Мы гъэм илъэс 50 мэхъу Медицинэ лэжьакIуэм и махуэр ди къэралым зэрыщаубзыхурэ. Мэкъуауэгъуэ мазэм и ещанэ тхьэмахуэ махуэм трагъэхуа а махуэщIым тещIыхьа унафэр а илъэсым къыдэкIауэ щытащ, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэщIым и Iэ щIэлъу, атIэми ар жылагъуэм Iэтауэ щагъэлъэпIэн щыщIадзар нэхъ иужьыIуэкIэщ. IэщIагъэм епха махуэщIхэм я нэхъ лъапIэхэм, мыхьэнэшхуэ зиIэхэм халъытэ Медицинэ лэжьакIуэм и махуэр, сыту жыпIэмэ дохутырхэм, медсестрахэм, фельдшерхэм, лаборантхэм, фармацевтхэм, провизорхэм, санитархэм, «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и шофёрхэм – зи лэжьыгъэкIэ цIыхум и узыншагъэр хъумэным епха IэщIагъэлI псоми – я Iуэху зехьэкIэм, бгъэдыхьэкIэм куэдкIэ елъытащ ди узыншагъэр, уеблэмэ ди гъащIэр. ИпэжыпIэкIэ, медицинэ лэжьакIуэхэм ящыщ дэтхэнэри махуэ къэс лIыгъэ щIапIэм ит хуэдэщ, абыхэм зэфIах Iуэхум апхуэдизу жэуаплыныгъэ лъагэ пылъщи. Аращ хъэлат хужь зыщыгъ а цIыху псэ къабзэхэм жылагъуэм пщIэ хэхарэ гулъытэ лейрэ щIыщагъуэтыр.
Зыпэрыт IэнатIэр псэ хьэлэлу, жэуаплыныгъэ ткIийр зыхищIэу илъэс 50-м нэсауэ пэрытщ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун къуажэм щыпсэу Понэж (Хьэмыкъуэ) Нюрэ. Зэрысабийрэ зыщIэхъуэпса медицинэ IэщIагъэр гъащIэ гъусэ зыхуэхъуа Нюрэ щолажьэ Нарткалъэ дэт Аруан щIыналъэ сымаджэщым. А цIыху гумызагъэм къыхуэарэзыщ сымаджэщым и унафэщIхэри, къыдэлажьэхэри, сымаджэхэри. Ар ящыщщ, зи IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ зэрыбгъэдэлъым къыдэкIуэу, цIыхугъэшхуэ зыхэлъ зыхэлъщ, гумащIагъэрэ набдзэгубдзаплъагъэкIэ, гущIэгъурэ гуапагъэкIэ Алыхьыр зыхуэупса цIыхущ. Апхуэдэ хьэл-щэнхэр и лъабжьэщ Понэжым лэжьыгъэ IэнатIэми жылагъуэми къыхуащI пщIэ лъагэмрэ нэмысымрэ.
Прохладнэ щIыналъэм хиубыдэ Къэрэгъэш жылэм къыщалъхуащ Нюрэ. Ар къызыхэхъукIар лэжьыгъэмрэ щIэныгъэмрэ пщIэ щыхуащI адыгэ унагъуэ дахэщ. Зэщхьэгъусэхэу Хьэтаурэ Аслъужанрэ я бынитхум я нэхъыщIэщ Нюрэ. Адрей и анэкъилъху нэхъыжьхэми хуэдэу, зэрыпсэун щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ абыи ирагъэгъуэтащ адэ-анэм. Къуажэм дэт курыт школыр 1977 гъэм ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха пщащэм мурад ищIат медицинэм хуеджэну. А гуращэр и гъуэгугъэлъагъуэу, школым щыщIэса илъэсхэм абы гулъытэшхуэ хуищIырт химие, биологие предметхэм.
И мурад дахэр зригъэхъулIащ Нюрэ: зэрыщIэтIысхьэ къэпщытэныгъэхэм фIы дыдэу пэлъэщри, Нюрэ а илъэс дыдэм щIэтIысхьащ Налшык дэт медицинэ училищэм медсестрахэр щагъэхьэзыру иIэ къудамэм. Зэрихабзэу, а еджапIэми жыджэру, студент пэрытхэм халъытэу щIэсащ Нюрэ. Iэпэдэгъэлэл имыщIу ар хущIэкъуащ къыхиха IэщIагъэм хэлъ щхьэхуэныгъэ псоми щыгъуазэ зыхуищIыным, медсестра нэс къыхэкIыным. Апхуэдэуи хъуащ. 1979 гъэм Нюрэ зригъэгъуэтащ зыщIэхъуэпса медсестра IэщIагъэр икIи лэжьэн щыщIидзащ Нарткъалэ дэт район сымаджэщым.
ЩIэныгъэфI зэзыгъэгъуэта, сымаджэхэм гууз-лыуз яхузиIэ лэжьакIуэфI зэман кIэщIым къриубыдэу къищIыкIащ Нюрэ. Медсестра Iэзэр, цIыху жаныр, Iэпэ щабэр, бзэ IэфIыр я гум дыхьэрт хущхъуэ зрихьэлIэ сымаджэхэм. Нюрэ и гу щабагъымрэ и псэ хуабагъымрэ зылъысхэм ящыщ куэдым жаIэрт я узыншагъэр нэхъ щIэхыу зэрызэтеувэжым гуапэу къахущыт а медсестра цIыкIум и фIыгъэ куэд зэрыхэлъыр. А псалъэ гуапэхэм Нюрэ и лъэри нэхъри щIагъэкIырт, зыпэрыт лэжьыгъэм пылъ гугъуехьхэр зыхимыщIэу.
Аруан сымаджэщым и къудамэ зыбжанэм апхуэдэу хьэлэлу щылэжьащ Понэжыр. Ар медсестрауэ щыIащ операцэхэр щащI IэнатIэми, уIэгъэр щапхэми, мастэхэр щыхалъхьэ, процедурэхэр щрагъэкIуэкI пэшми, а медицинэ унэтIыныгъэхэм ящыщ дэтхэнэмкIи бгъэдэлъ и щIэныгъэми хигъахъуэ зэпыту. Ар медсестра нэхъыжьу илъэс куэдкIэ щыIащ Аруан сымаджэщым узыфэ зэрыцIалэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ и къудамэм. Лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI Понэжыр 1998 гъэм ягъэувауэ щытащ сымаджэщым и медсестра нэхъыщхьэу. А къулыкъум пыщIа къалэн псори, зэрихабзэу, къызыхуэтыншэу икIи и чэзум зэфIихыу лэжьащ Понэжыр. Мы зэманым Нюрэ и нэIэм щIэтщ Аруан сымаджэщым къекIуалIэ хущхъуэ псори тэрэзу зегъэкIуэныр, ар къудамэхэм ятегуэшэныр, сымаджэхэр зыхуей- зыхуэныкъуэ хущхъуэхэр къахузэгъэпэщыныр. ХущхъуэхэкIхэмкIэ IуэхущIапIэм и медсестра нэхъыжьу щыту, ар ядолажьэ сымаджэщым и къудамэхэм я медсестра нэхъыжь псоми, абыхэм я лэжьыгъэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэща хъунми кIэлъоплъ.
Медсестра Iэзэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэм дапщэщи зэрыжиIэмкIэ, медицинэ лэжьакIуэхэм я дежкIэ нэхъыщхьэр сымаджэхэм зэралъэкIкIэ сэбэп зэрахуэхъунырщ, ахэр гъэхъужынырщ, узыр зэрыдагъэпсынщIэнырщ.
- Уи IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ куу убгъэдэлъыныр ар, дауи, нэхъыщхьэщ медицинэ лэжьакIуэхэм я дежкIэ, арщхьэкIэ, сэ къызэрыслъытэмкIэ, абы ипэ йоувэ цIыхур фIыуэ плъагъун зэрыхуейр, сымаджэм бэшэчу, тэмакъкIыхьу ухущытыныр, набдзэгубдзаплъэу, зэхэщIыкI уиIэу убгъэдэтыныр, - куэдрэ жеIэ абы. - Апхуэдэу ди IэнатIэр етхьэкIыным дапщэщи дыхущIокъу.
Ар къызэхъулIэр гу зэIухарэ псэ къабзэкIэ зи IэнатIэр езыхьэкIхэращ. Апхуэдэщ Понэжыр. Медицинэ IэнатIэм зэрыщылажьэ зэман кIыхьым къриубыдэу зэи къэхъуакъым ар и щIалэгъуэм къыхихауэ щыта IэщIагъэм щыхущIегъуэжа, ар щыIэщIэужэгъуа, гуемыIуу щытепсэлъыхьа. Хэбгъэзыхьмэ, сымаджэхэм нэхъ яхуэнабдзэгубдзаплъэ, тэмакъкIыхь, щабэ яхуохъу, и пщэрылъ къалэнхэм хуиIэ жэуаплыныгъэми хэхъуэ зэпытщ.
Къыдэлажьэхэм щапхъэ яхуэхъуу и IэнатIэр зэрырихьэкIым, щIыхь къызэрыхуащIым хуэдэу, зыдэс жылэми хьэблэми пщIэрэ нэмысрэ щегъуэт а бзылъхугъэ щыпкъэм. ЩыIэу къыщIэкIынкъым и унагъуэм исхэм е я Iыхьлыхэм я узыншагъэ щхьэкIэ щытыкIэ гугъу имыхуа, мыгузэва цIыху. Апхуэдэхэм деж уи гур занщIэу здэжэр дохутырхэм я дежщи, Нюрэ «дэIэпыкъуэгъу псынщIи», чэнджэщэгъуфIи, щIэгъэкъуэни яхуохъу гъунэгъухэми благъэхэми. Узыр зэIэ цIыхум лъэкI псомкIи сэбэп хуэхъуну хьэзыр цIыхущ ар, пIейтеигъэ, псынщIагъэ ямылей хэмылъу, IэкIуэлъакIуэу щыту, абы хузэфIокI зыкъыхуэзыгъазэхэм я гур фIы ищIын, псалъэ дахэхэр, IэфIхэр яжриIэн, чэнджэщ щхьэпэхэр яритын.
И лэжьыгъэ хьэлэлым къыпэкIуэу Понэж Нюрэ мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ Аруан район сымаджэщым и администрацэм, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къабгъэдэкI щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр. Абы къыфIащащ «КъБР-м и медицинэ IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэри. Апхуэдэ къэрал, жылагъуэ гулъытэхэр Нюрэ къихьащ бгъэдэлъ зэфIэкI лъагэмрэ и лэжьыгъэм хуиIэ жэуаплыныгъэ инымкIэ.
Бзылъхугъэ гуащIафIэм унагъуэ дахи иIэщ. Абырэ и щхьэгъусэ Рэмэзанрэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, пщIэрэ нэмысрэ я зэхуаку дэлъу, куэдым щапхъэ яхуэхъуу зэдопсэу. Рэмэзан Къэхъун щыIа хозяйствэм илъэс куэдкIэ щылэжьащ, ухуакIуэ бригадэм хэту. Зэщхьэгъусэхэм къащIэхъуащ хъыджэбзрэ щIалэрэ: Лианэрэ Надиррэ. Абыхэм щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ ирагъэгъуэтащ, унагъуэуи ягъэтIысыжащ. И анэм и Iуэху зехьэкIэм кIэлъыплъа Лианэ абы и лъэужьым ирикIуащ: ар щытхъу зиIэ медсестрауэ щолажьэ Аруан сымаджэщым. Надир Москва экономикэмрэ правэмкIэ институтым экономикэ IэщIагъэм щыхуеджащ. Бын пэлъытэ яхуэхъуащ унагъуэм я нысащIэ цIыкIу, бзылъхугъэ щIыкIафIэ Рити. Нэхъыжьхэр ягъэгуфIэ я бынхэм, абыхэм къащIэхъуэ щIэблэ дахэм зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэм.
Медицинэ лэжьакIуэм и махуэшхуэмкIэ ди гуапэу дохъуэхъу Понэж Нюри а IэнатIэ мытыншым пэрыт IэщIагъэлI псоми. Я мурадхэр къайхъулIэу, унагъуэ насып щымыщIэу, узыншэу куэдрэ псэуну, лэжьэну дахуоупсэ.