Урысейм и махуэр илъэс къэс мэкъуауэгъуэм и 12-м ягъэлъапIэ къэрал махуэшхуэщ. Абы къегъэлъагъуэ иджырей Урысей Федерацэм и тхыдэщIэр, щэнхабзэ щIэиныр, цIыхухэр зэкъуэзыгъэувэ ехъулIэныгъэхэмрэ лъапIэныгъэхэмрэ.
1990 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м РСФСР-м и цIыхубэ депутатхэм я япэ зэхуэсым къищтауэ щытащ къэрал щхьэхуитыныгъэм теухуа декларацэр. А дэфтэрыр Урысейр СССР-м къызэрыхэкIыж лъэбакъуэ хъуащ, РСФСР-м и Конституцэмрэ законхэмрэ ягъэIуащ. Нобэ махуэшхуэр хэкупсагъэмрэ лъэпкъ зэкъуэтыныгъэмрэ я дамыгъэу жыпIэ хъунущ.
- Урысейм и дамыгъэ лъапIэхэм ящыщщ ЛIыгъэм и орденыр. Ар хуагъэфащэ зи гъащIэм емыблэжу лIыхъужьыгъэ зезыхьахэм. А саугъэтым къегъэлъагъуэ цIыхум и хахуагъэмрэ псэзэпылъхьэпIэ ихуам дэIэпыкъуну ар зэрыхьэзырымрэ. Апхуэдэ дамыгъэр зыхуагъэфэща ди лIыхъужь, дзэ Iуэху хэхам и ветеран Базиев Мыхьэмэт махуэшхуэм игу къигъэкI гупсысэхэмкIэ къыддогуашэ:
«Урысейм и махуэр сэркIэ сыщыпсэу къэралым сызэрыригушхуэ махуэшхуэщ. Хэкупсэу ущытыным и мыхьэнэр сызэрыцIыкIу лъандэрэ зыхэсщIэу сыкъэхъуащ. Къызолъытэ къэралым унафэр IэкIуэлъакIуэу зэрызэрихьэм и фIыгъэкIэ, нобэ Урысейр дунейм щынэхъ лъэрызехьэ хъуауэ. Хэкур фIыуэ зэрыплъагъум ухуегъэпабгъэ абы и ехъулIэныгъэхэм хэбгъэхъуэным, уригушхуэным. Хэкупсагъэм дыхуегъасэ ди къэралым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ пщIэ хуэтщIу, абы и хабзэхэр дгъэлъапIэу дыдэгъуэгурыкIуэнми.
2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу гъэувыным щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуауэ къысщохъу дзэ Iуэху хэхам хэтхэр зылI и быну зэрыщызэкъуэувар, Хэкум и щхьэхуитыныгъэр зэгъусэу зэрахъумэр. Иджыпсту дэ ди къалэныр лъэпкъ куэду зэхэт ди къэралым и щIыналъэм щыпсэухэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ дгъэбыдэнырщ.
Сэ сыкъыщалъхуа Урысейм сыщегупсыскIэ япэу сигу къэкIыр абы тхыдэшхуэ къызэрыдекIуэкIырщ, и мэз абрагъуэхэрщ, губгъуэ гъунэншэхэрщ, бгы уардэхэрщ, гуэл куухэрщ. ЖысIэнуращи, ди къэралым и щIыуэпсри укъэзыгъэуIэбжьщ, и дахагъэмкIэ къытекIуэн щымыIэуи къысщохъу. Сыхуейщ си Хэкум и къару илъу дяпэкIи ефIэкIуэну!
И ныбжькIэ щIалэми, зи гур Хэкум хуэкъабзэ, уеблэмэ абы папщIэ лIыгъэ зэрихьэну хунэса Мыхьэмэт Бабугент къыщалъхуащ, Ташлы-Тала къуажэм къыщыхъуащ. Абы и анэр адыгэщ, Дэхъухэ япхъущ. Илъэс 20-м иту 2022 гъэм и мазаем ар дзэ Iуэху хэхам кIуащ. Москва и Iэгъуэблагъэм къулыкъу щызыщIэ щIалэм дзэ Iуэху хэхам зэрыщIидзам и хъыбарыр зэрызэхихыу, щIэлъэIури Донбассым кIуащ. ЗауэлIыр щыIащ Запорожье, Луганск лъэныкъуэхэм. 2023 гъэм мэлыжьыхьым и 23-р щIалэм дежкIэ зэхэгъэкIыпIэт. Ар зи унафэщI гупым и къалэнт къуажэ гуэр щхьэхуит къищIыжыныр. Жылэм щынэсым, топышэр къытрагъэлъалъэу хуежьащ. Арати, и гъусэхэм унафэ яхуищIащ икIуэтыну, езым цIыхуитI щIыгъуу иужь зыкъринащ. Адрейхэр мэз лъапэм шынагъуэншэу зэрынэсар зригъэлъагъури, Мыхьэмэт и гъуситIри иутIыпщащ, езым ахэр ихъумэныр пщэрылъ зыщищIыжри. ИтIанэщ иужь дыдэу езыр къикIуэтын щыщIидзар, арщхьэкIэ лагъымым теувэри къэуащ. ЩIалэм игъуэта фэбжьым и лъакъуэ ижьыр текIуэдащ. Абы щыгъуэм сымаджэщым кIуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек икIи фIыщIэ хуищIащ и лIыгъэр къыхигъэщу.
Дзэ Iуэху хэхам къыхэкIыжа нэужь, Мыхьэмэт и лъэр щIэхуакъым, Къэбэрдей-Балъкъэр Гуманитар-техникэ колледжым и юридическэ факультетым щIэтIысхьащ, мы гъэм ар къиухащи, щIэныгъэ нэхъыщхьи зригъэгъуэтыну и мурадщ. Апхуэдэуи лIыхъужьыр мы зэманым военкоматым щолажьэ. Ар спортым дехьэх, бгым кIуэну фIэфI дыдэщ. 2023 гъэ лъандэрэ, КъБР-м «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондыр къыдэIэпыкъуауэ, шабзэ уэным зыхуегъасэ. ЛIыхъужьым зэфIэкI хъарзынэхэри къыщигъэлъэгъуэну хунэсащ щIыналъэ зэпеуэхэм, адэкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэхэми хэтыну и мурадщ. «Дзэ Iуэху хэхам щызгъуэта фэбжьыр зэран къысхуэхъуркъым, си зэфIэкIри абы игъэмащIэркъым. Сэ хьэкъыу сщIэрт Хэкум и хъумакIуэм и IэщIагъэм цIыху хьэлыр зэрипсыхьыр. Абы псори тыхь хуэпщIыну ухуэмыхьэзырмэ, абдеж занщIэу ухагъэщIауэ убж хъунущ. А гупсысэр иджы спортми щызигъусэщ», - жеIэ абы.
Шэч хэмылъу, Хэкумрэ и унагъуэмрэ хуиIэ лъагъуныгъэрщ мы щIалэр лIыхъужь зыщIар. Нобэ абы и гуащIэ ирехьэлIэ езым и ужь ит щIэблэм я гъэсэныгъэмрэ хэкупсэу ар къэгъэхъунымрэ. Курыт школхэм макIуэ, ныбжьыщIэхэм йопсалъэ. Абы къелъытэ Хэкур зищIысымрэ абы и мыхьэнэмрэ щысабийм щегъэжьауэ къагурыгъэIуэн хуейуэ. «Хэкур фIыуэ плъагъуныр адэ-анэм яхуиIэ лъагъуныгъэмкIэ къыщIидзэу къызолъытэ. Уи Хэкур пхъумэным къикIыр ар уи адэ-анэр, уи унагъуэр, уи дежкIэ лъапIэ цIыхухэм уакъыщхьэщыжыну ухьэзырынырщ. Дзэ Iуэху хэхам сыщыкIуэм сызэгупсысыр къыспэплъэ си Iыхьлыхэр згъэпэжу сакъызэрыхуэкIуэжынырт. Си гугъэмкIэ, аращ псэууэ сыкъыщIэнар, - къыхегъэщ щIалэм. - Хуабжьу сыхуейт си адэ-анэр сэркIэ гушхуэну, си къуэш нэхъыщIэхэм щапхъэ сахуэхъуну. Си адэм: «Афэрым!» къызэрызжиIэнум сегупсысырти, абыи къару къысхилъхьэрт. Пэжыр жысIэнщи, си адэ-анэр ткIийщ, ауэ захуэщ, пэжым и телъхьэщ. Абы къыхэкIыуи си дежкIэ Хэкур, си унагъуэр, си Iыхьлыхэр схъумэныр щIыхь зыпылът».
ЛIыгъэм и орденым къищынэмыщIа, мы щIалэм и бгъэгум хэлъщ «Дзэ Iуэху хэхам зэрыхэтам папщIэ», «Зауэм зэрыхэтам папщIэ» медалхэри.