Бэрбэчым и еджэныгъэхэр![]() Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым илъэс къэс къыщызэрагъэпэщ «Бэрбэчым и еджэныгъэхэр» студент конференцыр екIуэкIащ. Ар хухахащ университетым и япэ ректор Бэрбэч ХьэтIутIэ икIи гуманитар дисциплинэхэмкIэ зэщхьэщыхауэ яухуэ. Конференцыр къызэрагъэпэщ Социально-гуманитар институтым, Урысыбзэмрэ бзэ щIэныгъэмкIэ кафедрэм, Урысыбзэмрэ урыс щэнхабзэмкIэ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центрым, КъБКъУ-м и лэжьыгъэр зэзыгъэуIу центрым.
Иджырей еджэныгъэхэр нэхъапэ щыIахэм къащхьэщыкIырт Тыркуменистаным щыщ, урысыбзэр зимыанэдэлъхубзэ студентхэр зэрыхэтам.
Филологие секцэм хэтхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Урысыбзэмрэ бзэ щIэныгъэмкIэ кафедрэм и доцент, Урысыбзэмрэ урыс щэнхабзэмкIэ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центрым и унафэщI Чайкэ Надеждэ:
- Къыбдамылъхуа бзэм и щхьэхуэныгъэхэр къэпхутэу лэжьыгъэ ебгъэкIуэкIыным, ар щIэныгъэлIхэм я пащхьэ къипхьэным къегъэлъагъуэ студентыр щIэныгъэм ехьэлIауэ балигъыпIэ зэриувар, къару зэриIэр. Филологиер бзэр джын къудейкъым, атIэ жылагъуэм литературэр, тхыдэр, щэнхабзэр зэрызрагъэцIыху Iэмэпсымэщ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэу КъБКъУ-м и япэ ректорым къытхуигъэнахэм нобэ къыпытщэу, зедгъэужьу аращ.
ЗэIущIэм доклад тIощIым нэс утыку къыщрахьащ. Зи гугъу ящIа Iуэхугъуэхэм къызэщIаубыдэрт пасэрей тхыгъэхэмрэ зоонимхэмрэ бзэщIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ зэпкърыхыныр, иджырей стендапым и щхьэхуэныгъэхэр, Айтматов Чингиз и IэдакъэщIэкIхэм я мифологемэхэр, Мандельштам Осип и усыгъэм и метафорикэр джыныр, нэгъуэщIхэри.
Конференцым и кIэухым къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ хуащIащ ныбжьыщIэхэмрэ ахэр зыгъэхьэзырахэмрэ икIи къыхагъэщащ хамэ къэрал студентхэм урысыбзэмрэ литературэмрэ хуащI гулъытэм зэрыхэхъуэр. «Бэрбэчым и еджэныгъэхэр» конференцыр студентхэм сэбэп яхуохъу урысейпсо, дунейпсо щIэныгъэ форумхэм хэтынымкIэ.
Поделиться:
Читать также:
09.08.2026 - 11:18 →
АдыгэщIым и макъыр зэхыдох
09.08.2026 - 09:58 →
Темыркъаным и пшыхьхэр
08.08.2026 - 13:41 →
Жылагъуэ транспортым къыхохъуэ
08.08.2026 - 12:26 →
ЗэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
08.08.2026 - 11:31 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||





