Нащэу тонн 200-м нэблагъэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IэнатIэм гулъытэ хэха щыхуащI зэпытщ ди щIыналъэм и хуабэщхэм къыщагъэкI хадэхэкIхэм я куэдагъым хэгъэхъуэным. ЖыпIэнурамэ, дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъухэмрэ зэхэту бэдрэжану тонн 1780-рэ, нащэу тонн 200-м нэблагъэрэ абыхэм къыщыщIачыжащ. 
Мыдрейуэ, ди республикэм нэгъабэ къыщрахьэлIэжащ хадэхэкIыу тонн мин 36,8-рэ, абы щыщу тонн мин 17,6-р мэкъумэш IуэхущIапIэхэм ейуэ. Зэрыхабзэу, хадэхэкIым и нэхъыбэр бэдрэжанщ. Мыбдежым, абы и процент 90-м щIигъур мэкъумэш IуэхущIапIэхэм къалъос.
 
КИФЩI-м шыяпэщ
2026 гъэм и япэ мазищым Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш продукцэу къыщыщIагъэкIам и куэдагъым проценти 103,8-кIэ хигъэхъуащ икIи Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм ар псом нэхърэ щынэхъыбэщ.
Псалъэм къыдэкIуэу, а пIалъэм къриубыдэу республикэм лырэ джэдкъазылу (псэууэ шэчауэ) къыщалэжьамкIэ КИФЩI-м щыяпэщ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 105,1-кIэ хуокIуэ ар. ГъэшымкIэ ди щIыналъэр КИФЩI-м щыетIуанэщ (проценти 101,6-рэ), джэдыкIэмкIэ ещанэ увыпIэм щытщ (проценти 103,3-рэ) иIэу. 
Апхуэдэ зэфIэкIыфIхэр республикэм къегъэлъагъуэ мэкъумэш IуэхущIапIэхэр зэрыригъэфIакIуэ, мэкъумэш-промышленнэ комплексым зэрызригъэужь зэпытхэмрэ щыIэ къэрал дэIэпыкъуныгъэхэмрэ я фIыгъэкIэ.
 
Мы гъэми кIэрагъэхунукъым
Къэбэрдей-Балъкъэрым мы гъэм къыщагъэкIа мэракIуэIэрысэр ди сату щIапIэхэми нэгъуэщI щIыналъэхэми щащэ. ИджыпстукIэ кърахьэлIэжыр пасэ лIэужьыгъуэхэм щыщхэрщ, ауэ мыгувэу нэхъ кIасэхэми пэрыхьэнущ.
Къыхэдгъэщынщи, ди республикэм мэракIуэ лIэужьыгъуэу щащIэм и процент 56-р мэракIуэIэрысэм еубыд икIи а шхыныгъуэ гуакIуэм щыщу тонн мини 4,21-рэ къыщрахьэлIэжащ нэгъабэ. Мы гъэми абы кIэрамыгъэхуну я мурадщ. 
МэракIуэIэрысэр нэхъыбэу къэзыгъэкIыр унагъуэхэрщ. Республикэм къыщыщIачыжым и процент 50-м нэблагъэр абыхэм ейщ, адрей къэнар – фермер, уней IуэхущIапIэхэм къалъос.
КъищынэмыщIауэ, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм мэракIуэ лIэужьыгъуэу къыщрахьэлIэжым и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым бжьыпэр иIыгъщ икIи псоми зэхэту зэщIакъуэжым и зэхуэдитIым нэблагъэр ди республикэм ейщ. 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: