншэ» АПК-м зегъэужьыным пыдощэ. Накъыгъэ мазэм зэдгъэпэщащ гъуэгум сурэтрэ видеорэ тезых Iэмэпсымэу иджыри 12. Гъуэгум хабзэр щызекIуэн щхьэкIэ, ар къызэпызудам тезыр телъхьэным къыщымынэу, жылагъуэр зэпымыууэ щыгъэгъуэзэн хуейщ ДТП-м и Iэужьыр зыхуэдэм, жэ-уаплыныгъэ зэрахьым. Водителхэр щрагъаджэ школхэм щIэныгъэ зэрыратым хегъэгъэхъуэн хуейщ», - жиIащ абы.
ЗэIущIэм хэтахэм къыхагъэщащ курыт еджапIэхэр яухуа нэужь, абы екIуалIэ гъуэгухэр намыщIысауэ, сабийхэр шынагъуэншэу зэрыкIуэнур къамылъытауэ къызэрыщIэкIми гу зэрылъытапхъэр.
КъБР-м и прокурорым и къуэдзэ Жу- ков Денис жиIащ гъуэгу-транспорт зэжьэхэуэ къэзыгъэхъухэм машинэ къехуэкIын щIэзыдзагъащIэхэр куэду зэрахэтыр. Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, гъуэгуфI хъуахэм псынщIэу къыщажыхьыну хуейхэри зэрымымащIэр. «2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу, машинэ къехуэкIын щIэзыдзагъащIэхэр хэту гъуэгум къыщыхъуа насыпыншагъэ 22-м цIыхуитI хэкIуэдащ, 36-м фэбжь хахащ. Водитель 15-м я дэфтэрхэр Шэшэн Республикэм къыщыдахат. 2026 гъэм и мазитхум машинэ къехуэкIын щIэзыдзагъащIэхэм я зэранкIэ къэхъуа насыпыншагъэу 10-м зы цIыху хэкIуэдащ, 12-м фэбжь хахащ. Абы къыхэкIыу дэфтэрхэр къызэрыдахым теухуауэ хабзэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэныр тэмэму къыдолъытэ», - жиIащ къэпсэлъам.
Жуковыр тепсэлъыхьащ машинэхэр Iэщым щыжьэхэуэр куэд зэрыхъуам - 2025 гъэм къэхъуа насыпыншагъэ 572-м щыщу 80-р аращ зи зэрану щытар. Абы щыгъуэми, прокурорым и къуэдзэм зэрыжиIэмкIэ, а Iуэхур зэзыгъэзахуэ мардэ гуэр хабзэм къызэрыщымыгъэлъэгъуар, Iэщыр зейр къэбгъуэту хэщIыныгъэр ебгъэпшыныным теухуауэ.
КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мысост Екатеринэ и гугъу ищIащ сабийхэм я шынагъуэншагъэмрэ ахэр гъуэгу хабзэхэм щыгъэгъуэзэнымрэ ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм. Апхуэдэ Iуэхухэм нэгъабэ къызэщIрагъэубыдащ щIалэгъуалэ 12600-рэ.
Шэрэдж районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Уянаев Азрэт «Кавказ» федеральнэ автомобиль гъуэгухэр» IуэхущIапIэм лъэIукIэ зыхуигъэзащ Балъкъэр Ипщэм зэрыкIуэ гъуэгум и щIыпIэ щхьэхуэхэм гъущI сэрей щыгъэувыным теухуауэ, бгы щыхупIэм екIуэкI гъуэгум мызэ-мытIэу транспорт зэрехуэхам къыхэкIыу.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КИФЩI-м транспорт Iуэхухэм кIэлъыплъынымкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм КъБР-м автомобиль-гъуэгу кIэлъыплъыныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Вындыжь Замир, «Кавказ федеральнэ автомобиль гъуэгухэм я IэнатIэ» IуэхущIапIэм и къудамэу Налшык щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сэхъу Къаплъэн, УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ, къэхъукъащIэхэмрэ абыхэм я лъэужьыр гъэкIуэдыжынымкIэ и министерствэм и управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ полковник Хьэщхъуэжь Елдар, Май районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Саенкэ Татьянэ, сымэ.
КъБР-м и Парламентым Жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и комитетым и унафэщI Кривко Михаил жиIащ: «Шынагъуэншагъэм ехьэлIауэ Къэрал автоинспекцэм и закъуэкъым жэуаплыныгъэ зыхьыр. Мыхьэнэшхуэ иIэщ щIыналъэ унафэщIхэр, хабзэубзыху IуэхущIапIэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр дызэкъуэувэу Iуэхум делэжьыным. Нэхъыщхьэ дыдэр гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэм ди сабийхэр хуэдгъэсэнырщ».
ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ комитетым и унафэщI Къалмыкъ Марат тепсэлъыхьащ депутатхэм ягъэхьэзыр законопроектхэмрэ ахэр зэрагъэзащIэм зэрыкIэлъыплъымрэ. Я нэIэ зытетыпхъэу депутатым къигъэлъэгъуахэм ящыщщ насыпыншагъэ къыщыхъункIэ хъуну щIыпIэ шынагъуэхэр и чэзум зыхуей хуагъэзэныр, машинэ къезыхуэкIыну хуейхэр егугъуу ирагъэджэныр.
Егоровэ Татьянэ зэIущIэм хэтахэм фIыщIэ яхуищIащ, икIи къыхигъэщащ къаIэта Iуэхум адэкIи зэгъусэу елэжьыныр зэрыфIэкъабылыр.
БАГЪЭТЫР Луизэ.