ПэхуэщIэхэм я къарур

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Новопавловск - Прохладнэ - Мэздэгу автомобиль гъуэгум щхьэпрыкI гъуэгур къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж иджыпсту. Псори зэхэту метр 224-рэ и кIыхьагъщ абы, щIыналъэм дежкIэ социально-экономикэ мыхьэнэ ин иIэщ икIи гъуэгу лэжьакIуэхэм ар къагурыIуэу зыхуагъэувыжа пIалъэм тету я лэжьыгъэм щоужьэрэкI. НобэкIэ гъуэгу Iэтам щIэгъэкъуа сэххэр ягъэбыдэ, бетон зэрыдакIэным хуэдэу, пхъэ зэIулIахэр ягъэув, пкъыгъуэжьхэр къыпкърах.
Лэжьыгъэм щIамыдзэ щIыкIэ гъуэгур теплъаджэу, ущызекIуэну шынагъуэу, и щхьэфэри быркъуэшыркъуэ защIэу щытащ. Иджы, пэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, ар щIэрыщIэу яухуэжынущ, иджырей инженер технологиехэмрэ материалхэмрэ къыщагъэсэбэпынущ. Лэжьыгъэхэр мы гъэм бжьыхьэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ.
Прохладнэ къалэми цIыхухэр куэду щызэхуэс парк Ипщэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжын щIадзащ. Мыбдежми, лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи ахэр хуэунэтIащ къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ иджырей нэгузыужьыпIэ, зыгъэпсэхупIэ къахузэгъэпэщыным.
Паркым и лъэс лъагъуэхэм плиткэщIэ иралъхьэнущ, языныкъуэ щIыпIэхэм асфальтыжьыр щызэрахъуэкIынущ. Апхуэдэуи, ихъуреягъкIэ уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэмрэ екIуэкIыу щагъэувынущ, жыгыщIэхэр щыхасэнущ, щыIэхэр щаухъуэнщIынущ. Лэжьыгъэхэр мы гъэм бжьыхьэм къриубыдэу зэфIагъэкIынущ.
«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Налшык къалэм Цагъуэ Нурий и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №31-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. НобэкIэ, школым и пкъыгъуэжьхэр къыпкърахыж, блынджабэхэр, лъэгухэр захуэ ящI, инженер коммуникацэхэр, бжэхэр, унащхьэр зэрахъуэкI. Лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIынущ гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу. 
Тырныауз къалэм и Iуащхьэмахуэ уэрам нэхъыщхьэм, Отаров Керим и цIэр зезыхьэ лицей №1-м деж къыщыщIэдзауэ «Геолог» спорт комплексым нэсыху, ирикIуэ лъэс лъагъуэр зэIузэпэщ ящI. А щIыпIэм щхьэкIэ къалэдэсхэм урысейпсо зэхьэзэхуэм Iэ щаIэтауэ щытащ, ар япэ игъэщыпхъэу къалъытэу. 
Иджыпсту лъэс лъагъуэм плиткэ иралъхьэ, ар зэрызэфIэкIыу, уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, тетIысхьэпIэхэр щагъэувынущ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи ахэр зэфIагъэкIынущ дызэрыт илъэсым и кIэм ирихьэлIэу.
«Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, Прохладнэ къалэм и Прималкинскэ къуажэм псори зэхэту километри 4-м нэблагъэ зи кIыхьагъ, псы къабзэ зэрыкIуэ, зэрызэбгратыкI и бжьамийхэр къагъэщIэрэщIэж, псы къыщIэшыпIэщIэ щаубру. Лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу, къуажэдэсхэм псы къабзэ зэпымыууэ яIэрыхьэ хъунущ.
Апхуэдэ лэжьыгъэхэр мы гъэм щрагъэкIуэкIынущ Ново-Троицкэ жылэми. Мыбдежым, зыхуей щыхуагъэзэнущ псы къабзэ зэрызэбгратыкI бжьамийхэр. 
Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и Гундэлэн къуажэм Сабийхэм гъуазджэмкIэ я еджапIэщIэ щаухуэ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэмрэ «Щэнхабзэм зегъэужьын» къэрал программэмрэ япкъ иткIэ. 
НобэкIэ ухуакIуэхэм унэ лъабжьэр ягъэтIылъащ, блынджабэхэр дращIеин щIадзащ. Школым хэтынущ еджапIэ, актовэ пэшхэр, макъамэмкIэ студиехэр, нэгъуэщIхэри. 
Сабийхэм гъуазджэмкIэ я еджапIэу Iуащхьэмахуэ районым нобэкIэ щыIэр Тырныауз къалэм дэт школ закъуэрщ, сабийуэ 260-м щIигъу абы щоджэ. 
Май къалэм и курыт еджапIэ №5-м епхауэ лажьэ сабий садри къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ.
Сабий садым метр зэбгъузэнатIэу 1400-рэ еубыд, сабийуэ 180-м хуэщIащ. НобэкIэ, ухуакIуэхэм унащхьэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкI, IуплъапIэр зыхуей хуагъазэ. Абыхэм къадэкIуэу, пэшхэр къращIыкI, Iэхуитлъэхуит ящI, лъэгухэм плиткэ иралъхьэ.
Зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр зэфIэкIмэ, сабий садым унэлъащIэ, обрудованэщIэхэр, техникэхэр щIагъэувэнущ, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщу щытынущ.
Лэжьыгъэхэр мы гъэм бжьыхьэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ.

 

БЭБЭЧ Башир.
Поделиться: