КупщIэшхуэ зыпкърылъ псалъэ

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм мымащIэу яхэтщ ныбжьэгъуфI тхуэхъуахэр, зи гупсысэхэмкIэ, Iуэху еплъыкIэхэмкIэ, мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмкIэ къыддэгуашэхэр. Редакцэм иджыблагъэ къыщIыхьа бзылъхугъэр апхуэдэхэм ящщщ. Ар Нарткъалэ дэт курыт школ №4-м илъэс куэд лъандэрэ щылажьэ, адыгэбзэмрэ литературэмрэ щIэблэм езыгъэдж Шыбзыхъуэ Светланэщ. ЕгъэджакIуэ Iэзэр, гъащIэм и пIалъэ фIыуэ зыщIэ цIыху щыпкъэр къытхутопсэлъыхь щапхъэрэ гъуазэу иIэ и анэ Быф (Къущхьэ) Женэ. 
«Анэ… Сыту мыхьэнэшхуи иIэ, къаруушхуи щIэлъ хьэрфищ фIэкIа мыхъу мы псалъэм. Анэ лъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ ин, хуабэ икIи кIэншэ сыт щыIэ? Зыми ещхькъым анэ лъагъуныгъэр. ЩIыIэкъым лъагъуныгъэ зыгуэрым щIэмыупщIэж, адэ-анэм къабгъэдэкI а гурыщIэ къабзэм фIэкIа. ЦIыху гъащIэми анэм мыхьэнэуэ щиIэр нэсу пхужымыIэну инщ икIи куущ. Сыхуейт нобэ си анэм сытепсэлъыхьыну. Ар, Алыхьым и фIыщIэкIэ, тхуэпсэущ, и узыншагъэр кIуэщIами, къарууншэ тIэкIу хъуами, лъэрытетщ.
Ди анэ Быф Женэ Къущхьэ Темболэт и пхъур 1935 гъэм гъатхэпэм Ашэбей (Малкэ) къыщалъхуащ. Абы и сабиигъуэр хиубыдащ Хэку зауэшхуэм, нэхъ зауэ шынагъуэ дыдэу гъащIэу мелуан 25-м нэс зыхьам, и илъэс гущIэгъуншэхэм. ЕтIуанэ классыр къиуха къудейуэ арат зауэр къыщыхъеям щыгъуэ. Япэ махуэхэм щыщIэдзауэ унагъуэми, къуажэ псоми къатепсыхащ бэлыхьрэ гъугъуехьу кIи гъуни зимыIэжу къыпщыхъур. Быным я нэхъыжь Къасым япэ дыдэ зауэм кIуахэм яхэтащ. Абы и письмо щимэхэр унагъуэм къаIэрыхьащ 1942 гъэм щэкIуэгъуэм и 22 пщIондэ. Абы иужькIэ зэпыуащ. «Ар гъэр зэрыхъуар къыщытщIар», - игу къегъэкIыж ди анэм, - 1944 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-рщ, унагъуэр хэкум драшыным зы сыхьэт фIэкIа имыIэжу». Абы щыгъуэ гъэр хъуа сэлэтыр и Хэкум епцIыжауэ къалъытэрт, и унагъуэм щыщу зыри къамыгъанэу, цIыкIуи ини зэщIакъуэрти дашырт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, ди жылэм щыпсэу куэди я гъусэу, унагъуэр къыщыщIидзащ Казахстаным и Жамбыл областым щыIэ Шу (нэхъапэм Чу) станцым. МащIэ гугъуехьрэ бэлыхьрэ я нэгу щыщIэкIа а хамэ щIыналъэм цIыхухэм…
Зауэ нэужь лъэхъэнэри зыкIи нэхъ тыншу щытакъым. Къущхьэхэ я унагъуэр зэрыбынибл хъурти, зи Хэкум ирамышу къэнахэр ди анэм и шыпхъу нэхъыжьхэу Сэлыхурэ Пагуэрэт. Ахэр абы щыгъуэ унагъуэ ихьакIэт, сабий цIыкIухэри яIэт. А псори зи нэгу щIэкIа унагъуэм 1956 гъэм я насыпыр къекIэрэхъуэкIащ. «ЩхьэкIуэ зышэч щхьэ шхыгъуэ йохуэ» жыхуаIэрати, а илъэсым унафэ къыдэкIащ гъэру яубыдахэм я унагъуэхэм я Хэкум къагъэзэжыну хуиту. ПIалъэ дэмыкIыуи щалъхуа щIыналъэм къагъэзэжащ куэдым. А зэманым ирихьэлIэу ди анэм еянэ классыр Казахстаным къыщиухакIэт.
Зэман куэд дэмыкIыу ди анэр унагъуэ ихьащ. Ар Быфхэ я нысэ хъуащ. Гугъуехьыр тIуащIэу, щащIэу зыгъэва цIыхубз цIыкIум сыт хуэдэ Iуэхуми зрипщытырт, сыт хуэдэ Iуэхуми зыщидзейтэкъым. А псори къызыхуэтыншэрэ псалъэмакъыншэу зэригъэзащIэм папщIэ нысащIэм хуабжьу къыхуэарэзыт и гуащэри.
Ди адэ Быф Мухьэмэдрэ ди анэ Женэрэ быниплI зэдагъуэтащ: хъыджэбзитIрэ щIалитIрэ. Зэакъылэгъуу, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу дызэдапIащ дэ абыхэм. ЩIэныгъэрэ фIыуэ тлъагъу IэщIагъэри дагъэгъуэтащ. Зэдэлъхузэшыпхъухэм къытхэтщ егъэджакIуи, дохутыри, инженер-механики, инженер-ухуакIуи. Адэ-анэм дызэрагъэсам хуэдэу дызэрыпсэуным дэтхэнэри дыхущIокъу, щыуагъэ зэрыдмылэжьыным, нэхъыжьхэм дагъэлъагъуу щыта щапхъэхэм дызэрытетыным иужь диту. Мы зыри дыщIызгъужыну сыхуейт. Ди унагъуэм къытхыхьа нэрыбгэ цIыкIуитIри унагъуэ хъарзынэхэм къахэкIащ. Ди нысэхэм ящыщу зыр егъэджакIуэщ, адрейр дохутырщ.
ИщхьэкIэ къызэрыщыдгъэлъэгъуащи, зэрыбынибл хъурт ди анэм къыдалъхуахэр. Иджыпсту къэнэжар ди анэмрэ и шыпхъу нэхъыщIэ Жылау Аслъыжанрэщ. Аллыхьым долъэIу ахэр иджыри куэдрэ тхуигъэпсэуну.
Куэд щIакъым ди анэр къыщалъхуа махуэр зэрыхуэдгъэлъапIэрэ. Абы и ныбжьыр илъэс 90 ирикъуащ. И бынхэр, абыхэм я унагъуэхэм исхэр, и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ, и къуэрылъху-пхъурылъхухэр, абыхэм къащIэхъуэ щIэблэхэр – псори гуапэу ехъуэхъуащ ди анэ лъапIэм. Хъуэхъуу хужаIар Алыхьым къабыл ищI. УдинэхъыжьыфIу, иджыпсту узэрыщытым нэхърэ нэхъыкIэ умыхъуу, узыншагъэ, гукъыдэж, насып уиIэу Аллыхьым утхуигъэпсэу иджыри куэдрэ, мамэ!»
ГъащIэ дахэ, купщIафIэ, екIу къэзыгъэщIа Быф (Къущхьэ) Женэ Темболэт и пхъум, анэ гумащIэм, анэшхуэ IэфIым, нанэшхуэ гуапэм, адыгэ бзылъхугъэ щыпкъэм, ди гуапэу дэри дохъуэхъу и махуэщIымкIэ. И сабиигъуэм, щIалэгъуэм и нэгу щIэкIа гугъуехьхэмрэ щыщIэныгъэмрэ и гур иримыуду, гъащIэр, цIыхур фIыуэ зылъагъуу, быным, абыхэм къащIэувэ щIэблэм я ущиякIуэрэ чэнджэщэгъу Iущу, унэтIакIуэрэ гъуэгугъэлъагъуэу яIэм дохъуэхъу и узыншагъэрэ и гуащIэрэ мыкIуэщIу, къэзыухъуреихьхэм я насыпым и псэр игъэнэхурэ и гум ехуэбылIэу куэдрэ псэуну. Дэрэжэгъуэрэ гукъыдэжрэ и куэду, гуауэр пэIэщIэу, и дунейр дахэу бэрэ дунейм тетыну. 
«Мамэ» псалъэр иджыри куэдрэ гуапэу зэхэзыхын Алыхьым уищI, Женэ. 

 

КЪАРДЭН Марэ.
Поделиться: