Хабзэ къызыдекIуэкI унагъуэСтарэ Шэрэдж къуажэм щопсэу хабзэр я псалъэ къудей мыхъуу, зи псэукIэр абы тещIыхьа унагъуэ. Алборэхэ Аслъэнбийрэ Оксанэрэ зэрызэдэпсэурэ мы гъэм илъэс 25-рэ ирокъу, икIи абыхэм я унэр сыт щыгъуи хьэщIэхэм яхузэIухащ.
Мы унагъуэм щагъэлъапIэ ди адэжьхэр зытета куэд: нэхъыжьхэм пщIэ яIэныр, нэхъыщIэхэм гулъытэ яхуэщIыныр, псалъэм емыпцIыжыныр. Аслъэнбий «Партнер» IуэхущIапIэм и водителщ, Оксанэ «Урысейм и пощтым» Старэ Шэрэдж щиIэ къудамэм и унафэщIу мэлажьэ. Зэщхьэгъусэхэм къуищ яIэщ: нэхъыжь Амир Краснодар къалэм дэт Кубань къэрал медицинэ университетым ехъулIэныгъэ къигъэлъагъуэу щоджэ, Дамир (курытыр) епщыкIузанэ классыр, нэхъыщIэ Адмир ебланэ классыр къаух.
«Ди щIалэхэм гъэсэныгъэ яхэлъхьэнымкIэ, лъэпкъ хабзэхэм щIэпIыкIынымкIэ зыкъытщIигъэкъуащ си тхьэмадэм. Нобэ абыхэм щапхъэ гуэр ягъэлъагъуэмэ, зи фIыщIэр аращ, - жеIэ Оксанэ. - Лъэпкъым я нэхъыжьу, пщIэ къыхуащIу ар езыр дунейм тетащ. Алборэхэ сыкъызыхыхьа унагъуэр унагъуэшхуэщ, зэрыбыний мэхъу. Пщыпхъуитхурэ пщыкъуитIрэ сиIэщ, си гуащэмрэ тхьэмадэмрэ быныфI ягъэсащ, IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ яIэу, хабзэ яхэлъу. Дызэхыхьэмэ, зым и Iуэхур адрейм деIыгъ, фIыуэ дызэхущытщ, дызэдэIэпыкъужу апхуэдэ лъэпкъщ сызыхэсыр. Адэ-анэр лэжьыгъэм деубыдылIа щыхъум, ди сабийхэмкIэ гугъу зыкъыдригъэхьащ си тхьэмадэм, абыхэм я гъэсэныгъэми зэреджэми и нэIэ тригъэтащ. Нэхъыжь зыщIэс, гуащэ-тхьэмадэ зыщхьэщыт унагъуэм сыт щыгъуи нэмыси хабзи илъынущ. НэхъыжьыфI уиIэныр ар фIыгъуэшхуэу къызолъытэ, икIи си щхьэкIэ фIыщIэ лей яхузощI си гуащэмрэ тхьэмадэмрэ. Абы и лъэныкъуэкIэ щIалэгъуалэм захуэзгъазэу яжесIэнт я нэхъыжьхэм хуэфащэ пщIэрэ гулъытэрэ хуащIын зэрыхуейр зэи зыщамыгъэгъупщэну».
Алборэхэ я цIэр фIыкIэ фIэкIа къуажэм къыщраIуэркъым, щапхъэ зытрах, зэгурыIуэ унагъуэу къызэралъытэм къыхэкIыуи ахэр «Зэныбжьэгъугъэ» Iуэхум мы гъэм хэтащ, я унагъуэм урыс щIалэ цIыкIу щагъэхьэщIащ, ди лъэпкъ хабзэхэм щагъэгъуэзащ.
- Сабийхэр фIыуэ зэрытлъагъум щхьэкIэ асыхьэту а Iуэхум арэзы дытехъуат. Пэжыр жыпIэмэ, дызытегузэвыхьар зыщ - къытхыхьэну щIалэ цIыкIум и хьэл-щэнымрэ нэхъ фIэфIымрэ зэрыдмыщIэрт, - къыхегъэщ Оксанэ. - Урыс щIалэ цIыкIум зыгуэркIэ ди шхыныгъуэ имышхыу къыщIэкIмэ жысIэу сыгупсысэрт. Хуабжьу сыхуейт ар ди унагъуэм хуиту, мыукIытэу къытхэсыну. НэгъуэщI щхьэкIэ сыгузавэртэкъым: дауэ мыхъуми, хьэщIагъэкIэ адыгэр дыфIщ, икIи сыт щыгъуи ди бжэр псоми яхузэIухащ. Нобэрей щIэблэм IэмалыфI яIэщ нэгъуэщI лъэпкъхэм я псэукIэр, я хабзэхэр зрагъэлъэгъуну, зрагъэщIэну. Зэныбжьэгъугъэр хабзэ дахэщ, икIи ар ди зэхуаку дэлъынущ зым адрей пщIэ хуищIыхукIэ. ПщIэрэ нэмысрэ унагъуэм илъмэ, псори къохъулIэнущ, ар унагъуэ зыухуэгъащIэхэм зыщагъэгъупщэ хъунукъым».
Поделиться:
Читать также:
20.07.2026 - 14:47 →
КъызэрыгуэкI ухуэныгъэкъым
20.07.2026 - 12:09 →
ЦӀыхум и тыншыгъуэр къызэзыгъэпэщ
20.07.2026 - 12:07 →
Сыт апхуэдиз уэшх къыщIешхыр?
20.07.2026 - 12:06 →
Хыр ягъэкъэбзэжынут…
20.07.2026 - 12:04 →
НОБЭ
| ||




