«Адыгэ псалъэ» газетым, абы и къыдэкIыгъуэ нэхъ щIэщыгъуэхэм, журналистхэм я хъэтIым, адыгэ газетыр лъэпкъым папщIэ щыIэн зэрыхуейм теухуауэ Къулъкъужын Ипщэм щыщ нэхъыжьыфI Хъуран Мухьэмэд и гупсысэхэр щхьэпэщ:
Адыгэ цIыхухэм - адыгэ газетыр
- Адыгэм дежкIэ нэхъыщхьэ дыдэр дуней тетыкIэ екIу зиIэ лъэпкъ дахэм зэрыщыщыр гукIи псэкIи зыхищIэнырщ. Адыгэбзэр Iэпкълъэпкъым хэтщ, гупсысэм и къигъэхъуапIэщ. «Адыгэ псалъэ» газетыр адыгэбзэм и зы пщалъэщ, бзэр щыIэнымкIэ Iэмалхэм ящыщщ. Газетым уеджа нэужь, гупсысэ куэд уи щхьэм щызокIуэ. Абы къытехуэмрэ уэ езым уи еплъыкIэмрэ щызэтехуэкIэ, сыту гуапэ! Адыгэ газетыр зэрысщIэжрэ тызодзэ. И пэм щыщIызодзэри напэкIуэцI псоми соплъ, япэу сызэджэнухэр соубзыху. Си гум нэхъ дыхьэ тхыгъэхэмкIэ къыщIэздзэу щIэзджыкIа нэужь, къыкIэлъыкIуэну къыдэкIыгъуэхэми сапоплъэ. Сыту жыпIэмэ гугъэ сэзыгъэщI, сызыгъэгуфIэ тхыгъэхэр къытохуэ.
«Адыгэ псалъэр» къыщIыхэсхыр
- ЦIыхухэм я еплъыкIэр зэхуэдэкъым. Хэт спортым теухуа тхыгъэхэр нэхъ фIэщIэщыгъуэщ, хэт егъэджэныгъэм е щэнхабзэм нэхъ зыщагъэгъуазэ, хэт хъыбархэр фIэфIщ, хэти медицинэ Iуэхум теухуахэм нэхъ къытоувыIэ.
ХъыбарыфI къизджыкIыну, цIыхухэм я зэхущытыкIэ дахэ щыслъагъуну, цIыхугъэмрэ адыгагъэмрэ щыхьэт техъуэ хъыбархэм зыщызгъэгъуэзэну, нэхъыжьыфIхэм ятеухуа тхыгъэхэм сригушхуэну сфIэфIщ. Аращ «Адыгэ псалъэ» гаезетыр къыщIыхэсхыр. СыщогуфIыкI газетым щылажьэхэм адыгэбзэ къабзэ зэраIурылъым. Тхыгъэхэм сыкъеджа нэужь, Iэмал имыIэу соплъ ар зытхам. Абы къытехуэ цIэ-унэцIэхэр си нэIуасэщ. Илъэс куэд хъуауэ тхэхэми, нэхъ щIалэIуэхэми яIурылъщ бзэ дахэ. Анэдэлъхубзэр щIэблэм егъэщIэным теухуауэ адыгэ газетым мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ жэуап яхь ар къыдэзыгъэкIхэми. Мыри къыхэзгъэщыну си гуапэт: дуней псом адыгэхэр фIыкIэ къызэрыщацIыхум нэхъри щыгъуазэ уещIыфI газетым. Сэ апхуэдэ хъыбарыфIхэм сыкъеджэху, лъэпкъым нэхъри фIы къехъулIэну сыхуохъуахъуэ!
Япэу сызэджэхэр
- Сыдихьэхыу сыкъоджэ дохутыр IэщIагъэм теухуауэ газетым къытрадзэхэм, медицинэм ехъулIэныгъэхэр къыщагъэлъагъуэу, лэжьыгъэфIхэр зэфIагъэкIыу, щIэныгъэм къэхутэныгъэ гуэрхэр щрагъэкIуэкIыу, цIыхухэр зыгъэгуауэщхьэуэ узыфэхэр ягъэхъужу хъыбар къыщыхьа тхыгъэхэм. Спортым теухуа хъыбархэри дэзгъэхуркъым. НыбжьыщIэхэр спортым драгъэхьэхри, дуней псом ехъулIэныгъэхэр яIэу зыкъыщагъэлъагъуэ. АтIэ гухэхъуэкъэ ди сабийхэр сыт хуэдэ щIыналъэми зэфIэкI яIэу къыщацIыхуныр!
Тхыгъэхэм я псалъащхьэхэр
- «Адыгэ псалъэ» газетым сыкъыщеджэкIэ, япэу мыхьэнэ зэстыр тхыгъэхэм я псалъащхьэхэрщ. Тхыгъэм фIащам укъыдихьэха нэужь, Iэмал имыIэу абы итым укъеджэнущ. «Мыпхуэдэ фIэщIыгъэ гъэщIэгъуэн зиIэр сыту пIэрэ зытеухуар?» жыбоIэри, зомыгъэтIылъэкIыу, асыхьэту укъоджэ. ФIэщыгъэмрэ тхыгъэмрэ уарэзыуэ зэхуэбгъэкIуа нэужь, унэм щIэс нэхъыщIэхэри зыбгъэдыбошэри, газетым къибджыкIа гупсысэ бзыгъэхэм ящыщхэмкIэ уадогуашэ. АтIэ ар газетым и дежкIи пщIэщ – лъэпкъым и нэхъыжьхэмрэ и щIэблэмрэ я зэхуаку гупсысэ узыншэ зэрыдилъхьэр. Тхыгъэхэм я купщIэ къабзэм, узыIэпызышэ псалъащхьэм, лъэпкъым и дуней тетыкIэм теухуа тхыдэ гупсысэм, ныбжьыщIэхэр зыхэт хъыбархэм щIалэгъуалэр нэхъ къыдахьэхыну къысщохъу.
ИтIани…
- ИтIани, зы мащIэкIэ мыри сигу къоуэ: адыгэ псэукIэм, къуажэ гъащIэм, пасэрейм хэлъа Iущыгъэхэм хэзыщIыкI куэд диIэщ республикэм. Апхуэдэхэр нэхъыбэрэ евгъэблагъэурэ, я гупсысэхэмрэ IуэхущIафэхэмрэ теухуауэ фадэуэршэру жаIам дэри дыщывгъэгъуэзэжамэ фIы хъунут. Мис апхуэдэхэр нэхъ къыдомэщIэкI щIэджыкIакIуэхэм.
ЩIалэгъуалэм ящыщу адыгэ газетым еджэр зэрымащIэри ди жагъуэщ. Си фIэщ мэхъу – телефоныр куэдыIуэрэ зыIыгъ щIалэгъуалэм газетыр къыпхуегъэщтэжынущ. Журналистхэм абы теухуауэ къалэнышхуэ фи пщэ къыдохуэри, екIуу фыпэлъэщыну сыфхуохъуахъуэ. Тегушхуауэ фылажьэ. Дэри фи тхыгъэхэм дапоплъэ, доджэ, дызэджам дытопсэлъыхьыж.